Зы сурэтым и хъыбар

«Монэ Лизэ» сурэтыр Леонардэ да Винчи и IэдакъэщIэкI нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщ зыщ. Абы къищ бзылъхугъэм и теплъэм тIэкIу зэхэзещхъуэн уищIынкIэ хъунущ набдзэ зэримыIэм къыхэкIыу. КъызэрыщIэкIымкIэ, япэщIыкIэ набдзэр тещIыхьат, ауэ сурэтыр къыщагъэщIэрэщIэжым (реставрация) къаIэщIэщIэри, набдзэр трахащ. ТепщIыхьыжынри дзыхьщIыгъуэджэт.

ЗэрыжаIэмкIэ, Леонардэ да Винчи сурэтыр трищIыкIащ данэ щэкI зыщэу щыта сэтуущIэ къулейм ипхъу Джокондэ дель Герардини Лизэ. «Монэ Лизэ» зытещIыхьар пхъэщ. Сурэтым и фIэщыгъэ дыдэр нэхъ кIыхьщ: «Джокондо дель Лизэ и сурэт». Абы къыхэкIыу, языныкъуэхэм «Джокондэ» жаIэ. АпхуэдизкIэ ар Iэзэу щIащи, дэтхэнэми къыфIощI сурэтым ит бзылъхугъэр езым къеплъу. НэгъуэщI лъэныкъуэкIэ укъэуврэ укъеплъми, бзылъхугъэм и нэхэр аргуэру уи дежкIэ щыIэ хуэдэщ. Сурэтым хуэзанщIэу уIуплъэмэ, Джокондэ гуфIэ хуэдэщ, лъэныкъуэкIэ уеплъэкI хуэдэу пщIакъэ - гуфIэр и нэIум йокIыж.

Леонардэ да Винчи «Монэ Лизэ» ищIащ XVI лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм. Флоренцэм щащIами, нэхъыбэу здэщыIар Франджырщ. «Монэ Лизэ» щахъумэ Париж и Луврым. Сурэтым и ныбжьыр щхьэдэхащ илъэс 500-м. Ар къэчащ, лэчыр тегъущыкI хъуащ, мащIэуи нэхъ фIыцIафэ къыщIэуащ. Абы къыхэкIыу сурэтыр гъэлъэгъуэныгъэхэм яшэркъым - хуосакъ.

Ди зэманым «Монэ Лизэ» дуней псом щынэхъ лъапIэ дыдэ сурэтщ. Ар хъума хъуным трагъэкIуадэ доллар меларди 3.

1911 гъэм сурэтыр идыгъуауэ щытащ Луврым и лэжьакIуэ Перуджей Венченцэ. Ар зыIэригъэхьэжын папщIэ Франджым и гъунапкъэу хъуар зэхуищIауэ щытащ. Сурэтыр Италием къыщагъуэтыжащ илъэситI дэкIауэ.

1956 гъэм сурэтым тIэунейрэ сэкъат игъуэтащ. Сурэтеплъхэм ящыщ гуэрым абы чэзэп (кислота) трикIащ. НэгъуэщI зыми мывэ идзри, лэчыр къыкIэригъэщэщат. Абы и ужькIэ «Монэ Лизэ» къагъэувыхьащ фочыши зыпхымыкI абдж быдэкIэ. Луврым «Монэ Лизэ» пэш щхьэхуэ щеубыд. Сурэтыр хъумэныр нэсу къызэгъэпэщыным музейм тригъэкIуэдащ еврэ мелуани 7.

ГЪУЭТ Синэ.

 

 

 

Поделиться: