ПсапащIэ концертхэр

Урысей Федерацэм и Лъэпкъ гвардием Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щиIэ дзэхэм уэрэдымрэ къафэмкIэ я ансамблым и артистхэм дзэ Iуэху хэхам хэтхэр даIыгъыу, апхуэдэуи ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм теухуауэ псапащIэ концертхэр щатащ Къэбэрдей-Балъкъэрым.

Ахэр щекIуэкIащ Прохладнэ, Май къалэхэм, Новоивановкэ къуажэм. Абы еплъыну къекIуэлIахэм гуапэу ирагъэблэгъащ Урысей гвардием и творческэ гупыр.

- Ину фIыщIэ фхудощI, дызэрывгъэгушхуам папщIэ. Творческэ гъуэгуанэ кIыхьрэ ехъулIэныгъэщIэхэмрэ фиIэну ди гуапэщ, - жиIащ Прохладнэ къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Архангельский Вячеслав.

Ансамблым и артистхэм ягъэзэщIащ урысей, хамэ къэрал композиторхэм я уэрэд цIэрыIуэхэр, къафэхэр, я усэхэм къеджащ.

Концертхэр иухащ гупым и солистхэм ягъэзэщIа «В единстве сила и честь» уэрэдымкIэ.

Ансамблым и унафэщI, Дагъыстэн, Шэшэн Республикэхэм гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Ингуш Республикэм щIыхь зиIэ и артист, подполковник Бурмистров Василий къызэхуэсахэм ехъуэхъуащ ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэмкIэ, дунейр мамыру щытыну зэрыхуейр къыхигъэщу.

Ансамблым и артистхэм иратащ Прохладнэ, Май къалэхэмрэ Новоивановкэ къуажэмрэ я администрацэхэм къабгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэр.

БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: