ПхытIыкI Юрэ: Зым и уэрэди сыдежьууакъым

Пэжыр зи гъуазэ, цIыхугъэр зыгъэпэрыт, адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ зи Iэпэгъуу зи гъащIэр езыхьэкI цIыху гъэщIэгъуэнщ Налшык къалэм щыпсэу ПхытIыкI Юрэ. И IэщIагъэ нэхъыщхьэр уэчылщ, ауэ тхэн Iуэхуми пасэу дихьэха ПхытIыкIым и къалэмыпэм къыщIэкIащ тхыгъэ, усэ купщIафIэ куэд. Ар щылэжьащ «Адыгэ псалъэ», «Вестник», «Хасэ» газетхэм. Псом хуэмыдэу абы къохъулIэ сабий усэхэр. Ахэр щызэхуэхьэсауэ къыдэкIащ абы и тхылъищ: «Лъэтеувэ», «Iэбэдзыуэ», «Дадэ и жыг хадэ».

- Юрэ, уи сабиигъуэр сыт хуэдэу уи нэгу къыщIыхьэжрэ?

- Зэманыр зыхуэдэм емылъытауэ, гъащIэм и Iыхьэ нэхъыфIыр сабиигъуэрщ. Дэтхэнэ балигъми хуэдэу, сэри абы епха гукъэкIыж IэфIхэр сиIэщ. Сэ Дыгулыбгъуей жылагъуэм дэса ПхытIыкI Музэчыррэ Къунаш Жансурэтрэ я унагъуэм 1947 гъэм сыкъыщалъхуащ. Абы щыгъуэм къуажэхэм сабий гъэсапIэхэр щыIэтэкъыми, уэрамым нэхъ хуиту дыдэтт. Апхуэдэу щытми, дыхьэулейуэ аратэкъым, атIэ нобэ ди цIыхухэм яIэщIэхужа адыгэ джэгукIэ гъэщIэгъуэнхэм дыдихьэхырт. ЩIалэ нэхъ цIыкIухэр нэхъыжьыIуэхэм дызэрагъэбэнырт, дыкъызэдагъажэрт. Ди зэфIэкIыр дгъэунэхужу зэпеуэхэм тфIэгъэщIэгъуэну дыхэтт. Зэманыр апхуэдэти, лэжьыгъэми пасэу дыхашащ: джыдэр сIыгъыуи мэзым сыщыIащ, хьэмфIанэр си «Iэщэуи» губгъуэм ситащ. А Iуэхухэм си сабиигъуэр зыгуэркIэ нэхъ хьэлъэ ящIауэ къэслъытэркъым. Сабиигъуэм епхауэ нобэр къыздэсым си жагъуэу си гум илъыр си дадэ Мухьэж «нартыжьхэм абы нэхъ щIалэфI яхэтакъым» жиIэу къысфIища Уэзырмэсыр яфIэпасэрейуэ ар урысыцIэкIэ зэрахъуэжарщ.

ЕджапIэм щызгъэкIуа илъэсхэри гуапэу сигу къокIыж. Есэпым фIыуэ сыхэзагъэртэкъыми, ди егъэджакIуэ Къаныкъуэ Бит «Юрэ-математикт» къызэрызэджэр. Адыгэбзэмрэ литературэмкIэ, тхыдэмкIэ дезыгъэджахэу ТэIэщ Iэуесрэ Тау Хьэсэнрэ я дерсхэр апхуэдизкIэ гъэщIэгъуэну къызэрагъэпэщырти, абыхэм къызата щIэныгъэр лъабжьэ быдэ схуэхъуащ. Школ унафэщIу щытахэу Къардэн Мухьэб, Нэгъуей Хьэчим сымэ хуэдэ цIыхухэр зырызщ.

Илъэсий еджапIэ нэужьым медицинэ училищэм сыщIэтIысхьащ. Япэу моргым дыщашам, сэ къызгурыIуащ сызыхуеджэр IэщIагъэ зэрысхуэмыхъунур. Ар къэзухри, Саратов дэт институтым юрист IэщIагъэр щызэзгъэгъуэтыжащ, иужькIэ уэчылу сылэжьащ.

- Уэчыл IэщIагъэр тыншкъым. И щхьэр къозыхьэлIа цIыхум и Iуэхур дэбгъэкIынымкIэ и гугъапIэ псори уэращ зрипхыр. Утыку уимыхьауэ, Iуэхур зэрыхъунур пщIэркъыми, ар тэмэму зэфIэпхынымкIэ шэсыпIэ уихьэфынукъым. Абы къыхэкIыу, а лэжьыгъэм нэмыплъ къыщыпхуихьи щыIэщ. Юрист щIэныгъэр уиIэу узыщылэжьэфыну нэгъуэщI унэтIыныгъэхэм ар сыт къащIыхэпхар?

- Уэчылыр ди дамэм тесу ди IэужьыфIхэр зытхыу жыхуаIэ мелыIычым хуэбгъадэ хъуну къызолъытэ. Сэ си цIыху щIыкIэм, си щытыкIэм а IэщIагъэр нэхъ хуэкIуэу къэслъытэри къыхэсхащ. Сызэгуэуа щымыIэу, сызэгуэпэкIауэ къысхуэарэзыр нэхъыбэщи, сыхущIегъуэжакъым апхуэдэ IэщIагъэ сызэриIам.

- Тхэн Iуэхуми хъарзынэу ухэзэгъащ. Сабий усэхэр щызэхуэхьэсауэ уи тхылъищ дунейм къытехьащ. Абы къищынэмыщIауэ, Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм ятеухуа уи тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр газетхэм къытохуэ. Уэчылым тхакIуэм и къалэмыр дауэ къищта хъуат?

- Илъэс 35-м себэкъуауэ машинэ зэжьэхэуэм фэбжь хэсхри, илъэсым нэблагъэкIэ сымаджэщым сыщIэлъащ. Абы щыгъуэм куэд щIэзджыкIащ, сэри сызыгъэпIейтей IуэхухэмкIэ тхылъымпIэ напэм «сыдэгуашэу» щIэздзащ. Мис апхуэдэурэ сытехьащ а гъуэгум. Си щхьэр лъагэу щIэсIэтыжыныщэ щымыIэми, си гуапэщ сызыхуэусэ сабийхэм си псалъэхэр зэралъэIэсар. Сызэрытхэм щыгъуазэ, си нэIуасэ усакIуэ Бещтокъуэ Хьэбас зэрихьэлу, ехьэкI-къехьэкI хэмылъу къызжиIащ лирик-усакIуэ къызэрысхэмыкIынур икIи сабий усэхэм зеспщытыну чэнджэщ къызитащ. А лъэхъэнэм къэунэхуа «Нур» журналым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къэжэр Пётр си хъэтIыр зэтеувэнымкIэ сэбэп къысхуэхъуауэ щытащ. Ауэ нобэ сабий усэ гъэпсыкIэр балигъ къупхъэм языныкъуэ редакторхэм ирагъэувэри, ар си жагъуэщ. Апхуэдэхэм деж уи усэри къыпхуэмыцIыхуж мэхъу. А Iуэхум и лъэныкъуэкIэ удэлэжьэну фIы дыдэщ усакIуэ Хьэту Пётр, си щхьэкIэ си усэхэмкIэ абы нэхъ уэчылыфI сыхуейкъым. Сабийм уахуэусэным зыри хэмылъу жызыIэхэри щыIэщ, ауэ ар щыуагъэшхуэщ. Си щхьэ теухуауэ жысIэркъым, ауэ сэ сызэреплъымкIэ, сабиипсэм удыхьэу утхэныр куэдкIэ нэхъ гугъущ.

- Юрэ, фи унэцIэр сфIэгъэщIэгъуэнщ. Сыт абы и тхыдэр?

- Зэгуэрым «Нур» журналым и редакцэм сыщIыхьауэ, ХьэIупэ ДжэбрэIил сагъэцIыхуащ. Си унэцIэр щыжраIэм: «Уэлэхьи, си унэцIэм нэхъ Iей къэзгъуэтамэ», - жиIэри къыздэгушыIэу си Iэр къиубыдат. ГуфIэжурэ ар къызжезыIам, абы мыхьэнэшхуи иритагъэнкъым, сэри ар си жагъуэ зэрыхъуар къезмыгъэщIами, абы си гум щызгъафIэ гугъэр лъагъуэ гуэрым тришащ.

Си адэшхуэ Мухьэж мыгъуэм лIыжьхэр Инэрокъуэт къызэреджэр. СыкъэдэкIуэтеяуэ абы и щхьэусыгъуэмкIэ сыщеупщIам къызжиIауэ щыта хъыбар дыдэр «Адыгэ IуэрыIуатэм» къыщизгъуатэм быдэу сигу ислъхьащ Iуэхур згъэзэкIуэжыну. Адэшхуэми ар и уэсят хуэдэти, схуэмыгъэзащIэурэ екIуэкIащ. Си унэцIэджэгъухэм  си мурадыр нэгъабэ есхьэлIат, арщхьэкIэ ПхытIыкI  Хьэутий фIэкIа зыми къыздиIыгъакъым.

УнэцIэр къызэрежьам и тхыдэм кIэщIу и гугъу пхуэсщIынщ. Къэбэрдейр иужькIэ хэщIапIэ зыхуэхъужа зэныбжьэгъу гуп хэкум къихьэри,  Бахъсэныпсым и ижьырабгъукIэ гуэрэныгу щаухуауэ щакIуэхэрт. Апхуэдэурэ здекIуэкIым, махуэ гуэрым абыхэм нэхъыщIэу яхэт Инэрокъуэ Мысост дэгушыIэну мурад ящIри, ахэр щыпсэу щIыунэм щIалэр щхьэусыгъуэ гуэркIэ щIагъэхьэж. Бжэр ягъэбыдэжри, езыхэр щакIуэ дэкIащ. ЩIалэр къыщыщIэмыкIыжыфым, и къамэр кърихри, зэрыхуэн гъуанэ сапэкIэ кIуэцIритIыкIри къипщыжащ. Ар зылъэгъуа абы и гъусэхэм: «Нобэ щыщIэдзауэ у-ПхытIыкIщ», - жаIэри ди унэцIэ дэгъуэр абдеж щыкIуэдащ.

Совет лъэхъэнэм гугъуу щытами, нобэ унэцIэ зэхъуэкIыжыным и Iуэхур нэхъ тынш хъуащ.  Си гуапэщ си къуэ Азэмэт ар къищтэжыну арэзы зэрытехъуар. Инэрокъуэ Мысост гушыIэ делагъэкIэ IэщIэкIа унэцIэр Азэмэт къиубыдыжащи, ар ПхытIыкI лъэпкъым и жыгым дадза чымпэ цIыкIуми, зыдадза жыгым и лъэхъыцым зэригъашхэр щымыгъупщэу къудамэ лъэщ Тхьэм ищI! Сэри апхуэдэ щIыкIэкIэ сы-ПхытIыкI-Инэрокъуэщи, си гугъэщ Инэрокъуэ Музрач мыгъуэр арэзы зытехъуауэ щытар нобэ нэрылъагъу зыщIа зэадэзэкъуэр а унагъуэцIэхэр зезыхьэ лъэныкъуитIми къагурыIуэну.

         - Нобэрей гъащIэм щекIуэкI сыт хуэдэ Iуэхухэм уигъэгумэщIрэ?

         - Сэ политикэ еджапIэщ къэзухари, гъащIэм къыщыхъу Iуэхугъуэ куэдым теухуа си еплъыкIэр жысIэу, схуэмышэчу утыку сыщихьаи къысхуихуащ. Зыгуэрым и нэфI къэзлэжьын папщIэ, зым и уэрэди сыдежьууакъым. Нобэ «сыпщэфIапIэ политикщи», сыщIэмыарэзы куэд къэралым щекIуэкIми, си бэлагъ а псом хэзмылъхьэмэ, нэхъыфIщ. Зи узыншагъэр «изыфыжу» и жьыщхьэ пщэдджыжь зарядкэр къэзыублам хужаIэгъар, «Уэлэхьи, уэ игъащIэм белхьэкхъуафэкIэ зылъыIуптхъуа узыншагъэр бжэмышхкIэ къыпхуIумытхъуэжын» чэнджэщ-щIэнакIэр, хузогъэфащэ мы ди нобэрей зэхэтыкIэм. Мы Iуэхум куууэ сытепсэлъыхьыну сыхуейкъым. Тхьэм жиIэмэ, псори зэIубз хъужынщ, Iэщэ ямыгъэдалъэу, къалъыкъуэкI Iуэхухэр акъылкIэ зэрызэфIыхыным хущIэкъумэ. ДыщIэгумэщIыныр нэхъ мащIэ тхуищIи, дыщIэгумэщIэн куэду Тхьэм къыдипэс.

         Епсэлъар

ЩхьэщэмыщI Изэщ.

 

Поделиться: