Дахагъэр зэбэкI жэщСурэтыщI гъуазджэхэмкIэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ музейр «Гъуазджэхэм я жэщ» урысейпсо Iуэхум хэтащ. Иджырейр къызэрагъэпэщащ ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм и щIыхькIэ.
Хабзэ зэрыхъуауэ, щэкIуэгъуэм и 4-м Урысейм и щIыналъэхэм щыпащэ «Гъуазджэхэм я жэщ» Iуэхум. Мыгъэрей зэхыхьэр къызэрагъэпэщащ «Урысейм зэкъуегъэувэ» къыхуеджэныгъэм щIэту. КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм иубзыхуа программэм тету, республикэм и музейхэм, театрхэм, гъэлъэгъуэныгъэ утхэм, концерт залхэм, библиотекэхэм, клубхэм зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэр щрагъэкIуэкIащ.
Музейм и унафэщI Ремхен Еленэ жиIащ гъуазджэм и лIэужьыгъуэхэм дахьэххэм папщIэ IэпщIэлъапщIэхэм мастер-классхэр зэрырагъэкIуэкIар. АбыкIэ фIыщIэ зыхуэфащэр гъуазджэхэмкIэ «Алира» школым и унафэщI Мэрзей Иринэрэ абы дэлажьэ егъэджакIуэхэмрэщ. Ахэращ гъуазджэм хухаха дерсхэр музейм мы махуэхэм пщIэншэу щызытар.
Ремхен Еленэ зэрыжиIамкIэ, мастер-классхэм щIэупщIэшхуэ яIэщ. Дерс нэужьым ныбжьыщIэхэр «Чук и Гек. Большое путешествие» фильмым ирагъэплъащ.
Поделиться:
Читать также:
29.04.2024 - 10:01 →
Дахагъэ къэзыгъэщI
29.04.2024 - 10:01 →
Хэку лъагъуныгъэм теухуащ уэрэдхэр
29.04.2024 - 10:01 →
Зэныбжьэгъугъэм и дамыгъэ
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
27.04.2024 - 17:14 →
Витебск зыкъыщагъэлъэгъуэнущ
|