Ахэр кIуэ пэтми нэхъ шынагъуэ мэхъу

  Щхъуэжьхэр

 ХьэкIэкхъуэкIэхэм ящыщу цIыхухэм къатеуэр мащIэщ: абыхэм нэхъ къащтэ зыпыIуадзмэ. Апхуэдэурэ йокIуэкI лIэщIыгъуэ куэд хъуауэ. Дыгъужьыр сыт щыгъуи ящыщащ цIыхум и бий ерухэм. Абы ухуэзэныр сыт щыгъуи шынагъуэт икIи фIыкIэ иухыртэкъым. Ауэ языныкъуэхэм ар къалъытат «мэзхэр зыгъэкъабзэ  санитару». ЗытрагъащIэри а хьэкIэкхъуэкIэм псэущхьэ Iэлхэм я нэхъ лъэрымыхьхэр, сымаджэхэр зэрызэщ1икъуэрт. Апхуэдэ щхьэусыгъуэкIэ зы зэман  хуабжьу ягъэмэщIауэ щытащ дыгъужь къаукIыр. Абы Iуэху мыщхьэмыпэхэр къишащ: апхуэдэ хьэкIэкхъуэкIэхэр псынщIэу бэгъуащ икIи езыхэр щыщакIуэ щIыпIэхэр яхуримыкъуж хъуащ. ИтIанэ жылагъуэхэм, абыхэм я Iэщхэм къалъэIэсу хуежьащ. Иджы, хэбгъэзыхьмэ, цIыхухэми къащебгъэрыкIуэ мымащIэу къохъу. Апхуэдэ щапхъэхэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи,  Кавказ  Ищхъэрэри яхэту Урысейм и щIыналъэ куэдым къыщыпхуэхьынущ. Курган областым щыпсэу цIыхубз а хьэкIэкхъуэкIэм къридза уIэгъэхэм илIыкIащ: бзылъхугъэр пэуват езым и хьэм къытеуам . Мазэ дэкIри, абы ещхь нэщIэбжьэ къыщыхъу пэтащ Волгоград областым. Мыбы дыгъужьыр щебгъэрыкIуат псэупIэ унэм и пщIантIэм  дэт хьэпшырхэм. Ахэр ихъумэну  гуахъуэ иIыгъыу унэм кыщIэжащ бын куэд зыпI цIыхубзыр. И насыпти,  къыдэIэпыкъуащ фоч  иIыгъыу къэса и гъунэгъу цIыхухъур. Ветеринархэм  къахутащ дыгъужьым тэло уз пкърыту зэрыщытар.

Мыпхуэдэ хъыбар мыщIагъуэхэр къокI Урысейм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм. Дыгъужь гупхэр жылагъуэхэм я гъунэгъуу, уеблэмэ, гъуэгухэмрэ уэрамхэмрэ щалъагъу. Абыхэми я закъуэкъым. ПсэупIэ хьэблэхэм куэдрэ уарихьэлIэнущ узыфэ шынагъуэхэр зыпкърыт бажэхэм. Кхъуэ пIащэхэр тыкуэнхэм я гъунэгъуу   щызоуэ, щэхуакIуэхэм ерыскъы къыIэщIагъэкIыну хущIэкъуу. ЦIыхухэм езыхэм ахэр ягъашхэ щIакхъуэкIэ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ а хьэкIэкхъуэкIэхэр псэукIэ тыншым йосэ. Мыщэхэр-щэ? Гъатхэ къызэрыхъуу абыхэм уащыхуэзэнущ нэхъ уащыпэмыплъа щIыпIэхэм. Абыхэм я бжыгъэр, зэкIэ къызэрабжамкIэ, мин 300-м щIегъу.

 - Дэ хьэкIэкхъуэхэм я дежкIэ дышынагъуэжкъым,-жеIэ «ЩакIуэмрэ щакIуэ хозяйствэмрэ» журналым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ  Вайсман  Алексей. - Мэзхэм щакIуэхэр  щымащIэщ, ауэ итIани псэупIэхэм я гъунэгъуу    яшхын къыщалъыхъуэмэ нэхъ къащтэ. Ар зыкъомкIэ нэхъ тыншщ. Дыгъужьхэм унагъуэхьэхэр ялъ, къазхэр, мэлхэр ирахьэжьэ.

Вайсман и псалъэхэм ятепщIыхьмэ, цIыхухэр куэдрэ щыщэкIуа зэман лъандэрэ хьэкIэкхъуэхэр нэхъ губзыгъэ хъуащ. "Нэхъ делэхэр", къагъэпцIэгъуафIэхэр яукIащ. Абыхэм щIэбли къащIэнакъым къелахэр нэхъ бзаджэхэрщ. Ахэр нэхъ хьилаши хъуащ. АрщхьэкIэ, зыдумысыжынщи, цIыхур нэхъ губзыгъэ хъуакъым. Куэдым яфIэгуэныхьщ «псэущхьэ тхьэмыщкIэхэр» икIи егупсысыркъым абыхэм къабгъэдэкI шынагъуэр зыхуэдизым. Абыхэм я бжыгъэр куэдыщэ мыхъуным сыт щыгъуи кIэлъыплъын  хуейщ. Дыгъужьхэр бэгъуэныр къэбгъэхъу хъунукъым. Ауэ Iуэхур зыIутыр къагурыIуэу абы унафэ тращIыхьыху иджыри зэман кIуэнущ. 

Поделиться:

Читать также: