Къэхъундэсхэр ирогушхуэДэтхэнэ жылэми иIэщ и напщIэм телъ, зэрыпагэ Iуэхугъуэ е цIыху гуэрхэр. Апхуэдэу Къэхъун къуажэм щыпсэу цIыху минхэр ирогушхуэ икIи иропагэ жылэжьым и куэщI ирапIыкIа ХьэхъупащIэхэ Амырхъанрэ Хьэсэнрэ.
ЗЭАДЭЗЭКЪУЭХЭУ ХьэхъупащIэхэ Iэсхьэд, Амырхъан, Хьэсэн сымэ я гъащIэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэр лъэпкъ щэнхабзэм хуэлэжьэн, ар къэкIуэну щIэблэм яхуэхъумэнрат. Адэм и деж къикIыурэ къуэм хуэкIуэ а къалэныр щIыхь пылъу ягъэзэщIащ абыхэм. «Мыпхуэдэ уэрэдыжьхэр хэт уигъэщIа?» - жысIэрэ Хьэсэн сеупщIмэ, жэуапу къызитыр мырат: «Адыгэ хъыбарыжьхэмрэ уэрэдыжьхэмкIэ IэкIуэлъа¬кIуэу ди къуажэм лIыжь куэд дэсащ. Абыхэм ящыщащ си адэшхуэ ХьэхъупащIэ Iэсхьэд. А джэгуакIуэ хьэлэмэтым бзэ дахэ, къулей Iурылът, сыт хуэдэ къэхъукъащIэми уэрэ-дыжь¬кIэ пэджэжырт. Си адэшхуэм и зэ¬фIэкIхэм набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъащ си адэ Амыр¬хъан икIи лъэпкъ джэгуакIуэ нэс къищIыкIауэ щытащ. Апхуэдэу си адэм бгъэдэлъ зэчийм ижь сэри къысщIихуащ. Абы къиIуэтэж хъыбархэм, жиIэ усэхэм, уэрэдхэм, къебжэкIхэм, хъуэхъухэм, гъыбзэхэм си тхьэкIумэр тегъэхуауэ седаIуэрт, сигу зэризубыдэнми яужь ситт. Иджы нобэ сэ зыгуэр збгъэдэлъмэ, сщIэмэ, фIыщIэри щытхъури зейр дяпэ ита ди нэхъыжьыфIхэрщ».
Поделиться:
Читать также:
05.05.2024 - 11:00 →
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IутIыж махуэшхуэм теухуа и хъуэхъу
04.05.2024 - 14:38 →
Тэрчдэсхэр щогуфIыкI
04.05.2024 - 13:34 →
Гъуэгу махуэ тет мафIэгур
04.05.2024 - 11:18 →
Ди хъугъуэфIыгъуэхэм щIохъуэпс
04.05.2024 - 10:01 →
Гъунэгъу республикэм и махуэшхуэ
|