МахуиплI фIэкIа имыIэжу

Хэку зауэшхуэр зэриухрэ зэман куэд дэкIами, псалъэкIэ пхуэмыIуэтэнщ абы щыгъуэм цIыхухэм гузэвэгъуэрэ гугъуехьу ягъэвар. 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа зауэм зэи мыкIуэдыжын лъэужь къигъэнащ.

Нэмыцэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ къыдыхьэрт, кхъухьлъатэхэр гъуахъуэу къыщхьэщагъэхьэт, лагъымхэр къытрагъэщащэрт.

Зи сабиигъуэр зауэми гъаблэми хиубыдахэм ящыщщ Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм щыпсэуа Елмырзей Билан ипхъу Къумахуэ Фариз. Дунейм ехыжыным илъэс зыщыплI фIэкIа имыIэжу, абы къыджиIэжахэм ящыщщ мыбдежым къыщытхьынури.

- Ди адэр зауэм дашат, анэм дыкъыхуигъэнат бынитху. Адэшхуэ-анэшхуи диIэт, Аслъэнджэрийрэ Дисэрэ, я гъусэу дымыпсэуми. А тIум я унэшхуэм и щIагъыр щIыунэти, хьэблэр абы дызэдист. Аслъэнджэрий щIыбым, къыщикIукI-ныщикIукIыу, Тхьэ щелъэIуу дэтт, «мы цIыху къомым я псэр къэхъумэ», - жиIэу. Зыми зыри къытщыщIакъым, зы лагъым хадэм къихуэу щхьэгъубжэхэр хигъэщэща фIэкIа. АрщхьэкIэ, ар зы махуэтэкъым, зыкъомрэ апхуэдэу екIуэкIащ. Ди псэм бэлыхьу телъар тхыгъэкIи псалъэкIи къыпхуэIуэтэнкъым, - ар и щIэдзэкIэщ Фариз къытхуиIуэтэжахэм.

Зыкъэсщтэжынщи, си цIыкIугъуэм а бзылъхугъэ лъагъугъуафIэм нэхъыбэу сыщрихьэлIэу щытар сыкъыщыхъуа Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм дэт курыт школым и тхылъ хъумапIэмрэ иужькIэ абы ещхьу ЩэнхабзэмкIэ унэм къыщызэIуахамрэт, а тIуми ар щылэжьати. Сыту жыпIэмэ, зызэрысщIэжрэ тхылъ сфIэфIу сыкъекIуэкIати. 

- Нэмыцэхэр дэкIыжащ, гъаблэр-щэ? Ди анэ Мадинэт, зи щхьэгъусэм пэплъэу зи гъащIэр зыхьар, дунейр щыгъаблэм, бынитхур фызабэ куэщIрэ гугъуехь мыухыжкIэ дызыпIар, сыткIэ нэхъ тынша? Зы жэмыжь диIэти, абы къыщIиш гъэшыр Лэскэн псы Iуфэм Iута сымаджэщым ихьт, ярищэрти, абы къыщIэкIамкIэ бэзэрым нартыху литр къыщищэхут, IэщхьэлкIэ ар зэтриудыжырти, къыщIэкIа пхъашэр хьэнтхъупсу тхуигъавэрт. Ар зэ шхэгъуэ. Нартыху хьэжыгъэ щабэр кIэртоф мэжаджэ ищIырти, зэрыбынихым жэщ-махуэм тхуригъэкъурт. Ар ямыгъуэту, удз ягъавэрти яшхырт нэхъыбэм. ДызэрыжьыщIэн сабын щыIэтэкъым, псым яжьэ хэткIутэурэ абыкIэ дыжьыщIэрт, - къыпещэ и псалъэм Фариз.

Зауэ нэужь лъэхъэнэм къуажэдэсхэр, ини цIыкIуи, гугъу зэрехьам теухуащ адэкIэ Фариз къиIуэтэжахэр.

- КолхозыщIыр унагъуэ жэмхэмкIэ явэрт. ЛъакъуэкIэ къапщурэ, Iыхьэ-Iыхьэу ягуэшырти, зратахэм къатIырт. Дэри ди унагъуэм къытлъыса Iыхьэр зэрытхузэфIэкIкIэ къэттIырт. Ди сабиигъуэм зи лъэгу щIэмытыж къатырым (шырыкъу) и напэр вакъащхьэу, лъабжьэ папщIэу былымыфэ гъэгъуа щIадэрт, къыщIрагъэдзам хьэуазэ иракуэрти, щIымахуэ жьычым школым дрикIуэрт. ЕджапIэ нэужьым мэзым дынэсырти, ди дамэхэм телъу пхъэ къэтхьырт е Iэжьэ цIыкIукIэ къатшэрт. Жэщым дымыжейуэ цыхэкI тщIырт.

Зы махуэ гуэрым мэз дыкъикIыжу, къуажэм дыкъыдыхьэжауэ, сигукIэ жысIауэ щытащ мыпхуэдэу: «ЕгъэджакIуэм сыкъилъэгъуамэ, сыт хъунт - пщэдей «2» схуигъэувынтэкъым. Си лъакъуитIри псыфщ, сэри Iейуэ сешащ. Сэ иджы дерсхэр схуэгъэзэщIэжыфыну?». Абы теухуауэ ди анэм куэдрэ жиIэжу щытыгъащ, «сыту Iейуэ си гур бгъэузат», - жиIэу.

Уэ дапхуэдэу щIыи, ди сабиигъуэ-дахэгъуэм, ди къарур зэрымыубыдами, лэжьыгъэ хьэлъэм зэрытхузэфIэкIкIэ дыпэщIэтащ.

Сэ куэдрэ сигу къокIыж, гукъеуи сщохъуж зи къуищыр (Билан, Мазан, Хьэжбэчыр) зауэм хэкIуэда ди анэшхуэ Дисэ къызэрызгъэпцIауэ щытар. ПэрыIэбэр иIыгъыу, жьэгу мафIэ ищIу щытт. Бжэм сежалIэри, «Дисэ, Дисэ, Билан къэсыжащ!» - жысIащ. ПэрыIэбэр хыфидзэри къежьат, ауэ зэрыпцIыр къыщищIэм, зыри жимыIэу игъэзэжащ, икIи къызэшхыдатэкъым. «Я-Алыхь, къысхуэгъэгъу!» - жысIэу, тобэ куэдрэ къызохьыж!

Ди адэ Билан щыдэкIым бынхэм IэплIэ къытхуищIыжри къыджиIат: «Си псэр схъумэнкъым, хэкум сепцIыжынкъым, емыкIу къыфхуэсхьынкъым, фэри фыхъу хэкум и бын пэж», - жиIэри.

Билан и псалъэр игъэпэжащ. Берлин нып плъыжьыр щызыIэтахэм яхэтащ, абдежми и псэр щитащ: илъэси 4-кIэ зауэ IэнатIэм пэрытауэ, уIэгъэ щэнейрэ хъуауэ, ди адэр, ТекIуэныгъэ махуэр къэсыным махуиплI фIэкIа имыIэжу, Берлин щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэм хэкIуэдащ.

Ауэрэ си сабиигъуэри си щIалэгъуэри кIуащ, унагъуэ сихьащ, псэуэгъу схуэхъуам и адэри - Къумахуэ Хъызыр - хэкIуэдат. Щхьэгъусэри гугъу ехьу къэгъуэгурыкIуат. Абы IэфIу игу къинэжауэ мыр жиIэжырт: «СылъэIэстэкъыми, шэнтым сытету бжыхь схурти, уи адэшхуэ Елмырзей Аслъэнджэрий ипщэкIэ къехщ, къызбгъэдыхьэри, зэрысщIынур сигъэлъагъущ, зыкъомрэ къыздэIэпыкъури, IукIыжат». А зэманым чыкIэ бжыхь яхуу щытащ.

Си щIалэгъуэм гугъу сехьами, унагъуэ тынш сахыхьат. ГуащэфI сиIащ, си быныр зыпIар Мамэщ. Дунейм зы гуащэ тетауэ пIэрэ гуащэцIэр си Мамэ хуэдэу дахэу зезыхьа. Езым бын 11 иIати, 8-р дунейм ехыжат сабийхэу. И щхьэгъусэр зауэм щхьэщичами, къыхуэна бынищыр зыхуей хуигъэзащ, гугъу ехьуи псэуащ.       

Куэдым я псэр щатащ а зауэ угъурсызым. Къумахуэхэ ящыщу цIыху 18 хэкIуэдащ. Абыхэм яхэтщ си тхьэмадэ Къумахуэ Хъызыри абы и къуэш Тыгъуэни. ЗэуапIэ губгъуэм къинащ ахэр, я лъахэм пшапэIудз зыхуащIри.

ТекIуэныгъэ Иным и махуэм ирихьэлIэу Фариз усэ итхат. Абы щыщ сатыр зыбжанэ мыбдежым къыщытхьынщ.

                     Ди адэ

… ХьэщхьэрыIуэм и гъуэм ихьахэм

Ди адэ Билани яхэтащ.

Берлин нып плъыжь щызезыхьахэм

Ящыщти, и лъи щигъэжащ.

 

Зауэ кIэухым фынэсауэ,

Рейхстаг гъуэгужьым уэ хэбгъэщIт.

ТIэуней биишэм укъелауэ,

Ещанэм дауэ ухигъэщIт?

 

Ди адэ, уи уэсятыр тщыгъупщакъым:

Псэр щIэпта Хэкури дигу ихуакъым,

Ди анэ жиIи дебэкъуакъым,

Уи цIэр IейкIи дэ дгъэIуакъым.

 

ГъащIэ гъуэгуанэу зэпысчам

Гукъеуэ ину сигу икIакъым,

Адэ Iэ щабэу схуэныкъуар

Зауэжь, уэ зэи пхуэзгъэгъуакъым.

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.
Поделиться:

Читать также: