Зы цIыхум и зэфIэкI

Зауэм цIыхухэр зыхидзыркъым я IэщIагъэкIи, я щIэныгъэкIи, я къулыкъукIи. Къапщтэмэ, Совет Союзым и спортсмен цIэрыIуэ дапщэ хиубыда Хэку зауэшхуэм,ТекIуэныгъэм и тхыдэ напэкIуэцIхэр кIасэ дыдэу фIэкIа къызылъымысыжахэри къахэкIыу.
Ташкент къалэм къыщалъхуэ боксёр Борзенкэ Андрей зауэ лъэхъэнэм зэрихьа лIыгъэм теухуауэ куэд ятхауэ щытащ зауэр иуха нэужь. Къилэжьа дамыгъэ лъапIэхэр къыщратыжам Совет Союзыр къутэжыным куэд къэнэжатэкъым.
ЛIыхъужьыгъэ абы щызэрихьар зауэр иухыху гъэру зэрыса Бухенвальд концлагерырщ. Псоми яхуэдэ щIалэ къызэрыгуэкI цIыкIут Борзенкэ боксымкIэ секцэм щыхатхам. Тренер хуэхъуар Америкэм щыщ Джексон Сиднейт. Ар езыр США-м и боксёр цIэрыIуэу щытат, япэ дунейпсо зауэр къэхъейуэ ди къэралым къэIэпхъуэху. Совет Союзыр къэунэхуа нэужь ар и лъахэм мыIэпхъуэжу ди къэралым къыщынэжыпат.
Сидней занщIэу гу лъитат щIалэ гуащIафIэм зэфIэкIыфIкIэ ущыгугъ зэрыхъунум. Совет къэралымрэ Америкэмрэ боксымкIэ я школ зэхэдзэхэм я Iэужьыр хъарзынэу къыщIэкIащ иужькIэ: Андрей Узбекистаным и чемпионат зыбжанэм, СССР-м и Ипщэ щIыналъэхэм щекIуэкIа къэралпсо зэхьэзэхуэхэм бжьыпэр щиубыдащ. АдэкIэ къыпэплъэр Олимпиадэмрэ боксымкIэ дунейпсо зэпеуэмрэти, абыхэм захуигъэхьэзырын щIидзащ. ЩIалэм гуращэу иIэр къызэпиудащ зыри зыпэмыплъа Хэку зауэшхуэм. Хэт игугъэнт Совет къэралым и боксёр Iэзэ Борзенкэ Андрей и зэфIэкIхэр щигъэунэхуну къыпэплъэр фашистхэм я гъуэмбу ябж Бухенвальду. 
1941 гъэм боксымкIэ спортым и мастер цIэр къыфIащауэ ар дзэ къулыкъум ираджащ – Украинэм. Зыри зыпэмыплъа зауэр къэхъеиным къэнэжар мазэ зыбжанэт. Абы зыри хэзмыщIыкI спортсменым и хъуэпсапIэт япэу Iэмал зэригъуэту Киев и уэрам дахэхэм игу пэщыху зыщиплъыхьыну. Абы ипIэкIэ ар яхэхуащ къэралым къитеуа нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм Киев щахъумэну пщэрылъ зыщащIахэм. 
 Сыт хуэдэу ди дзэр бийм пэщIэмытами, Киев къызэранэкIын хуей хъуащ, Андрей къыщыхутащ гъэр ящIахэм я лагерым. Абы илъэс ныкъуэкIэ щаIыгъри, I942 гъэм и гъатхэм Бухенвальд яшащ. Концлагерым исхэм бэлыхьу трагъэлъымрэ ахэр зыпхыкIын хуеймрэ утепсэлъыхьын къудейр гугъут; гъэрхэр гуп зыбжанэу гуэшат. Псом ягъэнэхъыщхьэр щIэпхъаджагъэ ялэжьауэ исхэрт, абыхэм къакIэлъыкIуэрт езы нэмыцэхэм ягъэтIыса политикхэр, зыми хамыбжэу лей нэхъ къызытехьэр урысхэмрэ журтхэмрэт. Ахэр цIыхум хабжэххэртэкъым.
Андрей зыхэтхэм къахэзыгъэщхьэхукIа зы Iуэхугъуэ къэхъуащ: абы зэ уэгъуэм зимыщIэжу къриудащ и ныбжьэгъум и жагъуэ къэзыщIа зы нэмыцэ еIуящIэ. Абы гу лъатэри Андрей хашэу хуежьащ лагерь унафэщIхэм зэштегъэупIэу къызэрагъэпэща гладиатор зауэхэм. ТекIуэныгъэм къыпэкIуэр сытыт жыпIэмэ, щIакхъуэ бзыгъэ зыбжанэ. Апхуэдэ я нэгузыужьхэм зэреджэри «къупщхьэхэм я зэзауэт». ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Бухенвальд концлагерым щаIыгъхэм я псэр пыт къудейуэ арат, мэжэщIэлIагъэмрэ удынымрэ къыхэкIыу. ЗэратхыжамкIэ, Борзенкэ 80-м нэсрэ утыку ирашащ, апщIондэхуи псоми ятекIуащ. Абы къыпагъэувхэм яхэтт щыIэм я нэхъ гущIэгъуншэхэри, зыкIи къомыплъыну щIэпхъаджащIэхэри, уеблэмэ хъийм икIа спортсмен хъыжьэхэри.
Зыри къызыпэмылъэщ Андрей нэмыцэ унафэщIхэм профессиональнэ боксым хагъэхьащ. Германием щекIуэкIа чемпионатми щытекIуа Виллирэ Андрейрэ я зэхуэзэр япэщIыкIэ зэрытемыгъакIуэ хуэдэурэ екIуэкIащ, икIэм урыс боксёрым къыпэувар нокаут куум игъэкIуэху.
1945 гъэм Андрей яхэтащ Бухенвальд исхэр хуит къащIыжыху екIуэкIа зэрызехьэшхуэм.Зауэ нэужьым хуит къэхъужа Андрей медицинэ институтым щIэтIысхьэри, ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. Псом нэхъ телъыджэу: цIыхум и гур зэхъуэкIынымкIэ Совет къэралым япэ операцэр щызыщIар Борзенкэ Андрейщ.
1980 гъэм ар Ташкент къиIэпхъукIри, Ленинград областым илъэс 12-кIэ щыпсэужащ. Дунейм щехыжар 1992 гъэрщ. Апхуэдиз гугъуехьым пхыкIа Борзенкэ Андрей ящыщщ спортымкIи медицинэмкIи къэралым и тхыдэ напэкIуэцIыр зыгъэбжьыфIэхэм.

 

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: