|
|
Щэнхабзэ
27 февраля, 2026 - 09:26
Хъыбарыжьхэр (абыхэм тхыдэжькIи еджэу урохьэлIэ) IуэрыIуатэм и зы жанру зэрыщытым шэч хэлъкъым; лIэщIыгъуэ Iэджэм къыкIуэцIрыкIащ абыхэм я нэхъыбапIэр, ди лъэпкъымрэ ди лъахэмрэ я нэгу щIэкIа бэнэныгъэм, гугъуехьхэм, псэзэпылъхьэпIэ дакъикъэхэм я тхыдэ пэлъытэу. УапкърыплъыхьыIуэмэ, дэтхэнэ хъыбарыжьми къыхэбгъуэтэнущ зэгуэр дунейм тета цIыху гуэрым и лъэужь. Пэжщ, зэман кIыхьым а хъыбарым таурыхъ теплъэ щритри мащIэкъым, итIани абы и купщIэр къызэтонэ, иужькIэ сыт хуэдэ зэхъуэкIыныгъэ халъхьэми. Аращ адыгэ хъыбарыжьхэм я нэщэнэ нэхъыщхьэр - тхыдэм и пэжыпIэкIэ зэрыгъэнщIарщ.
26 февраля, 2026 - 11:41
УэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Гъуэт Хъусин псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъунут. Илъэситху хъуащ ар къызэрытхэмытыжрэ, ауэ Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгей, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм щыпсэу лъэпкъ интеллигенцэм, адыгэм щыщу абы и гуащIэм щыгъуазэ дэтхэнэми и гум ихуркъым щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа лIы бэлыхьыр.
25 февраля, 2026 - 12:00
Къэбэрдей литературэр зэфIэувэным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа тхакIуэщ ЩоджэнцIыкIу Алий. Абы и IэдакъэщIэкIхэрщ лъэпкъ литературэр гъуэгуанэщIэ тезыгъэувари зыужьыныгъэм хуэзышари. УсакIуэ гъуэзэджэр зымыцIыху, абы и тхыгъэхэм щымыгъуазэ яхэтын хуейкъым ар къызыхэкIахэми. КъищынэмыщIауэ, ЩоджэнцIыкIум и зэфIэкIыр, и гуащIэр зыхуэдэм щыгъуазэщ нэгъуэщI лъэпкъхэм къыхэкIахэри. Абы и щыхьэтщ Алий теухуауэ цIыху щэджащэхэм жаIауэ тхыдэм къыхэнахэр.
25 февраля, 2026 - 09:26
КъБР-м и цIыхубэ артист, Урысей Федерацэмрэ Санкт-Петербургрэ я Композиторхэм я зэгухьэныгъэхэм хэт, композитор, пианист, дуней псом и цIыху цIэрыIуэхэм ядэлажьэ Къэбэрдокъуэ Мурат лъэпкъыр дызэрыгушхуэхэм ящыщщ.
18 февраля, 2026 - 09:10
«Гардарика Кавказа» арт-фестивалым хыхьэу, Санкт-Петербург къикIа хьэщIэхэм КъБР-м и Лъэпкъ музейм мы махуэхэм щрагъэкIуэкI лекцэхэр, зэхыхьэхэр, мастер-классхэр, пшыхь щIэщыгъуэхэр.
18 февраля, 2026 - 09:00
ЦIыхуфIхэм ятеухуа хъыбархэр сыт хуэдэ зэманми щхьэпэщ. Ахэрщ гум къэкI фIым укIэлъыкIуэну утезыгъэгушхуэр. Уи фIэщу узыхущIегъуэжа щыуагъэр зэрыбгъэзэкIуэжын Iэмал къозытри ахэрщ.
Зэгуэрым Динар и къуэ Малик щIэныгъэлIышхуэм и гъунэгъум и псэр зэрыхэкIыр къыжраIати, абы и деж екIуэкIащ. И псэм еджэу телъ лIым бэлыхьышхуэ зэригъэвыр и нэкIум къищырт.
- Сыт ухуэдэ? - щабэу еупщIащ абы Алыхьыр арэзы зыхуэхъун Динар.
- IуащхьэшхуитI, тIури мафIэм къыхэщIыкIауэ, си пащхьэ кърагъэуващ, тIуми сыдэкIуеин хуейуэ сыхагъэзыхь, - къритащ гъунэгъум жэуап.
12 февраля, 2026 - 13:16
Къэбэрдейр къыщежьахэм ящыщщ «Андемыркъан и уэрэдыр». Иджы абы къэбэрдей уэрэдкIэ деджэ хъунущ, сыту жыпIэмэ «Къэбэрдей» цIэр Андемыркъан и уэрэдым къыхощ: «КъэбэрдеищIым Андемыркъан щызоуэ» жеIэ уэрэдым.
Бахъшысэрей зекIуэм къикIыжа нэужь, Талъостэн лIэри абы и шынэхъыщIэ Беслъэн ПцIапцIэ теуващ. 1532 гъэм Беслъэн Астрахъан зекIуэр къызэригъэпэщащ. Абы кIуа шуудзэм Индыл и икIыпIэр къахуэзыхутар, куэдым зэрыжаIэмкIэ, Андемыркъанщ. Беслъэн и Астрахъан зекIуэм уэрэд траусыхьакъым, траусыхьами, ди деж къэсакъым.
12 февраля, 2026 - 11:10
ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щIышылэм и 30-м фэеплъ пшыхь щекIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщащ УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и цӀыхубэ артист, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, адыгэ макъамэ гъуазджэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ, этномузыковед телъыджэ, уэрэджыӀакӀуэ цӀэрыӀуэ Бэрэгъун Владимир къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу.
11 февраля, 2026 - 12:47
Лъэпкъ балладэм иIэ щхьэхуэныгъэхэм теухуа тхыгъэ купщIафIэ иIэщ филолологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Къэжэр Иннэ. Абы и лэжьыгъэм щыщ зы Iыхьэ, тхакIуэхэу Къагъырмэс Борисрэ Бицу Анатолэрэ я IэдакъэщIэкIхэр и тегъэщIапIэу итхам фыщыдогъэгъуазэ.
«Балладэ жанрым и тхыдэ гъуэгуанэм уриплъэжмэ, къыжыIэн хуейщ псом япэу ар уэрэду (къызэрыфэ макъамэу) къызэрежьар. Арагъэнщ иджырей языныкъуэ лъэпкъ балладэхэм макъамэр образ хэха щIахуэхъур. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, Къагъырмэс Борис «Паганини» зыфIища и балладэр.
11 февраля, 2026 - 08:01
Къэбэрдей тхыдэр къэзыIуэтэж тхыдэ-лIыхъужь уэрэдхэм я гъэпсыкIэм дытепсэлъыхьын и пэ къихуэу, щIыпIэм щыпсэуа адыгэхэм я тхыдэм къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэм кIэщIу датемыпсэлъыхьмэ, тхыдэ-лIыхъужь уэрэдхэр къызэрежьауэ щытар гурыIуэгъуэ хъунукъым.
Страницы
|