Щэнхабзэ

Зи псалъэ къытхуэзыгъэна

Адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къэжэр Пётр къызэралъхурэ щэкIуэгъуэм и 7-м илъэс 90 ирикъуащ.

Гулъытэ зыхуэфащэхэр

Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэ ЩэнхабзэмкIэ фондым зэIущIэ гуапэ щызэхэтащ. Зыхуагъэфэщахэм абы щра­тыжащ Арткомитетым игъэува орденыр - «Урысейм лэжьыгъэмкIэ щытхъу щызиIэхэр». 

ХузэфIэкIар мащIэкъым

Адыгэ уэрэдус, джэгуакIуэ, ХьэхъупащIэ Амырхъан и фIыгъэ куэд хэлъщ ди лъэпкъ IуэрыIуатэм и фIыпIэ уэрэдыжьхэр, хъыбарыжьхэр цIыхубэм я деж екIуу нэхьэса зэрыхъуам. Абы теухуащ Абазэ Албэч и тхыгъэр.

Къебгъажьэр хабзэщ

Адыгэ щэнхабзэм хуэлажьэ, ар зыхъумэ, нэхъри езыгъэфIакIуэ цIыхум фIыщIи щытхъуи хуэфащэщ. Ди гуапэ зэрыхъунщи, иджырей хьэгъуэлIыгъуэхэмрэ махуэшхуэхэмрэ адыгэ хабзэм тету дэзых джэгуакIуэхэр ди куэдщ иджыпсту. Ауэ япэ дыдэу къежьа гупхэм ящыщщ Къуныжь Маринэ зи унафэщI «ДжэгуакIуэ» IуэхущIапIэр.

Лъабжьэр къыщежьэр

 

 

   Ди хабзэм и фащэ нэхъыфI, нэхъапэ дыдэхэм ящыщщ адыгагъэмрэ адыгэ нэмысымрэ Iыгъыныр, гъэзэщIэныр. Абы къызэщIеубыдэ цIыхум и щIыхьыр зэримыгъэпудыныр, и щхьэ хуищIыж пщIэр, захуагъэр, пэжыгъэр, укIытэр, щытыкIэр, гулъытэр, нэхъыжьыр гъэлъэпIэныр, бзылъхугъэр лъытэныр, сабийм хуэсакъыныр, нэгъуэщIыр уи щхьэм пэщIыныр, н.къ.

Театрыр щIыщыIэр цIыхурщ

Театр утыкур гъащIэм и гъуджэу къызолъытэ сэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы екIурэ ещхьу къыщыпхуэгъэлъэгъуэнущ гъащIэм и зэхэлъыкIэр, цIыхухэм я зэхэтыкIэр, дунейм и къекIуэкIыкIэр. А псоми цIыхухэм дерс къыхахыу, я ныкъусаныгъэхэр зыдалъагъужрэ зыханэу щытамэ, хъарзынэ хъунут. Апхуэдэу гъуазэ хъу комедие куэд утыку кърихьащ мы тхыгъэр зытеухуа актер цIэрыIуэм.

Дызыгъэлъэщыр дызэрызэкъуэтырщ

«В единстве наша сила» зыфIаща ­хэгъэгу фестивалым хыхьэ зы Iуэху дахэт Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм цIыхушхуэ щы­зэхуэ­зышэсар. Ди республикэми нэгъуэщI щIы­налъэ куэдми я лIыкIуэхэр, щэнха­бзэ IуэхущIапIэхэр, курыт еджапIэхэмрэ вузхэм­-рэ зыхэта зэIущIэ дахэр къызэ­рагъэпэщащ Урысейм ис лъэпкъхэм я ассамблеем и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм, Лъэпкъ IуэхухэмкIэ Урысей федеральнэ агентствэм, КъБР-м Щэн­хабзэмкIэ и фонд Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм. Ар зи жэрдэмхэм зы­щIагъэкъуащ КъБР-м Лъэпкъ Iуэху­хэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и ми­нистерст­вэмрэ Налшык къалэ адми­нистрацэмрэ.

Дахагъэмрэ узыншагъэмрэ

Дахэу щытыну хуэмей цIыхубз щыIэу къыщIэкIынкъым. Ауэ ар псоми къазэремыхъулIэр уэрамым узэрыдыхьэу плъагъунщ. Е и зыхуэпэкIэкIэ, е и зекIуэкIэкIэ, е и сэхусэплъ зэхэлъыкIэкIэ дагъуэ зыхуумыщIын ущрихьэлIэр закъуэтIакъуэххэщ.
Дахагъэр Алыхь Iуэхущ, ар зритам и насыпщ. Ауэ нэхъыщхьэр аракъым, ар куэд и уасэкъым, гуакIуагъэр щIымыгъумэ. Дапщэрэ урихьэлIэрэ и IэпкълъэпкъкIи хэбдзын хэмылъу цIыхур дахэу, ауэ удимыхьэхыу, узыIэпимышэу. Апхуэдэхэм яхущыщIэр гуакIуагъэрщ.

Цыджанхэм я тхыдэр

Урысейм дызэрыт зэманым цыджан 200 000 щыпсэууэ къалъытэ, ауэ а бжыгъэр фIыуэ хуэгъэфэщащ, сыту жыпIэмэ, цыджанхэр къыхэтхыкIыныгъэхэм  щыхэмытыр нэхъыбэщ.  Абы ищIыIужкIэ,  шынэурэ нэгъуэщI лъэпкъыу зезыгъэтхахэр гъунэжщ.

Къафэм къыхуигъэщIат

Къафэр лъэпкъыбзэщ, гурыщIэ къэзыIуатэщ, хабзэхэр зэманым къыпхызыхщ.

Къэбгъэлъагъуэмэ, адыгэхэм (шэрджэсхэм) я къафэхэм я тхыдэр жыжьэ къыщожьэ. «Щыблэ удж», «Тхьэшхуэ удж» фIэщыгъэхэм тепщIыхьмэ, нэхъ пасэм къафэм и хабзэхэр диным, унагъуэ, жылагъуэ, лъэпкъ, цIыхубэ махуэшхуэхэм ехьэлIауэ ягъэпсу щытащ. Къафэм жылагъуэ гъащIэм къалэн пыухыкIа щиIэт: цIыхум и Iэпкълъэпкъым зригъэшэщIырт, и IэкIуэлъакIуагъэмрэ бэшэчагъымрэ къигъэлъагъуэрт. Ауэ абыхэми я мызакъуэу, нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэр лъэпкъым и хьэл-щэнри гъащIэм хуиIэ щытыкIэри абы къызэригъэнаIуэфырт.

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ