ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!

5-нэ Iыхьэ.

 Сэри сыкъэщтащи, адэкIэ къэхъунум сышынапэурэ сыпоплъэ.

- Ар уэ уи къуэнша…

- СыукIащ! – нэхъри хэкъузауэ жеIэ си псалъэхэр зэхимыхыжу. Сэ къызгуроIуэ, иджыпсту абы зыгуэр жепIэкIэ, зэхищIыкIынукъым, езыр гъэпсэлъэн хуейуэ аращ, зэран ухуэмыхъуу. – Къысщхьэрыуатэкъым, сщIэр къызгурыIуэжу, си гъащIэ псокIэ Жангуащэ хузэхуэсхьэса фIылъагъуныгъэр асыхьэту гущыкI, губжь, лъыщIэж хъури, сыукIащ. УэрамдэкIымкIэ къыдэзыгъэзыкIыж машинэ цIыкIум ар зэрисыр слъэгъуати, къызэремылынур сщIэуэ, здэщыс лъэныкъуэмкIэ ЗИЛыжьыр нэхъри нэхъ псынщIэу есхулIэри… Аращ хэлъари. Ауэ къелат. Къелат си гъащIэ къэнэжар нэхъри жыхьэнмэ хъун папщIэ. Сэ армырми, Жангуащэ сыукIауэ сыхуейтэкъым сыпсэужыну. Илъэгъуат Абы псори. Сыт илъэгъуащ жыхуэсIэр?! Аракъэ апхуэдэ ухыкIэ си натIэм къизытхар, аратэкъэ сыкъызыхуигъэщIар, сыукIIауэ, абы сихьыжыну?! Сэ сыт къуаншагъэу злэжьар? Схуигъэлъэгъуар сщIащ, сигъэлэжьар злэжьащ. АрщхьэкIэ, - нэхъ сабыр мэхъужри, и пIэм йоувэж, - укъигъэщIа щхьэкIэ, узэрыпсэуну щIыкIэр уи Iуэхужщ. Iэмалыншэу къыппэщылъ уи ажалым узэрыхуэкIуэ гъуэгур уэ езым къыхыбохыж… ЦIыху гъуамэ, хьэIуцыдз, нэжэс жыхуаIэр сэракъэ-тIэ? И нэхэр зэтрепIэ, ин хъужауэ зы нэпс къудамэ къыщIожри, даущыншэ хъуа пэшыр къигъэгызу, «тIыпI» жиIэу щхьэнтэм тоткIуэ.

- Сыарэзыщ иджыпсту жыпIамкIэ, Пэрыс. Дыкъыщалъхунумрэ дыщылIэжыну дакъикъэмрэ Тхьэм къытхухех, ауэ а тIум я зэхуаку дэлъ гъащIэр зи Iэмырыжыр… дэращ, - и Iэ гъур гъащIэншэхэм салъэIэсмэ, и гуауэр щхьэщысхын си гугъэжу, соIэбэ, ауэ сызэрылъэIэсу, ди псалъэмакъыр и кIэм зэрынэсынур, «СыкъыбгурыIуакъым! Сэ укъызэдэIуэну сыхуейуэ арат, ахъумэ уи гущIэгъу сыхуэныкъуэ?!» - жиIэу, кIийуэ сыкъызэрыщIихужынур сощIэри, зызошыIэ.

- КъызэупщIыт! КъызэупщIыт, Данизэ, а махуэм зыкъыщыпщIэжам дауэ укъела абы жыIи!

- Дауэ укъелат, Пэрыс?

- Сыкъелатэкъым, Данизэ. Сэ асыхьэту ныкъуэлIэ сыхъуат, гугъэм тIэкIурэ сигъэпсэуащ… Жангуащэ зиукIыжыху. Мис итIанэщ сыщылIар. Сэ иджы сылIэнуракъым, куэд щIауэ дунейм текIыжа си псэр зыпкърыта си Iэпкълъэпкъыр къищтэжыну, щIы фIыцIэ лъабжьэм и хъумакIуэр Абы къигъэкIуэну аращ. КъызэупщIыт, Данизэ, сыт Жангуащэ зыщIиукIыжар, жыIи! КхъыIэ, къызэупщI!

- Сыт зыщIиукIыжар? – езы Пэрыс къигупсысажа жыпхъэм сытету, сыпэрымыуэу сыдэпсалъэрт.

- Си псэм и щIасэм и бзэр къезгъэутIыпщыжын папщIэ мылъку зэхуэслъэфэсу губгъуэм сыщитам зыкIи гугъу сехьатэкъым, зиукIыжын ипэ къихуэу къысхуитха псалъэхэм къыстралъхьа гугъуехьым елъытауэ. Машинэ зэжьэхэуэм иужькIэ япэ дыдэ, Жангуащэ цIыхухэр къищIэ щыхъуам, сыщIагъэхьауэ щытащ зыщIэлъ пэшым. Си адэ-анэри сэри кIэщI-кIэщIурэ дыкIэлъыгъуазэт абы. И благъэхэм сагъэкъуаншэртэкъым, Алыхь Iэмырщ жаIэри, ежьэжат псори. НтIэ, къывжьэхэуар мыращ жаIэу, япэ дыдэ Жангуащэ къыщысIуагъэплъам, къэмэхауэ щытащ. Сэ абы куэдрэ сыкIэлъыкIуащ. КъысIэщIэщIар сыхуейуэ зэрыхъуар мы дунеягъэм зы цIыхум ищIэртэкъым. КъэзгъащIэ гъащIэр шынагъуэ хъуат, жэщ къэс пщIыхь Iейхэм сагъэжейтэкъым. ИужькIэ, зэрыпщIэщи, Жангуащэ операцэ езгъэщIат, къыщIашыжауэ, ундэращхъуэ нэужьым зыкъимыщIэжауэ, хэпсэлъыхьын щIидзат. Сэ абы и Iэм щабэу сеIусащ, схуэмышыIэжуи, япэ дыдэ сыгъащ. Сэ сыт хуэдэу гъэщIэгъуэн сщыхъуат Iуэщхъуу хэлъ хъыджэбзым си цIэр щыжиIам. Сэ си гугъащ абы дунейм сытрилъагъуэ мыхъуу, есщIар зэи къысхуимыгъэгъуну. Зэманыр кIуэрт. Сыт хуэсщIэми сфIэмащIэт, къызгурыIуэрт абы есха лейр зэи зэрысхуэмыпшыныжынур. Жангуащэ Израилым къызэрисшыжрэ мазэ хъуа-мыхъуа жысIэу, сытегушхуащ зызумысыжыну. ИгъащIэ псокIэ и лъэр къыщIэмыувэми, сыпсэуху, Жангуащэ фIэкI зы бзылъхугъэ фIыуэ зэрызмылъагъунур, ар къыздэмыкIуэми, нэгъуэщI зыри зэи щхьэгъусэ зэрызмыщIынур жесIэну сытегушхуауэ, я деж сыкIуат. Куэбжэр Iусхыну сыщыIэбэм, си лъэр щIигъэхуу, си акъылым шэ фIыцIэм хуэдэу кIуэцIрыкIыу, кIий макъ унэм къыщIэIукIащ. Си лъакъуэхэр щIэхуащ, самыIыгъыжу. Куэбжэ сэхыр субыдщ, зыкъэсIэтыжри, унэмкIэ сыжащ. Сыжэмэ, Жангуащэ… лъы пцIам хэлъу… и щхьэр бгъунж хъуауэ… Жангуащэ и анэ шыпхъум и нэгур иубыдауэ, кIийуэ.

И нэпсхэр игъэпщкIужыртэкъым щIалэ тхьэмыщкIэм. Сэри сызэрыщымщ, сызэрыщысщ. Си нэпсхэр си жьэпкъыпэм къыпыж пэтми, зызгъэхъейкъым.

- Жангуащэ и анэ шыпхъур къызэрысIуплъэу, зыкъызидзауэ, си Iэблэхэр икъузурэ, магъ, сабийм сытеплъэкъукIащ жери, зечэтхъэж, зефыщIыж. Тхьэм ещIэ, Жангуащэ къыбгъурылъа сэ жан цIыкIур къыздрихар! Дэнэ деж къыщипхъуатэу игъэпщкIуат?! Фызыр къызэфIэмахэри, лъэгум ихуащ. Сэ абы гу лъызмытэу, бжьэхуцым сыхэту сыбакъуэ нэхъей, сызытеувэ лъэгур зыхэзмыщIэу, Жангуащэ зыхэлъ пIэм сыбгъэдэкIуэтащ. Щылът, хужьыбзэ хъуауэ, и Iупэплъу щытар фэншэу, трагъэпщIа фIэкI умыщIэ и нэбжьыц кIыхьхэм и нэ фIыцIэ дахэхэр щIахъумауэ, езым нурыр къыщхьэщихыу. СщIэнур сымыщIэу, си къарумрэ гуащIэмрэ зыщIыпIэ кIуэсауэ, си щхьэр къесхьэкIыу, пэшым сыщIэтащ. ИтIанэ, зыкъэсщIэжри, «Жангуащэ!» - жысIэу, ину сыкIийри, хьэдэ диижамкIэ зыздзащ. Сымэджэным нэхъри игъэжэщIа хъыджэбз Iэпкълъэпкъ мащIэр зэщIэзубыдауэ сыгъырт, Жангуащэ и дамэ Iузэ цIыкIухэм си нэгур гъуэрыгъуэу хэсIубэурэ. Щхьэ апхуэдэу щIэхыу сIэщIэкIыжат си насып дыщэр?! Iэрылъхьэ схуэхъуным зы мащIэ тIэкIут иIэжыр!... Ари Ар! Лей зэримыгъэгъур абдеж хьэкъыу спхыкIащ! Жангуащэ и хьэдэр пIэм изукъуэдиещ, зэзгъэзэхуэжри, си нэпсхэр еслъэщIэкIыжащ. Си псэм и щIасэр зытелъа щхьэнтэм тхылъымпIэ кIапэ къыщIэпIиикIырт. Ар къысхуигъэнауэ къыщIысщыхъуар сщIэркъым, си Iэ зэщIэкIэзызэмкIэ сыIэбэри, къэсщтащ. Мис ар, къеджэ! Ину, гъэхуауэ, умыпIащIэу къеджэ! – жери, ауэ шэнтым теубгъуа и бэлътом и жыпым кърехри, тхылъымпIэ гуэр къысхуеший.

- Сыкъыумыгъаджэ, кхъыIэ, Пэрыс! – зызэпэслъэщIыхьыжурэ, жызоIэ.

- Къеджэ бжесIакъэ! Ину, гъэхуауэ, умыпIащIэу! – и нэр зэтрепIэри, и Iэхэр и бгъэгум щызэтрелъхьэ.

Сэри сыкъоджэ.

«КъысхуэпщIам и ужькIэ, уи гугъуехь псори хьэуам зэрыхэзутIыпщхьэжыр къызгуроIуэ. Арами, си нэм гуапэу укъыщыщIэплъэм уи плъэкIэм хэплъхьа хуабагъэми собакъуэ. ПщIэну сыхуейт… Сэ уэрыншауэ сыпсэуфынутэкъым. СытемыукIытыхьыжу зыкъэзумысынщи, сызэрыцIыкIурэ уэр фIэкIа сигу тхьэмыщкIэм плъапIэ иIакъым. Сытым дежи фIыуэ услъэгъуащ. Уэрэ сэрэ зэхуэдэ лъагъуныгъэ дяку дэлъатэмэ, си фIэщ хъуртэкъым, дэ нэхъ насыпыфIэ уафэ лъабжьэм щыпсэуну! Ауэ… Мы си лъэ мыгъуэр къысщIэувэркъым, зэи къыщIэувэнукъым икIи. Сытым срипэрмэн?! ГуащIэу къысхущIэкIащ гъащIэр! ЗыкIи уэ узгъэкъуаншэркъым къэхъуамкIэ. КъызгурыIуэжырт си мурадхэмрэ си плъапIэхэмрэ хьэфизу зэрынэфыр, ауэ апхуэдэ щэху хьэдрыхэ схузэдэхьынутэкъым. ХэкIыпIэр зыщ – уэри уи гъащIэ псор си узыншагъэм тумыгъэкIуадэ, сэри си гум илъ лъагъуныгъэм хуэму симыукIыж щIыкIэ, занщIэу дыкъэзыгъэщIам секIуэлIэжмэ, нэхъыфIщ. Сыту фIыщэу услъагъурэ, Пэрыс. Ди Тхьэ, къысхуэгъэгъу!» - итт тхыгъэм.

ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться: