Щэнхабзэ

И сурэтхэм къару щабэ яхэлъщ

Жэбалы Заирэ сурэтыщI ныбжьыщIэщ. Псэм зыдащI хуэдэщ и лэжьыгъэхэм. ЩIэуэпсым, псэущхьэхэм, къуалэбзухэм, къэкIыгъэхэм щIэщыгъуэ къахелъагъукIыф. Сурэтым псэ хелъхьэри, ущеплъкIэ мыгурыIуэгъуэу къару щабэ гуэр хыболъагъуэ. 

ЦIыхугъэшхуэ хэлът

 КIэрашэ Тембот къызэрицIыхуам, иужькIэ абы къызэрыдекIуэкIам теухуа гукъэкIыжхэр итхыжауэ щытащ ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр. Абы щыщ теплъэгъуэ щыгъуазэ фыхудощI.

«Нобэми срогушхуэ а зэманым, 1943 гъэм, эвакуацэм къикIыжу и хэку Адыгейм зыгъэзэжу гъуэгу тету Налшык къыщызэтеувыIа адыгэ тхакIуэшхуэ КIэрашэ Тембот къэсцIыхуауэ зэрыщытам.

И зэфIэкIыр инт

Лъэпкъ литературэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ Шортэн Аскэрбий. Къапщтэмэ, япэ къэбэрдей романыр (тхылъиплI хъууэ) зи Iэдакъэ къыщIэкIар (абы и япэ тхылъыр 1954 гъэм къы­дэкIауэ щытащ). Дунейм къытехьащ Ас­кэрбий и тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд - пье­сэхэр, рассказхэр, IуэрыIуатэр щидж къэ­хутэныгъэ лэжьыгъэхэр. Абы и творческэ гъуэгуанэм тхыгъэшхуэ триухуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Гъут Iэдэм.

ДыщIалэт, ди къару илъыгъуэт

Тэрч районым и Урожайнэ къуажэм щыщ Хъыдзэдж Анатолэ курыт еджапIэр къыщиухам, адэ-анэр щIэхъуэпсырт щIалэм щIэныгъэм зрипщытыным. АрщхьэкIэ ныбжьыщIэм куэд щIауэ зызыхуигъасэ адыгэ къафэхэм и псэр ятхьэкъуат…

ЗыIэщIэбгъэкI мыхъуну махуэхэр

Мэкъуауэгъуэм и 6-хэм хуозэ мыгъэрей Къурмэн Хьид махуэ лъапIэр, Хьиджрэ махуэгъэпсымкIэ зуль хьиджджэ мазэм и I0-р. Абы и пэ къихуэ жэщипщIым я лъапIагъыр КъурIэным Алыхьталэм и тхьэрыIуэкIэ «Фэджр» сурэм къыщыхэгъэщхьэхукIащ: «ЖэщипщIымкIэ соIуэ» (89:2). 

Тхыдэр нэхъыфIу пщIэну ухуеймэ

Хэку зауэшхуэр зэрыувыIэрэ илъэс 80 ирокъу. Зэрыкъэралу ТекIуэныгъэр дяпэкIэ ягъэлъэпIэнущ, ар къытхуэзыхьа нэхъыжьыфIхэр ягу къагъэкIыжынущ, зауэ тхыдэ къэхъугъэхэм зыхуагъэзэжурэ Iэнэ хъурейхэр, щIэныгъэ зэхуэсхэр, жылагъуэ пэкIухэр ирагъэкIуэкIынущ.

Дыщэм нэхърэ нэхъ лъапIэр

 Къурмэн махуэр зи цIэм епха Ибрэхьим Бегъымбарым Алыхьталэм къыфIища цIэ лейхэм язщ «Хъэлил»-р, и мыхьэнэкIэ: «ныбжьэгъу». Ар зэхаха нэужь, мелыIычхэр щIэупщIащ: «Уа Ди Тхьэ! Уэ Ибрэхьим ныбжьэгъу пхуэхъуну? Ар зэи хущIыхьэркъым, абы щхьэгъусэ, бын, мылъку иIэщ, и щхьэ Iуэхур къэгъэнауэ. 
 - Сэ си пщылIым и теплъэми и мылъкуми сеплъыркъым. Си ныбжьэгъум Сэ Схуэдэу зыри фIыуэ зэримылъагъур СощIэ. Фи фIэщ мыхъумэ, вгъэунэху, - къажриIащ. 

Жэщтеуэ усиплIым я хъыбар

Нало Заур и рассказхэм гупсысэ куу ящIэлъщ, я купщIэр инщ. Дэтхэнэми узэщIигъэгупсысыжу, зы гукъэкIыж гуэрхэм ухилъасэу апхуэдэщ. Ди тхакIуэхэм, критикхэм ящыщхэр тетхыхьащ абы и IэдакъэщIэкIхэм, щхьэж езым и еплъыкIэкIэ нэхъ къехъулIауэ къилъытэр къыхигъэщу. Абыхэм ящыщ зыщ КъШР-м щыщ усакIуэ, тхакIуэ Бемырзэ Зураби. Налом и рассказхэм абы къахегъэщ «Жэщтеуэр» икIи абы пэджэжу усиплI иусащ. Абы ипэ къихуэу рассказыр къызэрыщыхъуам фыщыдогъэгъуазэ.

Шэ хьэлэлым къыдэкIуэ хьэл

Нэхъыжьыр нэхъыщIэм щыхуэарэзым деж, хужиIэ щытхъу гъэщIэгъуэнхэм язу адыгэбзэм мыри хэтщ: «Шэ хьэлэл ефащ». Дэнэу пIэрэ къыщежьэр а псалъэуха дахэр? 

Лъэпкъым гурэ псэкIэ хуэлэжьа тхакIуэ, журналист Анзор Мухьэмэд

Псэужамэ, и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъунут усакIуэ, тхакIуэ гъуэзэджэ, адыгэлI щыпкъэ, лъэпкъ усыгъэм гущэ хуэхъуа, Хьэгъундыкъуей къуажэжьым и бын нэхъыфIхэм ящыщ Анзор Мухьэмэд. Пасэу дунейм ехыжа усакIуэхэм ящыщщ, илъэс 55-рэ фIэкI къэзымыгъэщIа Мухьэмэди. Арами, абы къыщIэнащ зэманым хуэмыгъэкIуэдын тхыгъэ уасэншэхэр.

Страницы

Подписка на RSS - Щэнхабзэ