Бзылъхугъэ гуащIафIэКъэбэрдей-Балъкъэрым, Ингушым, Осетие Ипщэм щIыхь зиIэ я артисткэ Даур Иринэ зэрыуэрэджыIакIуэ Iэзэм къыдэкIуэу икIи егъэджакIуэ гумызагъэщ, гъэсакIуэщ, хабзэ зыхэлъ, къызыхэкIам хуэфащэ бзылъхугъэ гуащIафIэщ. Абы курыт еджапIэр къиуха нэужь, щIэтIысхьащ Налшык дэт макъамэ училищэм (иджы Щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкIэ колледжщ). Ар къиуха нэужь, Тбилиси дэт къэрал консерваторэм макъамэмкIэ щIэныгъэ щызригъэгъуэтащ. Къыхэгъэщыпхъэщ адыгэ лъэпкъ оперэхэм, опереттэ зэмылIэужьыгъуэхэм Даур Иринэ партие нэхъыщхьэхэр къызэрыщыхуагъэфэщар. УэрэджыIакIуэ бзылъхугъэр фIыуэ щалъагъур ди республикэм и закъуэкъым. Абы и зэфIэкIым пщIэ лъагэ къыщыхуащI ди лъэпкъэгъухэр куэду щыпсэу Тыркум, Иорданием, Сирием, Германием, Испанием, нэгъуэщI къэралхэми. И творческэ гъуэгуанэм теухуауэ гъэщIэгъуэнщ бзылъхугъэм жиIэр: - Сызыхэтхэри музыкэ щIэныгъэ, гъэсэныгъэ зыбгъэдэлъ гупти, зыми лъакъуэпэщIэдз къысхуищIакъым. Си щхьэкIэ игъащIэм зыми сефыгъуакъым, къызэфыгъуаIауи гурыщхъуэ зыхуэсщIа щыIэкъым. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, сэ насып зыхэслъагъуэм, гурыфIыгъуэ къызэзытым нэхърэ нэхъыбэ хуейт си хъуреягъыр. Сэ жысIэрейщ - цIыхухэм фIыуэ сыкъызэралъагъур мащIэ дыдэщ, езыхэр зэрыслъагъум елъытауэ. А дуней еплъыкIэращ насыпыфIэ сызыщIыр. Мыри къыхэзгъэщынут. Дунейм сыкъыщытехьам «Шэрий Иринэ хуэдэ хъун щхьэкIэ», - жаIэри си цIэр къысфIащауэ щытащ. А дакъикъэм щыщIэдзауэ си гъуэгур убзыхуа хъуат. Сэ къэсщIэжым щегъэжьауэ, зы махуэ си гъащIэм хэтакъым артисткэ сыхъуну сыхуэмеяуэ. Курыт еджапIэм сыщIэсыху, уэрэд зэрысхужыIэр зыми къезгъэщIакъым, си хъуэпсапIэхэри дунейм къытезгъэхьакъым: сышынэрт ар зыгуэрым къыспиубыдынкIэ е къысщыдыхьэшхынкIэ. Налшык дэт макъамэ училищэр къэзуха иужь, си пхъур илъэсиплI ирикъуху сежьэри, Тбилиси дэт консерваторэм сыщIэтIысхьауэ щытащ. Си щхьэгъусэм сытримыгъэгушхуамэ, сымыкIуэнкIи хъунт, ауэ ар къызэрыскъуэтым къару къысхилъхьэри… Пэжщ, си унагъуэм сазэрыпэIэщIэр ямылейуэ къызэхьэлъэкIырт, сытезыгъэур щIэныгъэ зэгъэгъуэтынрати, жэщи махуи седжэрт. Ар къэзуха иужь, 1990 гъэм Налшык дэт Музыкэ театрым и солисткэу, Щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ колледжым егъэджакIуэу соув. Абы лъандэрэ колледжым сыщыIэщ. КъызэрымыкIуэу сфIэфIщ сабийхэм садэлэжьэну. Консерваторэр къэзухыу Налшык сыкъыщыкIуэжам цIыхухэм си уэрэд жыIэкIэр къагурыIуэртэкъым. Ди гъунэгъу гуэрым къызжиIат: «Кхъа, Иринэ, моуэ уи макъыр думышейуэ уэрэд жыIэ». ИлъэсипщIым нэблагъэ дэкIа иужьщ «думышейуэ уэрэд жыIэ» псалъэхэм я мыхьэнэр къыщызгурыIуар. КъызэрыщIэкIамкIэ, академическэ уэрэд жыIэкIэрат игу «темыхуэр»… (мэдыхьэшх). Эстрадэ уэрэдхэр жыIэн щIэздза иужь ар къызбгъэдыхьэри: «Армыраи хабзэр! Мис иджы хъуащ!» къызжиIат. Си деж щеджахэу Бэрэгъун Марьянэ, Хьэцей Тимур, Уэзрокъуэ Чэрим, Мэз (Пщыунэ) Джульеттэ, Къудей Аскэр, ДыщэкI ФатIимэ сымэ ди республикэми и адрыщIкIи къыщацIыху уэрэджыIакIуэхэщ. Абыхэм я ехъулIэныгъэм си щхьэр лъагэу сегъэлъагъуж. Колледжым къекIуалIэхэм ябгъэдэтлъхьэр музыкэ щIэныгъэм и закъуэкъым, атIэ я гъэсэныгъэри зэредгъэфIэкIуэным дыхущIокъу. ЗэфIэкIым я нэхъ иныр иIэми, цIыхур мыгъэсамэ, псори фагъуэ щIохъукI. 9 - 11-нэ классхэр къэзыуха ныбжьыщIэхэм гъащIэми цIыху хэтыкIэми хащIыкIыр мащIэ дыдэщ. Ди деж зэрыщыIэ зэманыр дымыутIыпщу хабзэ дахэхэр зэрахэтлъхьэным дыхущIокъу. Си дежкIэ творчествэри егъэджэныгъэ Iуэхури зэкIэщIэпч мыхъун IыхьитIщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, а езгъаджэхэм я ехъулIэныгъэхэр си хэхъуэщ икIи ахэр нэхъыбэрэ утыку къизгъэхьэмэ, я зэфIэкIыр цIыхухэм къезгъащIэмэ, нэхъ къызощтэ. Сэ уэрэд жыIэнкIи утыку итынкIи хьэкъ къыстенакъым. Иджы къэкIуэнур зей щIэблэр утыкум къишапхъэщ. Абыхэм я ехъулIэныгъэм сэ къару ин къысхелъхьэ, си лэжьыгъэр пщIэншэ зэрымыхъуар, дяпэкIи а Iуэхум пыщэн зэрыхуейр къызгурегъаIуэ. Си деж щеджа Савейкэ Лидие Италием сшэри, Озимэ къалэм дэт консерваторэм щIэзгъэтIысхьащ. Дауи, ар сызэрытепсэлъыхьым хуэдэу тыншу къыдэхъулIакъым. Хъыджэбзыр а консерваторэм щIэдгъэтIысхьэну япэу зигу къэкIари тегушхуари сэращ. Лидие итальяныбзэ ищIэртэкъым, сэ, куэдми - мащIэми, зыгуэр сщIэрт. Сытми, Италием докIуэ, оперэ театрым къызэрыщыдэдэIуэнум зыхуэтщIу. Дынэса иужьщ дызытегушхуа Iуэхум и инагъыр къыщызгурыIуар. А махуэм сыгузавэурэ си IэштIымыр апхуэдизкIэ быдэу скъузати, IэбжьанапIэхэр си Iэгум иджыри махуитIкIэ хэкIыжакъым. А еджапIэ нэхъыщхьэ цIэрыIуэм щIэтIысхьэн мурад яIэу Франджым, Японием, Испанием, Куржым, нэгъуэщI къэрал куэдым къикIахэр къекIуэлIат абы. Си хъыджэбзыр ещанэу утыкум къихьэри, фIы дыдэу зыкъигъэлъэгъуат. Ауэ, пцIыр сыткIэ щхьэпэ, абы фIы дыдэу зыкъыщызыгъэлъэгъуар сэ сшам и закъуэтэкъым, атIэ адрейхэми зэфIэкI ин къызыкъуахат. Сыхьэтыр тхум консерваторэм щIэтIысхьахэм я цIэ-унэцIэхэр къыфIадзат. ЦIыхуитху абы щIэхуауэ арати, ди хъыджэбзри яхэтт. Си гъащIэм гуфIэгъуэ нэпс зыбжанэрэщ щыщIэзгъэкIар - абдежи зысхуэIыгъатэкъым. Сэ схуэдэу цIыхукIэ, еджакIуэкIэ къулей куэд щыIэу къыщIэкIынкъым, насыпыфIэ сащI си деж щеджэхэм я ехъулIэныгъэм, зэфIэкIым. Псом хуэмыдэу сфIэфIщ сэ езгъэджахэм я гъусэу зы утыку сыкъыщихьэкIэ. ИджыкIэ езгъаджэ студентхэм ящыщу еплIанэ курсым щIэс Ныр Заур и макъым зилъэщIри, дахэ дыдэ хъуащ. КъищынэмыщIауэ, абы егъэджакIуэфI дыдэ къыхэкIыну си гугъэщ. Ещанэ курсым щIэсхэу Дэхъушокъуэ Катя, Щоджэн Астемыр (2-нэ курс), Шагъырбий Елдар (1-нэ курс) сыми си Iуэхум къыпащэну, зыхуедгъэджам ирилэжьэну сащогугъ. А цIыкIухэм къауха нэужь, дигу пымыкIыу, ди нэпс къытфIекIуэурэ дызэбгъэдокIыж (мэдыхьэшх). Ауэ гъащIэ гъуэгуанэ техьэ ныбжьыщIэхэм я къэкIуэнур дахэ зэрыхъунум шэч къытесхьэркъым икIи сэ абы папщIэ схузэфIэкIымкIэ дэтхэнэми зыщIэзгъэкъуэну сыхьэзырщ. Сэ гурэ-псэкIэ къабзэу сызыбгъэдэт цIыхур апхуэдэу къысхущытыжыну сыхуейщ. НэгъуэщI зэхэтыкIэм сэ сыхэзэгъэнукъым.
Поделиться:
Читать также:
03.10.2024 - 15:00 →
Дунейр зыхуэныкъуэ цIыху
03.10.2024 - 12:00 →
Сабийхэм зыщаужь
03.10.2024 - 11:00 →
ГъащIэм узэреплъщ
01.10.2024 - 14:49 →
Псэр зыгъэлъатэ
01.10.2024 - 10:38 →
ЩIыуэпсыр зыхэзыщIа сурэтыщI
|