Усыгъэм къигъэщI гупсысэкIэм куэд щIауэ хабзэ хуэхъуа Iэмалхэм щIэ къыщыхэщым деж е усакIуэр зыгуэркIэ абыхэм бгъэдэкIыну, нэгъуэщI мыхъуми, щIэщыгъуэ гуэр хилъхьэну щыхэтым деж, ар ныбжьыщIэм гъуэгу щхьэхуэ къызэрилъыхъуэм и нэщэнэу жыпIэ хъунущ. ИпэкIи къызэрыхэдгъэщащи, зэман кIуэщIым «игъуэ нэмысу» дэкIуэд щIалэгъуэм ди усакIуэ щIалэхэр тепсэлъыхьырейщ, абы къыхэкIыу зэманыр зэрызыхищIэр, къызэрыщыхъур дэтхэнэми и усыгъэм къупхъэ щхьэхуэ гуэрым иригъэзэгъэну хущIокъу. Апхуэдэ образу КъуэщIысокъуэ Марьянэ и усэхэм кIэщI-кIэщIурэ къыщыхощ сыхьэтыр. Ауэ абы и дежкIэ зэманыр щIалэгъуэ IэщIэкIым и щыхьэт нэщхъейуэ къэмынэу («Дэнэ нэс ущыIэ, си ныбжьэгъу? / Дэнэ къыщызна щIалэгъуэ дахэр?» «Къигъэзэжынукъым блэкIам, / АлейкIи умылъыхъуэ…»), и гъащIэм купщIэ къезыт, щIэщыгъуэ къыхэзылъхьэ къару мэхъу:
Къытезнащи стIолым нэзмытхысу усэ,
Зэгуэр къэзгъуэтыжмэ, естыжынщ кIэух.
Гъатхэ дыгъэ, зэкIэ усэм уемыIусэ, –
ЗэсхъуэкIынущ Iэджэ, гъуэгум сытетыху.
Къэбэрдей усакIуэ ныбжьыщIэхэм я усыгъэр зэщIыгъуу къапщтэмэ, ищхьэкIи къызэрыщыхэдгъэщауэ, абы щытепщэр лъагъуныгъэ, зэныбжьэгъугъэ мотивхэрщ, дунейм и теплъэр къэгъэлъэгъуэнырщ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, пейзаж лирикэрщ. Абы и щхьэусыгъуэри гурыIуэгъуэщ: ахэр нэхъыбэу зыхуэусэр езым я ныбжьым къитIасэ, нэхъ яфIэгъэщIэгъуэн икIи яфIэщIэщыгъуэ темэхэрщ. Хэкум и образыр къэбгъэщIын папщIэ, абы и тхыдэм куууэ ущыгъуазэу, и къэкIуэнум пIейтеигъэу, шынагъэу хэлъхэр акъылкIэ зэбгъэзэхуэфу щытыпхъэщ. Дэ дызэреплъымкIэ, усакIуэ щIалэгъуалэр хэкумрэ лъэпкъымрэ ехьэлIа гупсысэхэм иджыри ныбжькIэ хуэмыхьэзыру аращ.
Гугъуэт Заремэ и усэхэм куэдрэ ущрохьэлIэ хэкум и образ уардэм, ар нэхъыбэу къызэрыгъэлъэгъуари абы и теплъэ дахэмкIэщ:
Удзхэр губгъуэм щоуфафэ,
Хьэндырабгъуэ тесщ гъэгъам.
Псыежэх, мэзышхуэ, тафэ, –
МащIэ уигу хэзыгъэхъуэн…
Гугъуэт Заремэ и усэхэр Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ къытохуэ, «КъудамэщIэ» (2009), «Шыхулъагъуэм и вагъуэхэр» (2010) сборникхэм хагъэхьащ. 2016 гъэм усакIуэ ныбжьыщIэм и «Хьэуа Iубыгъуэ» япэ усэ сборникыр «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ.
«Хьэуа Iубыгъуэ» тхылъыр Гугъуэтым и япэ лъэбакъуэщ. Абы ихуа усэхэм гъащIэм и плъыфэ куэд къыщызэщIэкъуащ: гухэлъ къабзэри, гуапагъэри, гущIэгъури, фIыщIэри, губгъэнри, гуфIэгъуэри, нэщхъеягъэри. УсакIуэр сыт хуэдэ мыхъумыщIагъэ иримыхьэлIами, дунейм и дахапIэр къыхелъагъукIыф, дэтхэнэ лъэпощхьэпоми къыпекIуэкIыфу, езым и гъуэгу екIуж. Псалъэм папщIэ, зи гугъу тщIыхэр щынэрылъагъущ «СыгущIыIэу жызыIэм» усэм. Образ гъэщIэгъуэнхэмкIэ абы къыщыIуэтащ усакIуэм и псэкупсэ дунейм и щытыкIэр, гъащIэм гъуазэ щыхуэхъу гупсысэхэр:
Пщэдджыжьыпэм и джийм
Ирегъэх уэсэпс щIыIэ.
СыблэкIынущ иджы
СыгущIыIэу жызыIэм.
СыблэкIынущ зэгуэр
СыгущIыIэу жызыIэм.
Хэт хищIыкIрэ зыгуэр
А гу щIыIэм ишыIэм.
Гугъуэт Заремэ и тхылъми и усыгъэр къызэщIэкъуауэ къапщтэми, гурыщIэр щытепщэщ. Абы щыгъуэми лирикэ лIыхъужьым и лъагъуныгъэр зэмылIэужьыгъуэщ, зы пIэмрэ зы хьэлымрэ иткъым, атIэ зихъуэж-зиужьу къогъуэгурыкIуэ. Апхуэдэ лъагъуныгъэм и лъабжьэщ гумащIагъэр, гуапагъэр, гущIэгъур. Псом хуэмыдэу иужьрейр щынэрылъагъущ «Гъатхэм зыхуегъафIэ жыг къудамэм…» усэм. УсакIуэм гущIэгъу ин хэлъу къегъэлъагъуэ зи къудамэр паупщIа жыгым къылъыса гуауэшхуэр:
Мес, къохуэх, къыгуоху къудамэр жыгым,
ЩIыр къигъаскIэу, удзым къыхэхуащ,
Ар зи нэгу щIэкI жыгым и гъэгъахэр,
Нэпсым хуэдэу, щIылъэм телъэлъащ.
Гугъуэт Заремэ и усыгъэм зызэкъуих къудейщ, абы и творческэ гъуэгум и щIэдзапIэ дыдэщ. И япэ тхылъри, и IэдакъэщIэкI тхыгъэхэм языхэзри зэрыщыхьэтщи, ар лъэпкъ литературэм, къапщтэмэ, усыгъэм хэлъхьэныгъэ пыухыкIахэр хуэзыщIыфыну гугъэ уэзыгъэщI усакIуэщ. Ди къэхутэныгъэм къызэригъэлъэгъуащи, къэбэрдей-шэрджэс усакIуэ ныбжьыщIэ куэдым я усыгъэм лирикэ гупсысэкIэр йобэкI. Апхуэдэу щытми, абыхэм хэкупсэ мотивхэр щытепщэ усэхэри, философие гупсысэкIэ псыхьахэри, щIыуэпсым и теплъэ дахэ къызыхэщ тхыгъэхэри адыгэбзэ дахэкIэ яузэдыф.