зэрехъуэхъур

ПУТИН Владимир Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм,

Къэрэшей-Шэрджэсым  щыпсэухэм  республикэхэм къэралыгъуэ зэрагъуэтрэ илъэси 100 зэрырикъуамкIэ

зэрехъуэхъур

 Бгырысхэм я псалъэжь цIэрыIуэм жеIэ: «Ныбжьэгъу пэж уиIэныр насыпышхуэщ». Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм яку дэлъ пэжагъыр, зэкъуэтыныгъэр,  зэныбжьэгъугъэр – ди къэралым и къару лъэщщ, къэкIуэнум  псоми щыдиIэну зэпэщыныгъэм и лъабжьэ быдэщ.

Москва Кремлым и Уардэунэм щекIуэкI гуфIэгъуэ зэIущIэм кърихьэлIахэми Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым  щыпсэу цIыху псоми си гуапэу сынывохъуэхъу фи махуэщIымкIэ. Си фIэщ мэхъу фэ зэфIэкI куэд зэрефхьэлIэнур фи щIыналъэхэм экономикэ, социальнэ я лъэныкъуэкIэ ехъулIэныгъэ яIэу заужьыным, абыхэм зэпIэзэрытыныгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ  нэхъри щыгъэбыдэным.    Хуит сыкъэфщI узыншагъэрэ зэпэщыныгъэкIэ сыфхуэгуэпэну. Иджыри зэ сынывохъуэхъу махуэшхуэмкIэ.

 

Поделиться: