Адыгэ уэрэдхэм я пшыхь

Налшык профсоюзхэм ЩэнхабзэмкIэ я уардэунэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Вагъуэбэ жэщ» концерт гукъинэжыр. Ар ирагъэкIуэкIащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артист, «КъБР-Медиа» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и «1 КъБР» телевиденэм и лэжьакIуэ ТIымыжь Владимиррэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актрисэ ДыщэкI-ХьэхъупащIэ ФатIимэрэ.
Пшыхь гуапэр ягъэдэхащ уэрэджыIакIуэхэу Мамий Аслъэн, ТхьэкIумащIэ Аслъэн, Аслъэн Iэсият, Бэчхэ Азэмэтрэ Ренатэрэ, Хъусинхэ Анзоррэ Замирэрэ, Хьэтыхъу Вадим, ДыщэкI Артур, Къэгъэзэж Аниуар, Евгъэжыкъуэ Алибэч, Къуэдзокъуэ Ислъам, Цагъэ Арсен, Къуэдз Залым, Щокъуий Мурат, ШыкIэбахъуэ Ислъам, Бэрэздж Мадинэ, Чэрим Ислъам, Тезадэ Астемыр сымэ, «Нал цIыкIу» сабий ансамблым, пшынауэ Жыгун Эдуард сымэ, нэгъуэщIхэми. «ГушыIэр Тхьэм и щIасэщ» адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэм хуэдэу, кърихьэлIахэм ягу дыхьауэ Iэгуауэ ин хуаIэтащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артистхэу Къардэн Зауррэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ ягъэлъэгъуа иджырей гушыIэ теплъэгъуэм. ГушыIэ жыпIэми, нобэрей гъащIэм узыщрихьэлIэ, щIалэгъуалэм я зэхущытыкIэм щыщ, хабзэм къемызэгъ Iуэхугъуэ куэд къызэщIрагъэубыдат абы, зы лъэныкъуэкIэ зрагъэплъыжу я хьэл-щэнхэм кIэлъагъэплъыжыну пIэрэ жыуигъэIэу. 
Адыгэ уэрэдхэр фIыуэ зылъагъухэм пшыхьым я нэгу зыщрагъэужьащ, артистхэм я уэрэдхэм дежьууэ, Владимиррэ ФатIимэрэ я гушыIэ дахэхэм щIэдэIуу. КъыжыIапхъэщ, уэрэдкIэ, къафэрэ гушыIэкIэ гъэнщIа концертыр и пэм щыщIэдзауэ и кIэм нэс адыгэбзэкIэ зэрырагъэкIуэкIар. Ар зы сыхьэткIэ зэфIэкIыну яубзыхуами, сыхьэтищым нэблагъэкIэ зрагъэубгъуащ, абы зыкърезыгъэхьэлIахэм я лъэIукIэ артистхэр ягу пымыкIыу утыкум щIэрыщIэу кърашэжурэ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: