«Адыгэ псалъэр» ди унэхэм къэзыхьхэр

Газет Iэ тедзэгъуэм ирихьэлIэу, я фIыщIэ къыхэдгъэщыну ди гуапэщ ди лэжьыгъэм и хьэтыр зылъагъу ди щIэджыкIакIуэхэмрэ къыдэкIыгъуэр и чэзум цIыхубэм яIэрыхьэн папщIэ, гугъу зезыгъэхь пощтзехьэхэмрэ. ДевгъэдаIуэт Нарткъалэ щыщ Тэнащ Эммэ езым и унэр зи нэIэ щIэт пощтзехьэ Къурмэн Оксанэрэ абы и лэжьэгъухэмрэ яхужиIэм.
«Илъэс куэд хъуауэ си нэ къыхуокI Нарткъалэ дэт етхуанэ пощт IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэм ину берычэт бесын яжесIэну, псоми зэхахыу фIыщIэшхуэ яхуэсщIыну. Газетым Iэ теддзэн, къытхуахьын хуей хъуми, пенсэ къыщытIэрыхьэкIи унэм къекIуалIэр, хьэблэм къыдыхьэр пощтзехьэращи, си фIэщ хъуркъым дэ дыщыпсэу, Тэрчокъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым тет 87-нэ унэр зи нэIэ щIэт Къурмэн Оксанэ хуэдэу зи IэнатIэм гурэ псэкIэ бгъэдэт щыIэу, - къытхуеIуатэ Тэнащ Эммэ. - И къалэныр нэгъэсауэ зэригъэзащIэм нэмыщI, Оксанэ инми цIыкIуми гуапэу яхущытщ, дэтхэнэ зыми бзэ къыхуегъуэтыф, уи гукъыдэжыр къыпхуеIэт икIи хузэфIэкIмэ, зэрызыхуэбгъазэхэри къыпхуещIэ. 
 Дэтхэнэ IуэхущIапIэри къызэрацIыхур унафэщIращи, пощтым ущыкIуэкIэ, езы Оздоевэ Тамари абы игъэлажьэ хъыджэбзищри я унэ уихьам ещхьущ къызэрыпIущIэр. Я цIэ къизмыIуэу къысхуэгъэнэнукъым а IуэхущапIэ дыдэм щылажьэ, унафэщIым и къуэдзэ Азэмэт Анжели, оператор Мэхьэмэд Альбини. Сыт хуэдэ IуэхукIэ уабгъэдыхьэми, пщIэрэ нэмысрэ ядыболъагъу хъыджэбзхэм, ущIэкIуар зэфIамыгъэкIауи укъыщIагъэкIыжынукъым. Си псалъэр къыздаIыгъщ си гъунэгъухэу Къэшэж Нинэ, Iэхъуэбэч Нинэ, Болэт ФатIимэ, Золотарёвэ Аннэ, Фэнзий Мадинэ сыми. 
 «Кърамылъхьауэ пIэрэ?» жысIэу, махуэм и кIыхьагъкIэ си пощт илъхьэпIэр згъэхъуу апхуэдэщ, «Адыгэ псалъэр» къыщахьынур къысхуэмыгъэсу. Диным, гъэсэныгъэм, адыгэ гъащIэм теухуа тхыгъэ нэхъыбэ къытевдзэну ди гуапэщ. Газетым и лэжьакIуэ псори фщIэнрэ фтхынрэ вгъуэту, цIыхухэм я гум фылъэIэсыфу узыншэу Тхьэм фигъэлажьэ». 
Я къалэным хуэпэж пощт лэжьакIуэхэми дэ, «Адыгэ псалъэм» и журналистхэми, тхьыр зы къалэнщ – цIыхубэмрэ дунеймрэ зэпытщIэнырщ. Ауэ а лъэныкъуитIым яку дэт газет щIэджыкIакIуэм и макъ зэхэпхыныр езы гъащIэм и къарур наIуэ къэзыщI щхьэусыгъуэщ. Псэ зыIумыт хьэрфым дамэ къытезыгъакIэ гуэрщ.  
 
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: