Бейтыгъуэн Сэфарбий «За мерой - инобытие» зыфIища и тхылъыр Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм нэгъабэ къыщыдэкIащ тхакIуэр, тхыдэджыр, публицистыр, гупсысакIуэр илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу. Абы щызэхуэхьэсащ тхыдэ напэкIуэцIхэр къызэзыгъэдзэкIыж гупсысэхэмрэ абыхэм яхэлъ упщIэ-жэуапхэмрэ, эссехэр, афоризмхэр, езы Сэфарбий теухуауэ жаIахэр. Тхылъыр дунейм къытехьэнымкIэ сэбэп хъуащ хьэрычэтыщIэ Джэш Алим.
Псом япэу жысIэну сызыхуейращи, дызэрыгушхуэнщ дуней псом яфIэгъэщIэгъуэныну философ адыгэм дызэриIэр. Къапщтэмэ, иужьрей илъэс тIощIым къриубыдэу Сэфарбий къыдигъэкIа тхылъхэмрэ щIэнгъуазэхэмрэ гъэщIэгъуэныщэщ, щIэныгъэшхуэкIэ гъэнщIащ. Я цIэ къудейми къыбжеIэ ар: «Сущность», «И вечность - миг», «Дух сомнения», «Изнутри и извне», «Древо самопознания», «Интеллект - стезя бесмертия», «Мир острой критики», «Пионеры всемирной истории», «Панорама мировых имён: вершины в оригинальных терминах».
Иджы цIыхухэр зэхуэзышэса тхылъымкIэ къыдогъэзэжри, Котляровхэ я тхылъ тедзапIэм деж щекIуэкIа пшыхьым Бейтыгъуэн Сэфарбий и ныбжьэгъухэр, литературэр фIыуэ зылъагъухэр, Iыхьлыхэр, и къуажэгъухэр абы щызэхуэсат. Ахэр тепсэлъыхьащ тхылъым зыхуиша гупсысэхэм, тхыгъэхэм я мыхьэнэм, тхакIуэм и нэгъуэщI лэжьыгъэхэм.
Гуапэт уедэIуэну Сэфарбий и егъэджакIуэу щыта Абыдэ Iэсият и гукъэкIыжхэм. Абы жиIащ Сэфарбий сыт щыгъуи и классэгъухэм къахэщу, цIыхугъэ хэлъу, щIалэ цIыкIу хьэлуи щыдырийпсырии къэхъуу зэрыщытар.
КъыкIэлъыкIуэу псалъэ зратар филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор БакIуу Хъанджэрийщ:
- Псори дызыщыгъуазэ псалъэжь къещтэри, гупсысэ къызэрымыкIуэ щIелъхьэ, укъигъэуIэбжьу. Афористикэ жыхуэтIэр гуманитар щIэныгъэм нэхъ гугъу дыдэу хэтырщ. Абы пэлъэщынур акъыл жан къызэрымыкIуэ зиIэ зырызыххэщ. ЖыпIэ хъунущ Сэфарбий а жанрыр ей дыдэу. НэгъуэщI жанр куэдми и къалэмыр щылъэщщ, дэтхэнэми щIэныгъэ куу хелъхьэ. ЗэрыфщIэщи, талант уиIэныр мащIэщ, щIэныгъэкIэ щIэмыгъэбыдамэ. Сэфарбий абыкIи щапхъэщ - и гъащIэр ехь тхылъыр и Iэпэгъуу. Я лIакъуэхэр зэфIэзыгъэувэжыну хуейхэм яхуитха тхылъхэми яIэт Сэфарбий и пщIэр. Ар лэжьыгъэ гугъущ, тхыдэтхыу ущытынри мащIэщ апхуэдэ тхылъхэм, ари мызэ-мытIэу, уапэ- лъэщын папщIэ. ЗэрысщIэжрэ, Сэфарбий щIызоджыкI, сытотхыхь, щапхъэу къызохь.
Бейтыгъуэн Сэфарбий хуэдэу сыт щыгъуи нэщхъыфIэ цIыху сэ нэгъуэщI срихьэлIакъым. УигъэгуфIэу нэхугъэ хэлъщ и хьэл-щэным. Зэи убэркъым, ныкъуакъуэркъым, мыарэзыныгъэ къигъэлъагъуэркъым. Дахэу мэгушыIэри, гукъыдэж къует, - жиIащ Хъанджэрий.
КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Моттаевэ Светланэ тепсэлъыхьащ Бейтыгъуэным зэрыдэлэжьам, я зэныбжьэгъугъэм.
- Си гъащIэм и фIыпIэ дыдэхэм ящыщщ Бейтыгъуэн Сэфарбий сриныбжьэгъуну си насып къызэрырихьэкIар. Хуабжьу куэд еджащ, и щIэныгъэр куущ, тхыдэдж-архивист лъэщщ. ЩIэныгъэм и фIыпIэр къытхуипщытэщ, тхузэпкърихри, ди пащхьэм кърилъхьащ. И афоризмхэр зэIэпыдох, ди гъащIэм щыщ хъуауэ. Тхьэм куэдрэ уигъэузыншэ, си ныбжьэгъу лъапIэ! - жиIащ Светланэ.
Котляров Виктор къыщыпсалъэм нэхъ зытригъэщIар Бейтыгъуэн Сэфарбий и тхылъхэм теухуауэ иIэ гупсысэхэрщ.
- Сэфарбий и тхылъхэм яхэтщ цIыхухэм Iэмал имыIэу яIэн хуейхэр. Махуэ щIагъуэ дэкIыркъым, псалъэм папщIэ, «Кабарда в фамилиях» тхылъым къыщIэмыупщIэIауэ. Къэбэрдей лIакъуэ куэдым я тхыдэр я пащхьэ кърилъхьэжащ тхыдэ щIэныгъэ куу зи лъабжьэ а лэжьыгъэмкIэ. Тхыдэдж жытIэми, философ жытIэми, щIэныгъэхутэ жытIэми, Сэфарбий и лэжьыгъэхэм я мыхьэнэр къыпхуэмылъытэн хуэдизу куэдщ. Ауэ хуэфэщэн пщIэ щигъуэтакъым республикэм. Къэрал саугъэтхэр кърату и илъэс 80-р Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщамыгъэлъэпIам и щхьэусыгъуэр сэ къызгурыIуэркъым. Си жагъуэщ, мыхьэнэшхуэ зиIэхэм и чэзум гу зэрылъамытэфыр. Зэман дэкIынщ, Бейтыгъуэным и гупсысэхэр цIыху гъащIэм хэпща хъунщ, сыту жыпIэмэ сыт худэ зэманми мыхьэнэ зиIэщ, зи пIалъэр имыкIщ итхауэ хъуар, - жиIащ абы.
Тхылъхэм тепсэлъыхьащ ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и профессор ЩауэцIыкIу Людмилэ.
- Бейтыгъуэн Сэфарбий и тхылъыщIэр хуэфэщэн дыдэщ езыр зэрыхъуа илъэс бжыгъэ дахэм. СыкъэмыувыIэфу седжащ, къытезгъэзэжри аргуэруи щIэзджыкIыжащ. Зыгуэрхэр къыхэзгъэщащ, къыхэстхыкIащ, напэкIуэцIхэм тхылъдэлъхьэхэр хуэсщIащ. ИужькIэ си студентхэм ящIыгъууи дытепсэлъыхьыжащ. ИпэжыпIэращи, мысыхьэтым дэ дыбгъэдэсщ классик нэсым. ГъэщIэгъуэнращи, зы псалъэ закъуи итхыркъым, мыхьэнэ щхьэхуэкIэ мыгъэнщIауэ. Тхыдэм апхуэдизу гугъэзагъэу тотхыхьри, абы итххэм хуэдэ укъыщеджэнукъым тхыдэмкIэ учебникхэми, ущрихьэлIэнукъым интернет напэкIуэцIхэми, щIэнгъуазэхэми.
Сэфарбий къэрал дамыгъи, «цIэ лъапIэ» жыхуаIэхэми хуэныкъуэкъым, апхуэдизу куэд щIащ абыхэм нэхърэ нэхъ лъагэ ар зэрыхъури! Хуэныкъуэр дэращ - дэращ хуейр гу лъыттэну, деджэну, тлъытэну, - жиIащ ЩауэцIыкIум, тхылъым рецензэ зэрыхуитхынури къыхигъэщащ.
УсакIуэ, тхакIуэ Къармэ Iэсият Сэфарбий и тхылъым эссекIэ щыпэджэжащ «Литературная Кабардино-Балкария» журналым. Къармэм жиIащ тхылъым и гум лъэужь дахэ къызэрытринар, къриджыкIа гупсысэхэм иджыри къыздэсым зэраIыгъыр. Абы Котляровхэ Викторрэ Мариерэ фIыщIэ яхуищIащ тхылъыр къызэрыдагъэкIам папщIэ.
Бейтыгъуэн Сэфарбий теухуауэ псалъэ гуапэ жиIащ КъБР-м и радиом и унафэщI Мэремкъул Ларисэ.
- Си адэ-анэм, си адэ къуэшым, си щIалэгъуэм, ди къуажэм я фэ изоплъ Сэфарбий. Си адэм езым нэхърэ нэхъыщIэми, Сэфарбий пщIэ хуищIу игъэныбжьэгъурт. Иджы Сэфарбий сыхуэзэху ахэр зэрызэхущытам теухуа хъыбар гуэр е сигъэдыхьэшхыу зы гукъэкIыж гъэщIэгъуэн къызжеIэж. Куэд мэхъу апхуэдэ хъыбархэр, - жиIащ Ларисэ. Ар къытеувыIащ тхакIуэр зыхуэIэкIуэлъакIуэ жанрхэм, къыхигъэщащ Къармэхьэблэ къыдэкIахэр литературэ и лъэныкъуэкIэ адрейхэм яхэзымыгъэгъуащэ зэрыщыIэр.
- Бейтыгъуэн Сэфарбий ауэ къыщыбдэуэршэрым дежи Iущыгъэу жиIэм уетхьэкъу. Языныкъуэхэм деж, Iуэху гуэрым телефонкIэ дытепсэлъыхьу, къыщызгъэувыIэ щыIэщ, «Сэфарбий, зэ, къэувыIэ, блокнотрэ ручкэрэ къэзмыщтэу хъунукъым», жысIэу. Iущыгъэ телъыджэу зэхэлъщ и тхылъхэр, литературэм и фIыпIи, тхыдэ щIэныгъи, гушыIэ дахи, гупсысэ къызэрымыкIуи къибджыкI хъууэ. Ди щIалэгъуалэм яхуэзгуэшынти, щIезгъэджыкIынт нобэ дызытепсэлъыхь тхылъыр. Сыту щIэщыгъуэ куэд къащIэнут! - жиIащ Тхылъхэр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Шинкарёвэ Наталье.
Сэфарбий и тхылъым и мыхьэнэм, езым и цIыху щIыкIэ дахэм, лъэпкъ литературэмрэ пшыхь зращIэкI тхылъым и лъэщагъымрэ, гъащIэр зищIысыр гупсысакIуэм и лэжьыгъэхэм къызэрыщыгъэлъэгъуам теухуауэ псалъэ гуапэ жаIащ республикэм пщIэ ин щызиIэ, зи псалъэрэ гупсысэрэ ялъытэ композитор, усакIуэ ХьэIупэ ДжэбрэIилрэ щIэныгъэлI, философ Хъурей Феликсрэ. Абыхэми къыхагъэщащ апхуэдиз щIэныгъэрэ гупсысэрэ щызэхуэхьэса и IэдакъэщIэкIхэми иджыри хуэфэщэн къэрал гулъытэ зэрамыгъуэтар.
Бейтыгъуэным и IэдакъэщIэкIхэм теухуауэ пшыхьым къыщыпсэлъащ «Литературная Кабардино-Балкария» журналым жэуап зыхь и секретарь Хьэту Пётр, жылагъуэ лэжьакIуэ Джэш ФатIимэ, Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм и унафэщI Гергоковэ Лейлэ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и библиотекэм и лэжьакIуэ Борэн Мадинэ, егъэджакIуэ Безрокъуэ Маритэ сымэ, нэгъуэщIхэри.
Сэфарбий фIыщIэ яхуищIащ тхылъыр къыдэгъэкIынымкIэ сэбэп хъуахэм, Котляровхэ я тхылъ тедзапIэм, Iуэхум хэта, лэжьыгъэм теухуауэ къэпсэлъа дэтхэнэми.