ЦIыхум и IэщIагъэкIэ зыкъигъуэтыжу жыхуаIэр пэжмэ…Налшык къалэм дэт Сабий, ныбжьыщIэ творчествэмкIэ центрым и лэжьакIуэ Щоджэн СэIихьэт Май къалэм къыщалъхуащ, щеджащ. ГъуазджэхэмкIэ сабий школым фортепианэ еуэным зыщыхуигъэсащ, апхуэдэ дыдэуи Май къалэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм епхауэ лажьэ «Феникс» студием уэрэд жыIэным зыщыхигъэгъуэзащ. ЩIыналъэ зэпеуэхэм и зэфIэкI къыщигъэлъагъуэрэ увыпIэ хъарзынэхэр къыщихьым щыгъуэ, абы иджыри ищIакъым зэгуэр езыр егъэджэныгъэ лэжьыгъэм хыхьэну. Къыщалъхуа къуажэм, районым я гъащIэм жыджэру хэт Щоджэныр хэхуащ 2009 гъэм къыдагъэкIа «Урысейм зэфIэкI зиIэ и сабийхэр» щIэнгъуазэм иратхахэм. «Илъэсым и егъэджакIуэ – 2018 гъэ» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щIэныгъэ лей етынымкIэ егъэджакIуэ нэхъыфIу къыщалъытауэ щытащ Щоджэныр. ЗэрыегъэджакIуэм къищынэмыщIауэ, СэIихьэт КъБР-м и Музыкэ театрми и уэрэджыIакIуэщи, лэжьапIитI здехь. Оперэ, классикэ уэрэдхэм ар сыт щыгъуи дахьэхыу щытащ икIи а щIэныгъэр СэIихьэт къыщIихащ Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым. - ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зэзгъэгъуэтыну сыщегупсысым, юрист IэщIагъэр къыхэсхынымрэ уэрэджыIакIуэ сыхъунымрэ сыхэдащ. ИкIэм-икIэжым творчествэр нэхъ спэгъунэгъути, си адэ-анэми ар къыздаIыгъри, иджыпсту сызытет гъуэгум сытехьа хъуащ. Ди еджэгъуэ зэманыр купщIафIэу икIи гъэщIэгъуэну зэрекIуэкIам шэч хэлъкъым, зэхьэзэхуэ, фестиваль куэдым дыхэтащ, ди Iэзагъым хэдгъэхъуащ, - жеIэ СэIихьэт. 2013 гъэм Щоджэным «Молодые дарования России» зэпеуэм япэ увыпIэр къыщихьри, Президентым и саугъэтыр къыхуагъэфэщауэ щытащ. Зэреджэм хуэдэурэ, СэIихьэт щылэжьащ ГъуазджэхэмкIэ сабий школ №I-м и къудамэу Хьэсэней къуажэм дэтым. Уэрэд жыIэкIэм ныбжьыщIэхэр хуигъасэу арат. Етхуанэ курсым щIэсу, СэIихьэт нэгъуэщI IуэхущIапIэ къыхихащ - Сабий, ныбжьыщIэ творчествэмкIэ Налшык и центрыр. IэнатIэ тыншкъым зыпэрытыр, зыдэлажьэр школкIуэгъуэ ныбжьым нэмысахэмрэ зи узыншагъэм сэкъат иIэхэмрэ аращи. АрщхьэкIэ егъэджакIуэ ныбжьыщIэр гукъыдэж иIэу, и къарум къигъэгугъэу мэлажьэри, ар къохъулIэ. - Сыщылэжьа япэ илъэсыр гугъут, дауи. Ауэ еджапIэр къэзухыу, нэхъ хуит сыкъыщыхъум, Iуэхум сыдихьэхыпащ. Сабий гуп дызыдэлажьэм къищынэмыщIа, тхьэмахуэм тIэу, щэ къытхуашэ адэ-анэхэр ядэмыIэпыкъуу къемыкIуэлIэфхэр (Даун, аутизм, ДЦП узыфэхэр зиIэ сабийхэр), - дыщегъэгъуазэ СэIихьэт. Абы зэрыжиIэмкIэ, ныбжьыщIэхэм я зыужьынгъэм сэбэпышхуэ хуохъу макъамэмрэ уэрэдымрэ. «Тэмэму мыпсэлъэф сабийр уэрэдым ирегъасэ и макъыр нэхъ хуиту иутIыпщыну. Апхуэдэуи макъамэ Iэмэпсымэхэр абыхэм идогъэцIыху, дэтхэнэми Iэмал иIэщ нэхъ зыдихьэхыр къыхихыну. Ахэр утыку къыдошэ, «Мир души моей» республикэ зэпеуэм хуэдэхэм хыдогъэт», - къыхегъэщ Щоджэным. СэIихьэт фIыщIэ хуащI зэпытщ адэ-анэхэм, я бынхэм гугъу зыкъызэрыдригъэхьыр ялъагъури. КъБР-м и Музыкэ театрым зэрыщылажьэ илъэсхэм СэIихьэт абы хунэсащ Штраус Иоганн и «Летучая мышь» опереттэм хэтыну (Адели и куплетхэр). Ар хэтащ Темыркъан Юрий и цIэкIэ екIуэкI Симфоние макъамэмкIэ фестивалым. Абдеж хъыджэбзым щигъэзэщIащ Людмилэ и ариер, «Руслан и Людмила» оперэм щыщу, «Букет цветов из Ниццы» романсыр. Ар щIохъуэпс Виолеттэ и партием (Верди Джузеппе и «Травиата» оперэм). «Къамботрэ Лацэрэ» оперэм хэт Лацэ и ролым. «ЦIыхум и IэщIагъэкIэ зыкъигъуэтыжу жыхуаIэр пэжмэ, ар стеухуауэ къысщохъу, си лэжьыгъэм сфIэфIу сыпэрытщи. Псом хуэмыдэу егъэджэныгъэм си гъащIэр зэреспхар мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхуу къызолъытэ», - жеIэ СэIихьэт.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:41 →
Сертификатхэр иратащ
01.05.2024 - 15:20 →
ЩIалэгъуалэм я хабзэубзыху жэрдэмхэр
19.04.2024 - 17:44 →
ЩIэблэ къабзэ къытщIохъуэ
15.04.2024 - 14:52 →
Агуий и Iэхэлъахэм
15.04.2024 - 12:10 →
Гагарин и гуфIэкIэ
|