Налшык судыр хоплъэ

КъБР-м и прокуратурэр арэзы техъуащ Таджикистан республикэм щыщ цIыхухъум ехьэлIа уголовнэ Iуэхум. Ар ягъэкъуаншэ УФ-м и УК-м и 30-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм, 228.1 статьям и 4-нэ Iыхьэм и «г» пунктым къыщыхьа щIэпхъаджагъэр (наркотикхэкIхэр куэду игъэкIыным яужь ихьэн) илэжьауэ.

Следствием къызэрилъытамкIэ, ягъэкъуаншэм 2022 гъэм и фокIадэм щэху гъэтIылъыпIэхэр къигъэсэбэпу наркотикхэкIхэр иригъэкIыну хэтащ, арщхьэкIэ и мурадыр къехъулIакъым, КъБР-м щыIэ УФСБ-м и лэжьакIуэхэм яубыдри.

Уголовнэ Iуэхур Налшык къалэ судым Iэрагъэхьащ зэпкърыхауэ хэплъэну. А щIэпхъаджагъэм хуэдэ зылэжьар илъэси 10-м къыщыщIэдзауэ 15-м нэскIэ ягъэтIысынкIэ хъунущ.

 

                                      Хабзэм къемызэгъыу

 

Республикэм и прокуратурэм «Единый реестр контрольных (надзорных) мероприятий» къэпщытэныгъэм кърикIуахэмкIэ къыщIигъэщащ Урысей МВД-м Шэджэм районым щиIэ къудамэм и лэжьакIуэхэм гъуэгум шынагъуэншэу щызекIуэным ехьэлIа Iуэхур ирагъэкIуэкIыу хабзэр къызэрызэпаудар. Къэрал кIэлъыплыныгъэм теухуа хабзэм ебакъуэри, прокуратурэм и органхэм ягурымыIуауэ юридическэ цIыхум и дэфтэрхэр и пIалъэр къэмысу къызэрапщытар къезэгъыркъым.

КъБР-м и прокуратурэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру республикэм щыIэм ар игъэзэкIуэжыну хуигъэлъэгъуащ. Iуэхум я нэIэ тетщ.

                                     Сом мелуани 9-м щIигъу

Республиикэ прокуратурэм арэзы техъуащ Ч. ехьэлIауэ къаIэта уголовнэ Iуэхум.

Следствием къызэрихутамкIэ, ягъэкъуаншэм, 2019 гъэм коммерческэ IуэхущIапIэм и унафэщI К. гурыIуэри, иужьрейм хьэгъэщагъэ илэжьу зыIэригъэхьа сом мелуани 9-м щIигъу и уасэ сату зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ.

Коммерческэ IуэхущIапIэм и унафэщI К. теухуауэ къаIэта уголовнэ Iуэхур зэхегъэкI Налшык къалэ судым. Ч. ехьэлIа уголовнэ Iуэхури хэплъэну Iэрагъэхьащ.

Апхуэдэ щIэпхъаджагъэр зылэжьар илъэси 7-кIэ ягъэтIысынкIэ мэхъу.

                                   

 

 

           

Зыгъэхьэзырар Дыгулыбгъу Жантинэщ.
Поделиться: