Бжьыпэр зыIыгъыр хэку лъагъуныгъэрщ

Иджырей лъэхъэнэр – ХХ лIэщIыгъуэм и 90 гъэхэм къыщегъэжьарэ иужьрей илъэс тIощIыр къызэщIиубыдэу – къапщтэмэ, шэрджэс усыгъэм зыужьыныгъэшхуэ игъуэтауэ пхужыIэнукъым, абы хэлэжьыхь усакIуэ нэхъыщIэхэм я бжыгъэр зэрымащIэ дыдэм къыхэкIыу. Нэхущ Мухьэмэд, Дыгъужь Къурмэн, Бемырзэ Мухьэдин сымэ дунейм зэрехыжрэ, шэрджэс усыгъэр куэдкIэ нэхъ фагъуэ хъуащ, абы и зыужьыныгъэри къэбэрдей усыгъэм хэпщIыкIыу къыкIэрыхуащ. Апхуэдэу щытми, нобэкIэ абы телажьэу, усэ хъарзынэхэри я Iэдакъэ къыщIэкIыу, тхылъ щхьэхуэуи къыдагъэкIхэу я цIэ къипIуэфынущ усакIуэ нэхъыжьхэу Шорэ Хьэсин (Хьэгъундыкъуей), ГъукIэкъул Даут (ВакIуэ-Жылэ), Тхьэгъэпсэу Увжыкъуэ (Хьэгъундыкъуей), Хьэкъун Риммэ (Хьэбэз), Зэубыд Ахьмэд (Зеикъуэ), Шорэ Ахьмэд (Хьэгъундыкъуей) сымэ, нэгъуэщI зыбжанэми. Абыхэм я лъэмбым къиуващ усакIуэ щIалэхэу Брат Мурат, Бемырзэ Зураб, Чэнджэщауэ Артур сымэ, нэгъуэщIхэри. 

Шэрджэс усыгъэм нобэкIэ нэхъ жыджэру хэлыжьэхьыр Бемырзэ Зурабщ. Абы и IэдакъэщIэкIхэр гъащIэм и лъэныкъуэ куэдым хуэунэтIащ, Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэщIаубыдэ. Абыхэм уащрохьэлIэ гъащIэм и философие куу къызыпкърыщхэми, лъагъуныгъэ къабзэм теухуахэми, дыкъэзыухъуреихь дунейм и дахагъэхэр къызыхэщхэми. Ауэ Зураб и усыгъэм бжьыпэр щызыIыгъыр хэку лъагъуныгъэрщ, лъэпкъым и тхыдэми, и нобэми усакIуэр къуэпс быдэкIэ зэрыпыщIар къызыпкърыщ гупсысэхэрщ. ЖытIам и щапхъэу къэбгъэлъагъуэ хъунущ «Ди псыхъуэр сыту кIагъуэ, щэху…» усэр. Абы и пэщIэдзэм деж усакIуэм дунейм и дахагъымрэ и лъахэм хуиIэ гухэлъ къабзэмрэ зэгуэхыпIэ имыIэу зэхэухуэнауэ къыщегъэлъагъуэ: 
Ди псыхъуэр сыту кIагъуэ, щэху… 
Хоплъызэр дзэлхэр псыежэхым. 
Къохыжри уафэм вагъуэ шэху, 
Зы лъагъуэ закъуэ кърешэхыр. 
АдэкIэ усакIуэм къегъэщI хэкум и образ лъэщ, абы папщIэкIи щапхъэу къихьыр езыр щалъхуа, и сабиигъуэр щигъэкIуа щIыпIэрщ – Инжыдж псыхъуэрщ. И хэкум хуиIэ лъагъуныгъэр Бемырзэм зэIухауэ, мыхьэнэ зэхьэкIаи имыIэу, бзыщIаи хэмылъу, и усэм щегъэлъапIэ: 
Сыхуейкъым зыкIи сэ жэнэт, 
Ахърэту щыIэм я дахагъэм. 
Зы Инжыджыпс Iэбжьыб къызэт, 
Си псыхъуэм сыпызыщIэ уагъэу. 
Художественнэ къару лъэщкIэ псыхьащ Бемырзэм и лъагъуныгъэ лирикэри. Гухэлъым цIыху гъащIэм мыхьэнэуэ щиIэр усакIуэм и IэдакъэщIэкI куэдым куууэ къыщыIуэтащ. Абыхэм ящыщщ «Жейрысэ» зыфIища усэр:
 НапIэхэр зэ къебгъэлIыхмэ, 
Псалъэм уи Iупэр зэтрихмэ, 
ЩIым щIидзэжынщ кIэрэхъуэн. 
Темэхэм уахэплъэрэ, сыт нэхъ къызэрымыкIуэу Бемырзэ-нэхъыщIэм къехъулIэр жыпIэмэ, ар урысыбзэкIэ «граждан лирикэ» зыфIащ «къамэ къихыкIэращ». Зураб и усэхэр хэкулI усэ къудейкъым, хъулъхугъэ усэщ, и лъэпкъым и гукъеуэхэр, езым и псалъэкIэ жыпIэмэ, «лъынтхуэрыкIуэу» щызыхищIэу. Лъэпкъращ абы зыхужиIэр: 
Инжыдж псыхъуэм дохьэж хьэжрэту 
Хуитыныгъэр ищIауэ псэгъу. 
Дыгъужьыдзэу, пшагъуэкIэм хэту 
Тхыдэ къупщхьэм инату йогъу.
 Абы адыгэм и гукъеуэхэр къиIуатэ къудейкъым, пкърытщ, дэтхэнэ усэми фIыхыхьэу. Адэр, лъэпкъыр, къуажэр, хэкур зищIысыр, цIыхур уафэм къехуэха мывэ хъурейуэ зэрыщымытыр, езым ипэрэ иужькIэ ит чырэм къызэрыхэмыкIыфынур, ар узэбакъуэ мыхъун гуэру зэрыщытыр Зураб и IэдакъэщIэкI куэдым къыщыхегъэщ. 
 

 

Хэжь Ленэ.
Поделиться: