Фэеплъыр къагъэщIэрэщIэж

1943 гъэм Зеикъуэр хуит къащIыжу хэкIуэдахэм я кхъащхьэм деж фэеплъ зэрыщагъэуврэ лIэщIыгъуэ ныкъуэм щхьэдэхат икIи зыхуей хуэгъэзапхъэт. «Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм хэкIуэдахэм я фэеплъыр мыкIуэдыжын щIын» лъэпкъ программэм ипкъ иткIэ ар къагъэщIэрэщIэжащ. Абы теухуа пэкIу фэеплъым деж щекIуэкIащ. 

Абдеж щиувыкIат Зеикъуэ дэт курыт еджапIэ №2-м и юнармейцхэр. ПэкIум кърихьэлIат Бахъсэн районым и Iэтащхьэм и къуэдзэ Ахъуэбэч Андзор, Зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэм я район советым и тхьэмадэ БжыкIший Руслан, Зеикъуэ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Къэрмокъуэ Гъумар, къуажэдэсхэм ящыщхэр, егъэджакIуэхэмрэ школакIуэхэмрэ. 
- Ди къуажэм щыпсэухэм ящыгъупщэркъым Къэбэрдей-Балъкъэрыр, ди жылэр яхъумэу зи гъащIэр зытахэр икIи я фэеплъым пщIэ хуащI. Зеикъуэ щыхэкIуэдахэм я фэеплъыр зыхуей зэрыхуагъэзам дыщогуфIыкI нобэ икIи пщIэ хуэтщIу ар дяпэкIи тхъумэнущ, - жиIащ Къэрмокъуэ Гъумар къызэхуэсахэм защыхуигъазэм.
 Ахъуэбэч Андзор къыщыпсалъэм къыхигъэщащ Зеикъуэ, ХьэтIохъущыкъуей щIыналъэхэм 1942 гъэм и гъэмахуэм и кIэмрэ 1943 гъэм и пэщIэдзэмрэ лъыгъажэ зауэхэр зэрыщекIуэкIар, абыхэм ди къэралышхуэм и лъэпкъ куэдым ящыщхэр лIыхъужьу зэрыщыхэкIуэдар. Республикэм, районым я унафэщIхэм зыхуеину псори зэфIах хэкIуэда лIыхъужьхэр ящымыгъупщэн, абыхэм пщIэ хуащIу я фэеплъхэр зыхуей хуэгъэзэн папщIэ. Ахъуэбэчым щIалэгъуалэр къыхуриджащ зауэм и лIыхъужьхэм я фэеплъыр яхъумэну, абыхэм яхуэфащэ IуэхуфIхэм пащэну. 
Къуажэр хуит къэзыщIыжахэм я фэеплъыр къызэрагъэщIэрэщIэжам теухуа пэкIум къыщыпсэлъащ Зеикъуэ и нэхъыжь Мэршэнкъул Хьэсэнбий. 
 Зауэм, абы и лIыхъужьхэм, хэкIуэда зауэлIхэм ятеухуауэ гум дыхьэ усэхэм къеджахэщ щIыпIэ школым и еджакIуэхэу Къумыкъу Руслан, Сыжажэ Ясминэ, Къалмыкъ Намидаррэ Шурдым Аминэрэ. АдэкIэ фэеплъым деж удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ, - жиIащ Бахъсэн район администрацэм и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI Чылар Аринэ. 
 

БАХЪСЭН Ланэ.
Поделиться: