Тхылъым и уасэр къелэжьыж

           ЩIэныгъэншэу гъащIэм узэремызэгъынур пасэу къызыгурыIуа лъэпкъхэм ящыщщ китайхэр. Тхылъхэм я пщIэр къызэраIэтыжын Iэмалым адрейхэм нэхърэ нэхъ хуэIэзэу къыщIыщIэкIари арагъэнщ.            Дэ дызэхъуапсэр, дауи, щэнхабзэм удезыгъэхьэх Iэмалхэрщ.

    «КIэ зимыIэ тхылъ тыкуэн» зыфIаща, Чунцин къалэм дэт ухуэныгъэ хьэлэмэтыр дэри зэрытлъэгъуар сурэт къудейкIэщ. Апхуэдэ тыкуэн куэд Китайм дэзыщIыхьа Жунчан IуэхущIапIэр мы лэжьыгъэм цIэрыIуэ дыдэ ищIащ, ар зэраухуэ 2019 гъэ лъандэрэ. Фэри зэрыфщIэщи, ди лъэхъэнэм телефонымрэ тхылъымрэ зэрытемыгъакIуэу зоныкъуэкъу. ЩIэныгъэр къызыбгъэдэпхын Iэмалу игъащIэ лъандэм къекIуэкIыр щы къудейщ: ар е цIыху губзыгъэм къыбгъэдыбох, е тхылъыфI уоджэ, е езы гъащIэм уеущий. Хъыбарыншэ узымыщI телефоныр уи Iэпэгъу зэпыту упсэуну уеIэ пэтми, гупсэхугъуэм ухэту фIэкIа узылъэмыIэсыну акъыл зэгущым IэмалыщIэ псори езэгъыркъым. Иджыпсту тхылъыр телефонми требгъатхэ мэхъу, уеблэмэ къемыджэфхэм папщIэ «макъ тхылъхэр» къежьащ. Ауэ тхакIуэмрэ тхылъеджэмрэ къызэрызэбгъэдинэм нэмыщI, тхылъ тыкуэнхэмрэ библиотекэхэмрэ уи гум къилъыхъуэ щытыкIэм нэхъ утрагъэIэбэф.  ЩэхуакIуэхэр зыIэщIэзыгъэкIыну хуэмей тхылъ тыкуэнхэми махуэ къэс нэхъ гъэщIэгъуэну зыкъызэкъуах. Зым абы кофе ефапIэ хегъэхьэ. Адрейм сабийхэм папщIэ къуэгъэнапIэ къыщызэрегъэпэщ. Хэти абы щIэныгъэ зэIэпыхыпIэ гуакIуэ къыхещIыкIыф.

   Езыр къат-къату зэрызэтетым нэмыщI, Чунцин тхылъ тыкуэныр и унащхьэр гъуджэу, зы лъагагъым уикIмэ, адрейм утехьэу, кIэ имыIэу къыпфIэщу ящIащ. ЛэжьэкIэ зыщIэхэм, дауи, къалъыхъуэр зыщ – цIыхум нэхъыбэрэ тыкуэным сыщIэсарэт жрагъэIэнырщ. Хъурейуэ зызыIуантIэ дэкIуеипIэхэм зы цIыхур адрейм къытримыгъэхьэлъэу, щхьэж зыхуейм деж къыщыувыIэрэ тхылъхэм хэплъэныр тынш щищIу апхуэдэщ. Мыбы щумыгъуэтын тхылъ щыIэкъым, жыуигъэIэн хуэдизуи бейщ тыкуэныр.

         Архитектурэ телъыджэм и щапхъэу къалъыта мы унэшхуэр зыухуар  Сян Лищ. Китай псом апхуэдэ тхылъ тыкуэн зэмылIэужьыгъуэ куэд дэзыщIыхьа архитектор Iэзэм и Iуэху бгъэдыхьэкIэр гъуазджэм хэзыщIыкIхэм къацIыхуакIэщ. Уеблэмэ мы тыкуэным «тхылъ мэз» фIэзыщаи щыIэщ. Чунцин тыкуэнми,  мэзым хуэдэу,  хуиту зыщыбогъэпсэху, цIыхум и псэр щотынш, сыт щыгъуи игъэзэжыну хуейуэ. Нэхъ дахэжу а гупсысэр къиIуэтат езы архитекторым: «Мэзым хьэуа къабзэкIэ ущобауэ. ЦIыхум дежкIэ хьэуа къабзэр щIэныгъэрщ, ар имыIэу псэуфынукъым. ЗэрыбкIэ къэщыпа хьэрфхэм, япэрауэ, нэхъыжьхэм зэхуахьэса щIэныгъэр нэхъыщIэхэм лъагъэIэс, етIуанэу – ар яхъумэ».

     Ещанэ, еплIанэ къатхэм тет хьэщIэщхэм яхэлъ бжэхэр абджым къыхэщIыкIащи, зы пэшым къыщыхъур адрейм щыболъагъу. Блынхэр тхылъ телъхьэпIэрэ дапхъэу ещIэкIащ. Жэщ уэздыгъэ къомым нэхур гъэщIэгъуэну зэбграгуэшыкI, щэхуакIуэм и псэр яутIыпщыжыркъым.  СыщIэсу тхылъ седжарэт жызыIэхэми еджапIэ хьэщIэщхэр хузэлъыIуахащ, къуэгъэнапIэм хуэзэу,

      Тхылъ тыкуэным и адрей лъэныкъуэр сабийхэм хухахащ. Абы и блынхэр зыгъэщIэращIэ сурэтышхуэхэм нобэрей Чунцин къалэр къыуагъэцIыхуж, и тхыдэми щыгъуазэ уащI. Сабийм тхылъ еджэн хьэлыр зыхебгъэлъхьэну зэрымытыншым зыдащIу, архитекторхэр абыи егупсысащ. Ищхьэ къатыр кофе ефапIэщ, цIыху зэхуэсыпIэщ, тхылъ тепсэлъыхьыпIэщ. Унащхьэр абдежым гъуджэ тIуащIэ щохъури, нэм къиубыд псори нэхъ дахэж щIохъукI.

      КъищынэмыщIауэ, тыкуэным адэ-модэкIэ утIысу ущыуэршэрыфын тIысыпIэхэри щыболъагъу. Тхылъым щеджэн дурэш щэху, зэджам тепсэлъыхьыну Iэмал зимыIэ цIыху дапщэ щыIэ, лэжьыгъэм къыдэмыхуэу. Апхуэдэхэм я дежкIэ мы тхылъ тыкуэныр псэ тыншыпIэщ. Ар зыгъэлажьэхэри абы егупсысурэщ ухуэныгъэм псэ къызэрыхагъэхьар.  Нэхъыщхьэращи – щIэныгъэр цIыхум Iэрохьэ.

     Куэдрэ къыпщохъу нэгъуэщI лъэпкъыр, къалэр, къэралыр къыщIыптекIуэр Iэщэм, ахъшэм, щыгъыным е шхыным елъытауэ. Иджырей щIалэгъуалэм ахэр зыри я щыпэлъагъуу щытыжкъым. ИпэжыпIэкIэ къыптекIуэр къыптезыгъакIуэр щIэныгъэрщ. Абы елъэпэуар и щхьэми, и пщэдейрей махуэмрэ хуэмеижу аращ. Налшык къалэ къатщтэмэ, хуэм-хуэмурэ тхылъ тыкуэнхэм я бжыгъэми, я лэжьэкIэми фIыкIэ зехъуэж. Модель библиотекэ дахэхэм я бжыгъэми хохъуэ. Ауэ къуажэдэсхэр, псом хуэмыдэу щIыпIэ нэхъ пхыдзахэм щыпсэухэр, тхылъ щыщIэ зэпытщи, а Iуэхум сыт хэкIыпIэ хуэхъуну пIэрэ? 

                                                        ЧЭРИМ  Марианнэ.

 

Поделиться: