Чеховым и хадэ телъыджэр

Кърымым, Ялтэ, щыIэщ урыс тхакIуэшхуэ Чехов Антон и унэ-музейр, цIыхубэр «дачэ хужькIэ» зэджэр. Абы хэтщ жыг зэмылIэужьыгъуэ куэд щыкI хадэ телъыджэ. Жыг хадэр гъэм и сыт хуэдэ зэманми дахэщ
Чехов Антон и блокнотхэм ящыщ зым и жинтым тетщ «Хадэ» жиIэу. Абы урысыбзэрэ латиныбзэкIэ итщ езым и хадэм щыхисауэ щыта жыгхэмрэ чыцэхэмрэ я фIэщыгъэхэр: тюльпан жыг, сабын жыг, сакурэ, къущхьэхъушей (рододендрон) - нэгъуэщIхэри. Чеховым и хадэр телъыджэт, и IэдакъэщIэкIхэм щыщ зы Iыхьэу жыпIэ хъунут, апхуэдизкIэ игъэдахэрт, игъэщIэращIэрт, егугъурти. Егупсысауэ, псори зэпилъытауэ хисэрт къэкIыгъэхэр. АтIэ аракъэ художественнэ тхыгъэми и ухуэкIэр! 
Зэгуэр Кърымым къыщищэхуауэ щытащ жызум щащIэу щыта щIы IэнэщIыр. Чеховым и шыпхъу Марие игу къигъэкIыжырт мывэ кIэщхърэ тхьэрыкъуэфым къыхэмыщ щIыр и дэлъхум къригъэлъэгъуауэ зэрыщытар. Езы Чеховыр гуфIэу тепсэлъыхьырт щIым хуимурадхэм. Дэнэ деж сыт къыщигъэкIынуми и нэгум къыщIигъэхьэрт. Ауэ мывэ щыкуэд щIым  егугъуу зыхуей хуигъэзэн хуей хъуащ, а щIым зэрехъуапсэм лъэIэсын папщIэ. «Дыгъуаси ноби хэссащ жыгхэр. Сыту гухэхъуэгъуэ!» - хуиIуэхурт иужькIэ и шыпхъум. 
1900 гъэм и мазаем Чеховым и щхьэгъусэм хуитхыгъат: «Бжьыхьэм щIапIэм щыхэсса розэ 70-м ящыщу щIым хэмыкIар щы къудейщ. Лилиехэр, ирисхэр, тюльпанхэр, туберозхэр, гиацинтхэр щIым къыхопщ. Вербэр удзыфэ дахэ хъуащ. Хадэм тетIысхьэпIэхэр хэзгъэуващ, шыгун лъакъуэ зыщIэт лъапIэхэм хуэдэкъым, атIэ пхъэм къыхэщIыкIахэрщ. Ахэр лэч удзыфэкIэ злэнущ. ПсыIэрышэм щхьэщыкIыу лъэмыж цIыкIуищ теслъхьащ. Пальмэхэр хызосэ…»
ПIалъэкIэ ежьэн хуей щыхъум, Чехов и шыпхъум анэмэту къыхуигъанэрт и къэкIыгъэхэр: «Сыщылажьэ пэшым щIэт къэкIыгъэ лъэхъцыбэм махуищым зэ псы щIэпкIэн хуейуэ аращ. Пхъэхуейм пэгун щырыщу псы щIэкIэ тхьэмахуэм зэ. Камелиемрэ азалиемрэ уэшхыпсщ щIэпкIэ хъунур. Эвкалиптхэр мывэхэм нэхъ япэгъунэгъуу хэтщ – ахэр махуэ къэс псы хуэныкъуэнущ». 
Хамэ къэралхэм щыIэ жыггъэкIхэр и цIыхугъэ хъуат Чеховым. ТхакIуэр зыбгъэдэсу лажьэу щыта стIолым и къыдэгъэжым дэлъщ нэмыцэ хадэгъэкI фирмэхэм я каталогхэр. 
Чехов и хадэм иджы жыг 800 нэс итщ. Абыхэм яхэтщ Чехов и Iэр зылъэIэса – зэлIэлIахэр. ТхакIуэм хадэр хисащ илъэс хъурейм «псэ Iутын», щIэрэщIэн хуэдэу. Зы жыг лIэужьыгъуэм и щIэрэщIэгъуэ зэманыр икIакъэ, абы ирихьэлIэу нэгъуэщIым и дахэгъуэу ирохьэлIэ. Инджылыз философ Бэкон Фрэнсис а Iэмалым «гъатхэ хъурей» фIищащ. 
Чехов Антон фIэфIт и хадэм къыщикIухьын. Абы щыгъуэм и ужьым итт и хьитIыр – Каштанрэ Тузикрэ. Хадапхэм «Горькэм и тетIысхьэпIэ» зыфIащыжар итщ. Абдеж тхакIуитIыр тесын яфIэфIт уэршэру. Чеховым Ялтэ щиIа унэм и бжэр яхузэIухат, абы и ныбжьэгъухэм - Куприн, Бунин, Станиславский, Немирович-Данченкэ, Левитан, Шаляпин, нэгъуэщIхэми. Зэгуэр Левитан Исаак Чеховым и деж щыIэу ищIауэ щыта сурэтыр тхакIуэм и унэм и пэшхэм ящыщ зым и блыным фIэлъщ. 

 

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: