Псэемыблэжу хэкум хуэлэжьахэр

Беслъэней Хьэбалэ Жанхъуэт и къуэр 1886 гъэм Абей къуажэм (Урожайнэ) къыщалъхуащ. Ар пасэу къэнащ анэншэу. ЩIалэ цIыкIур, и ныбжьыр илъэсипщI фIэкIа мыхъуауэ, и адэм Павлодольскэ станицэм ишэри, и цIыхугъэ гуэрым деж къигъэнауэ щытащ, урысыбзэ иригъэщIэн папщIэ. Илъэсищ зэрыдэкIыу абы къришыжри, Екатериноградскэ станицэм дэс и ныбжьэгъу къэзакъым иритащ. Абы щыIэу Хьэбалэ школри къиухащ, ныбжьэгъу Iэджи игъуэтащ.

1905 гъэм, и ныбжьыр илъэс 20 ирикъуауэ, Хьэбалэ я къуажэ къигъэзэжри, къуажэ правленэм писару лэжьэн щыщIидзащ. Ауэ мыгувэу къэхъеящ япэ революцэр. Ар къэзыIэтахэм я лъэныкъуэу уващ Хьэбалэ. А зэманым Джылахъстэнейм зыкъыщызыIэта мэкъумэшыщIэхэм я Iэтащхьэм Беслъэнейр быдэу япыщIат.

1918 гъэм, совет властыр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыува нэужькIэ, Хьэбалэ хах Налшык и окружной цIыхубэ Советым. Абы нэмыщIауи ар Малэ-Къэбэрдей полкым и унафэщI ящI.

1918 гъэм и декабрым Налшык щекIуэкIа VI цIыхубэ зэхуэсым Беслъэней Хьэбалэ щыхахащ Налшык и окрисполкомым хэтыну, абы и административнэ къудамэм и унафэщIу лэжьэну. Хьэбалэ лэжьыгъэшхуэ зэфIигъэкIащ совет властым и телъхьэхэр зэуIу щIауэ бийм пэщIэгъэувэнымкIэ. Абы и унафэм щIэт дзэр лIыгъэшхуэ игъэлъагъуэу щызэуащ Ставрополь щIыналъэми, Къэбэрдей-Балъкъэрми, Осетие Ищхъэрэми, Шэшэнми, Ингушми.

Граждан зауэм и лъэхъэнэм Беслъэней Хьэбалэ лIыгъэшхуэ зэкъым зэригъэлъэгъуар. Абы и щапхъэ куэд щыIэщ. Кавказ Ищхъэрэм хужьыдзэр ирахужыху, ар зы махуи псэхугъуэ ямыгъуэту зауэ IэнатIэм пэрытахэм ящыщщ. Хьэбалэ къарууэ иIэр ирихьэлIащ а лъэхъэнэм нэхъыбэм ягъэзахуэу щыта Iуэхур текIуэным, - щалъхуа лъахэм совет властыр щыгъэувыным. Беслъэнейм а зэман бзаджэр къэмыланджэу ирихьэкIащ, лIыгъэм и щапхъэу, псэемыблэжу.

Совет властыр ди хэкум щыува нэужьи къызыхэкIа лъэпкъым хьэлэлу хуэлэжьащ Беслъэней Хьэбалэ. 1920 гъэм щыщIэдзауэ, зы илъэси дэмыкIыу, КъБАО-м и унафэщI органхэм - облисполкомымрэ партым и обкомымрэ - хэтащ ар.

1921 - 1924 гъэхэм ар щытащ областым къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщIу, ревтрибуналым и коллегием хэтащ. 1925 - 1928 гъэхэм Беслъэнейр лэжьащ Нагорнэ, Малэ-Къэбэрдей окружной гъэзэщIакIуэ комитетхэм я унафэщIу, 1929 - 1930 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр автоном областым и прокурору щытащ.

Апхуэдиз къарурэ гуащIэрэ властыщIэр зэтеувэным хилъхьа пэтми, 1937 гъэм Беслъэней Хьэбалэ лъэужьыншэу ягъэкIуэдащ, революцэ лъэхъэнэм бийм хуэлэжьауэ ягъэкъуаншэри.

Революционер, узэщIакIуэ

Балъкъэр коммунист, Совет властыр ухуэным папщIэ бэнэныгъэ езыгъэкIуэкIа Энеев Магомед Гундэлэн къуажэм цIыхубэм фIыуэ къацIыху Али-хьэжы и унагъуэм 1897 гъэм къыщалъхуащ. Мыдрисэр къиухри, илъэсищкIэ Тыркум, Истамбыл щеджащ. И Хэкум къигъэзэжа нэужь, къыщыхъуа къуажэм еджапIэ къыщызэIуихащ. Математикэр, литературэр, географиер, хьэрыпыбзэр, урысыбзэр езым иригъэджырт. Большевикхэр къэунэхури, Энеевыр яхыхьащ. 1918 гъэм Псыхуабэ съезд щрагъэкIуэкIри, Кавказ Ищхъэрэм Совет властыр щагъэуват. Энеев Магомед Тэрч цIыхубэ советым хагъэхьащ. Совет Социалист Республикэ ухуэным хэлIыфIыхьахэм яхэтащ. 1919 гъэм Деникиным и гупым Налшык яубыдат. Ахэр зыщхьэщигъэкIын папщIэ, Энеевыр Баку кIуауэ щытащ. 1920 гъэм, Дзэ Плъыжьым текIуэныгъэ зыIэригъэхьа нэужь, абы къигъэзэжащ.

1921 гъэм Энеевыр балъкъэр окружной гъэзэщIакIуэ комитетым и унафэщI хъуащ. 1923 гъэм и декабрым РКП (б)-м и Шэшэн къызэгъэпэщакIуэ бюром и секретару ягъэуващ. 1925 гъэм Коммунистхэм я академием курс ягъэкIуащ. 1928 гъэм еджэныр къиухри, Ростов кIуащ. А гъэ дыдэм августым и 27-м дунейм ехыжащ.

Энеев Магомед латин графикэм тету балъкъэрыбзэм азбукэ хузэхигъэувауэ щытащ. Балъкъэр тхыдэм Энеевыр революционер къудей мыхъуу, узэщIакIуэуи къыхощ.

Энеев Магомед и къуэ Энеев Тимур щIэныгъэлI цIэрыIуэт, РАН-м и академикт. Космонавтикэм куэд хилэжьыхьащ.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: