|
|
Щэнхабзэ
11 марта, 2026 - 09:26
Кыщпэк къуажэм и школым, КъБР-м и япэ президент КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэм и тхыдэ-лъахэхутэ музейм, тхыдэ хьэпшып куэд щахъумэ.
2012 гъэм къызэIуаха музейм и унафэщIыр библиотекэм и лэжьакIуэ, егъэджакIуэ Гуэщокъуэ Таещ. Гъэсэныгъэ мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэр къуажэм, школым, республикэм, хэкум я тхыдэр джынымкIи щхьэпэщ. Абы щахъумэ хьэпшыпхэм къахохъуэ егъэджакIуэхэм, ныбжьыщIэхэм, къуажэдэсхэм я фIыгъэкIэ.
Курыт еджапIэм и унафэщI Балъкъэр Дадусэ зэрыжиIэмкIэ, музейр еджакIуэхэм я хэкупсэ зыужьыныгъэм толажьэ.
10 марта, 2026 - 13:06
КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фондым щекIуэкIащ «Разговор сквозь время» зэхыхьэр, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, кинорежиссёр цIэрыIуэ Вэрокъуэ Владимир (1936-2022) къызэралъхурэ илъэс 90 зэрырикъум траухуар.
6 марта, 2026 - 13:06
Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэ творческэ гупышхуэ хэтащ Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсыр Белгород областым къыщыщызэIуаха зэхыхьэм.
Белгород областым и щыхьэр Белгород къалэм махуэшхуэр концерт гукъинэжкIэ къыщызэIуахащ. Абы хэтащ езы щIыналъэми и артистхэр. ХьэщIэ лъапIэхэм ящыщт Къэбэрдей-Балъкъэрым икIахэу Кавказ Ищхъэрэм и щэнхабзэ курыххэр зыгъэлъэгъуахэр. Концертыр ягъэдэхащ республикэр зэрыгушхуэ, дуней псом къыщацIыхуа «Кабардинка», «Балкария» къэрал къэфакIуэ ансамблхэмрэ уэрэджыIакIуэ нэхъыфIхэмрэ.
2 марта, 2026 - 10:09
Лъэпкъ балладэм иIэ щхьэхуэныгъэхэм теухуауэ щIэныгъэ тхыгъэ гъэщIэгъуэн иIэщ филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Къэжэр Иннэ. Абдеж абы щызэпкърех ди адыгэ тхакIуэхэм я балладэхэр. Апхуэдэу Къэжэрыр зытетхыхьахэм ящыщщ Къэжэр Хьэмид и IэдакъэщIэкIхэри.
28 февраля, 2026 - 09:00
Юридическэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, АМАН-м и егъэджэныгъэ программэхэм яз зыгъэзэщIахэм ящыщ, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къыбгъэдэкIыу сенатору щыIэ Къанокъуэ Арсен и дэIэпыкъуэгъуу лажьэ ГъукIэпщ Iэсхьэд къызэригъэпэщащ и адэшхуэ, КъБР-ми КъШР-ми я цIыхубэ артист, уэрэджыIакIуэ, егъэджакIуэ Мэремыкъуэ Хъусен и щIэинхэм я фонд.
27 февраля, 2026 - 09:26
Хъыбарыжьхэр (абыхэм тхыдэжькIи еджэу урохьэлIэ) IуэрыIуатэм и зы жанру зэрыщытым шэч хэлъкъым; лIэщIыгъуэ Iэджэм къыкIуэцIрыкIащ абыхэм я нэхъыбапIэр, ди лъэпкъымрэ ди лъахэмрэ я нэгу щIэкIа бэнэныгъэм, гугъуехьхэм, псэзэпылъхьэпIэ дакъикъэхэм я тхыдэ пэлъытэу. УапкърыплъыхьыIуэмэ, дэтхэнэ хъыбарыжьми къыхэбгъуэтэнущ зэгуэр дунейм тета цIыху гуэрым и лъэужь. Пэжщ, зэман кIыхьым а хъыбарым таурыхъ теплъэ щритри мащIэкъым, итIани абы и купщIэр къызэтонэ, иужькIэ сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэ халъхьэми. Аращ адыгэ хъыбарыжьхэм я нэщэнэ нэхъыщхьэр - тхыдэм и пэжыпIэкIэ зэрыгъэнщIарщ.
26 февраля, 2026 - 11:41
УэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Гъуэт Хъусин псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъунут. Илъэситху хъуащ ар къызэрытхэмытыжрэ, ауэ Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгей, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм щыпсэу лъэпкъ интеллигенцэм, адыгэм щыщу абы и гуащIэм щыгъуазэ дэтхэнэми и гум ихуркъым щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа лIы бэлыхьыр.
25 февраля, 2026 - 12:00
Къэбэрдей литературэр зэфIэувэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа тхакIуэщ ЩоджэнцIыкIу Алий. Абы и IэдакъэщIэкIхэрщ лъэпкъ литературэр гъуэгуанэщIэ тезыгъэувари зыужьыныгъэм хуэзышари. УсакIуэ гъуэзэджэр зымыцIыху, абы и тхыгъэхэм щымыгъуазэ яхэтын хуейкъым ар къызыхэкIахэми. КъищынэмыщIауэ, ЩоджэнцIыкIум и зэфIэкIыр, и гуащIэр зыхуэдэм щыгъуазэщ нэгъуэщI лъэпкъхэм къыхэкIахэри. Абы и щыхьэтщ Алий теухуауэ цIыху щэджащэхэм жаIауэ тхыдэм къыхэнахэр.
25 февраля, 2026 - 09:26
КъБР-м и цIыхубэ артист, Урысей Федерацэмрэ Санкт-Петербургрэ я Композиторхэм я зэгухьэныгъэхэм хэт, композитор, пианист, дуней псом и цIыху цIэрыIуэхэм ядэлажьэ Къэбэрдокъуэ Мурат лъэпкъыр дызэрыгушхуэхэм ящыщщ.
18 февраля, 2026 - 09:10
«Гардарика Кавказа» арт-фестивалым хыхьэу, Санкт-Петербург къикIа хьэщIэхэм КъБР-м и Лъэпкъ музейм мы махуэхэм щрагъэкIуэкI лекцэхэр, зэхыхьэхэр, мастер-классхэр, пшыхь щIэщыгъуэхэр.
Страницы
|