Адыгэбзэм, адыгэ лъэпкъым, щэнхабзэм я псынэ

ЦIыхухэмрэ IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэмрэ, газетхэмрэ журналхэмрэ е нэгъуэщI зыгуэрхэм я ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ щрикъур гъэлъэпIэныр, абыхэм теухуа нэтынхэр, тхыгъэхэр гъэхьэзырыныр хабзэ дахэщ. Мы гъэм зи юбилеир тIэтахэм ящыщщ «Iуащхьэмахуэ» журналри. Адыгэ лъэпкъ литературэм и кIыщу къэплъытэ хъуну къыдэкIыгъуэр фокIадэ мазэм илъэс 65-рэ ирикъуащ. Абы щылэжьахэми, итхэр нэхъуеиншэу щIэзыджыкIхэми, зи тхыгъэ щIэх-щIэхыурэ къытехуэ тхакIуэ-усакIуэхэми хужаIэн зэракуэдыр хьэкъ тщыхъуащ къытхуатха тхыгъэхэмкIэ, телефонкIэ къытхужаIа псалъэ гуапэхэмкIэ. Абыхэм ящыщ зыбжанэ «Адыгэ псалъэ» газетым и электроннэ къыдэкIыгъуэм тыдодзэ. 
 
ЖьакIэмыхъу КIунэ, Урысей Федерацэми Къэбэрдей-Балъкъэрми щIыхь зиIэ я артисткэ: - «Iуащхьэмахуэ» журналымрэ «Адыгэ псалъэ» газетымрэ куэд щIауэ лъэпкъым ди ущиякIуэщ, ди чэнджэщэгъущ. Абыхэм я зы къыдэкIыгъуэ ди унагъуэ къимыхьэмэ, сыкъемыджэу блэзгъэкIмэ, къысхуэщхьэпэн, гухэхъуэгъуэ къызэзытын Iуэхушхуэ гуэр сыхэкIыжауэ, сыхуэныкъуэу къысщохъу… ФэрыщIагъэу къащыхъун си гугъэкъым ахэр хьэуа дызэрыбауэм, псы щIыIэ дызэфэм, ерыскъы тфIэIэфIу тшхыхэм яхуэзгъадэмэ. Абыхэм языхэз уимыIэу упсэуфынукъым. Нобэ зи махуэ ягъэлъапIэ журналыр си Iэпэгъущ, куэд щIауэ сэри си дэIэпыкъуэгъущ. Абы къисха тхыгъэ хьэлэмэт куэд сэ сценэми гъащIэми къыщызогъэсэбэп… Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэ еджапIэм щызгъасэ цIыкIухэм сэ зэи саIущIэркъым а журналыр сымыIыгъыу. Си гуапэщ «Iуащхьэмахуэр» жьыщхьэ махуэ ухъуну, гъащIэ кIыхь дыдэ къэбгъэщIэну. Си зы чэнджэщи узохьэлIэ: сэ сыхуейт тхэным, усэным гу хуэзыщIа ныбжьыщIэхэм я тхыгъэхэмкIэ нэхъыбэрэ укъытхуэупсэну. Аращи, адэкIи гъуэгу махуэ, ди «Iуащхьэмахуэ»!
Жылэтеж Сэлэдин, тхакIуэ (2013): - ЛIэщIыгъуэ Iэджэ къызэпызыча тхыдэ зиIэ тхылъхэм, журналхэм елъытауэ, ди «Iуащхьэмахуэм» къикIуа илъэс щэ ныкъуэрэ тхур лъэхъэнэ кIыхьу пхужыIэнкъым, ауэ, апхуэдэу щыт пэтми, абы къалэнышхуэ хуигъэзэщIащ лъэпкъым, мыхьэнэшхуэ иIащ адыгэ литературэр зэфIэгъэувэнымкIэ, адыгэбзэм зегъэужьынымкIэ. ТхакIуэм и къалэмыпэ къыщIэкIа тхыгъэр тхылъ щхьэхуэу къыдигъэкIыху, нэхъ мащIэ дыдэрами, илъэс зытIущ докI. А къалэн лъапIэр пIалъэ кIэщIым къриубыдэу «Iуащхьэмахуэ» журналым тхузэфIегъэкI – зэрыжыпIэнуращи, тхыгъэм и Iэпэр иIыгъыу библиотекэхэм, еджапIэхэм тхущIишэкIэрэ, абы и щIэджыкIакIуэ зэрыс унагъуэхэм хьэщIэ щIэщыгъуэу яхуеблагъэкIэрэ.
Сэ си тхыгъэ япэ дыдэ «Iуащхьэмахуэ» журналым къыщытехуар 1961 гъэращ. А зэманым арщыдандэсхэм я цIэр жыжьэ нэсат, нартыху бэв къэгъэкIыным зэрыхуэIэкIуэлъакIуэм и фIыгъэкIэ. 
Ди лэжьакIуэ нэхъ пажэ дыдэхэм ятеухуа тхыгъэхэр, сурэтхэр «Комсомольская правда» газетым, «Огонек» журналым нэгъунэ къытехуэрт. Сэри а лъэхъэнэм ди къуажэм и комсомол организацэм и секретару сылажьэрти, фIыуэ сыщыгъуазэт колхозым и Iуэху зыIутхэм, ди цIыху гуащIафIэхэм я ехъулIэныгъэхэм. Абы къыщымынэу, сэ сыкъуажэ корреспондентти, си тхыгъэхэр республикэм къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ я напэкIуэцIхэм щIэх-щIэхыурэ щыплъагъунут. Литературэрат хуабжьу сыдэзыхьэхри, си псэр зыхэлъри, усэ тIэкIуфэкIухэри зэзэмызэ къысIэщIэтхыхьырт, пьесэ нэгъунэ стхыну зеспщытырт. Апхуэдэ зэфIэкIхэр къыщызыкъуэсхкIэ, дауэ слъэкIынт ди цIыху пэрытхэм усэ ятезмытхыхьыну! «Нартыху гуащэ» фIэсщри, усэ хуэстхат ди нартыхугъэкI пашэ, орден зыбжанэ зыхуагъэфэща Сэбаншы Женя. Арат «Iуащхьэмахуэ» журналым къытехуари. Абы лъандэрэ илъэс щэ ныкъуэм нэблэгъа пэтми, тхылъ пщыкIутхум нэс къыдэзгъэкIами, си тхыгъэхэр илъэс къэс зэ жыхуаIэм хуэдэу а журналым къысхутрадзэми, иджыри сыщIохъуэпс си къалэмыпэ къыщIэкIа абы къытехуэным. Апхуэдэ къызэхъулIа нэужьи, ар махуэ зыбжанэкIэ схуэмыгъэтIылъу къыздызохьэкI, къызэтесхмэ, сыкъеджэм, зэтеспIэжу, щIыхьышхуэ зыхуэсщI «Iуащхьэмахуэм» ит тхыгъэфIхэм, тхыгъэ 
хъарзынэхэм сэ си IэдакъэщIэкIри зэрахэхуам, зэрахэзэгъам сыщыгуфIыкIыу.
«Iуащхьэмахуэм» и редакцэм къищта, къыхиха тхыгъэхэр нэтхыса зэрыхъуам, ар зыхуей зэрыхуэзам шэч лъэпкъ къыщIытепхьэжыни щыIэкъым. Ар журналым и кхъузанэм икIамэ, къохъулIауэ убж хъунущ. «Iуащхьэмахуэм» къытехуа тхыгъэм пщIэ егъуэт, ар зытхар нэхъ лъэ быдэкIэ лъэпкъ литературэм хэувауэ ябж. А журналыр адыгэ щэнхабзэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщI тхылъщи, и гъуэгу кIыхьрэ махуэу адыгэ лъэпкъым и фIым ар куэдрэ телэжьэну Тхьэм жиIэ! 
Тхьэзэплъ Хьэсэн, «Литературная Кабардино-Балкария» журналым
и редактор нэхъыщхьэ (2013 гъэ): - Лъэпкъ щэнхабзэр, литературэр щаузэщI, щапсыхь кIыщымкIэ дызыпыщIа ди ныбжьэгъухэ, ди лэжьэгъухэ, зи цIэр зефхьэ ди Iуащхьэмахуэ елъэгэкIын пщIэрэ гуфIэгъуэрэ къыфхуэзыхьын тхыгъэфIхэмкIэ фи «Iуащхьэмахуэр» зыIэтын, абы и гъуэгуанэр кIыхь зыщIын фыщымыщIэну Тхьэм дыфхуолъэIу. Ди Iуащхьэмахуэ бгышхуэмрэ фи «Iуащхьэмахуэ» журналымрэ лъэбакъуэу яку дэлъым хуэдиз илъэс бжыгъэкIэ фи журналыр къыдэкIыну, фэри апхуэдиз гъащIэрэ насыпрэ фиIэну дыфхуохъуахъуэ.
Пщыбий СулътIан, Ветеранхэм я Налшык къалэ советым хэт: - Хэку зауэшхуэм и ветеран сэ сызыдэлажьэхэми, си щхьэми, ди унагъуэм исхэми къабгъэдэкIыу фи юбилей дахэмкIэ сынывохъуэхъу «Iуащхьэмахуэ» журналыр зи жьэгу пащхьэу ди адыгэ тхакIуэ, усакIуэ псоми. Хэхауэ сехъуэхъуну сыхуейщ а журналыр зыгъэпсхэу редакцэм щылажьэ цIыху емызэшыжхэм. ЗэвгъащIэ: «Iуащхьэмахуэ» журналыр ящыщщ ди лъэпкъыр нэхъ зэрыгушхуэу иIэхэм. Абы и напэкIуэцIхэм дэ къыщыдогъуэт дигухэм, ди псэхэм къапэджэж, гъащIэ гъуэгуанэм пкIэлъей къытхуезыдз тхыгъэхэр.
Iуащхьэмахуэ и щыгур фи плъапIэрэ фи Iуэхум зиужь зэпыту екIуэкIыну гурэ псэкIэ сыфхуохъуахъуэ!
Iэщыж Борис, тхакIуэ, усакIуэ (2010): - ДрогуфIэ «Iуащхьэмахуэ» журналым и Iуэхухэр зэрефIакIуэм. Абы щыхьэт тохъуэ журналыр и теплъэкIи, и гъэпсыкIэкIи нэхъ гурыхь зэрыхъуар. СхужыIэнукъым къытехуэ тхыгъэхэри нэхъыкIэ хъуауэ, сыту жыпIэмэ, дэтхэнэ литературэми хуэдэу, ди литературэми зеужь, нэхъ зэрызиIэтыным хущIокъу.
ДрогуфIэ журналым и редакцэм гулъытэ зэрыщыдгъуэтым, ди тхыгъэхэр Iумпэм зэрыщамыщIым. 
Аращи, Тхьэм нэхъри уригъэфIакIуэ, фIыуэ тлъагъуу, дызэрыгушхуэу ди «Iуащхьэмахуэ»!
Зытхыжар «Iуащхьэмахуэ» журналым жэуап зыхь и секретарь ИСТЭПАН Залинэщ.
Поделиться: