Метр зэбгъузэнатIэ мелуанитIрэ ныкъуэрэ

 ЩIыналъэм и экономикэм зиужьыным шэсыпIэ хуэхъу IэнатIэхэм хохьэ ухуэныгъэр. «ПсэупIэ» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ 2019 гъэм щегъэжьауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым унэу щатар метр зэбгъузэнатIэ мелуани 2,5-м щIигъуащ.

Республикэм исхэм абы и лъэныкъуэкIэ я Iуэху езыгъэфIэкIуэнухэм  ящыщщ Налшык къалэм и «Мей», «КъуэкIыпIэ» хьэблэщIэхэм щаухуэ псэупIэ зэхэтхэр Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм 2030 пщIондэ зегъэужьынымкIэ щыIэ программэм зэрыхагъэхьар. Абы ипкъ иткIэ а хьэблэхэм щаухуэнущ псэупIэу псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мелуан 1,2-рэ.

  Республикэм и дэIэпыкъуныгъэ хэлъу щIыналъэм и нэгъуэщI щIыпIэхэми псэупIэщIэхэр щаухуэ, инфраструктурэ псомкIи зэгъэпэщауэ.

  Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ухуэныгъэхэр езыгъэкIуэкIхэмрэ абыхэмкIэ жэуап зыхь къэрал IэнатIэхэмрэ къалэн нэхъыщхьэ ящищIыр цIыхухэм тыншыпIэ ягъуэтынырщ, ахэр щыпсэу щIыпIэхэр коммунальнэ, гъуэгу инфраструктурэхэмкIэ нэсу къызэгъэпэщынырщ, абыхэм пэгъунэгъуу сабий садхэр, школхэр, поликлиникэхэр, щэхабзэмрэ спортымрэ хуэгъэпса IуэхущIапIэхэр щыухуэнырщ е щыIэхэр къэгъэщIэрэщIыжынырщ.

Шэч хэлъкъым хьэблэщIэхэм дэсхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным апхуэдэ Iуэху бгъэдыхьэкIэр лъабжьэ быдэ зэрыхуэхъум, адэкIи зэрызаужьынум.

БАТОКЪУЭ Албэч.

 

 

Поделиться: