Гъуэгум шынагъуэншэу щызекIуэным хуаущийКъэрал Автоинспекцэм и лэжьакIуэхэр Урысей МВД-м Тэрч районым щиIэ къудамэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и инспекторхэмрэ инспектор ныбжьыщIэхэмрэ ящIыгъуу щыIащ Тэрч къалэм дэт Прогимназия №1-м зи школ кIуэгъхуэ мыхъуа и гъэсэнхэм я деж. Абыхэм а цIыкIухэр щыгъуазэ ящIащ Гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэхэм. Полицейхэм зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэм жраIащ гъуэгу зекIуапIэр шынагъуэншэу зэрызэпыупщIыпхъэр, ягу къагъэкIыжащ светофорхэм къат сигналхэмрэ гъуэгум тет дамыгъэхэмрэ я мыхьэнэр. ЛъэсырыкIуэ цIыкIухэр Iуэхум жыджэру хэтащ икIи инспекторхэм я упщIэхэм жэуап тэмэм зэрыратыным хущIэкъуащ. Полицейхэм къыхалъхьащ къаIэта Iуэхум сабийхэм зэрыхащIыкIыр еджапIэм и щIыпIэм щыIэ интерактивнэ лъэс ззэпрыкIыпIэм деж утыку къыщрахьэныр. ЮИД гупым хэтхэм ягъэлъэгъуащ гъуэгур лъэс зэпрыкIыпIэм шынагъуэншэу зэрыщызэпыупщIыпхъэр. Дтхэнэ сабийми Iэмал иратащ гъуэгум и зэпрыкIыпIэ хуэдэу ящIам хабзэм тету зэпрыкIыну. ЛъэсырыкIуэ цIыкIухэм полицейхэр къагъэгугъащ гъуэгум шынагъуэншэу щызекIуэнымкIэ (ПДД) хабзэм тетыну, балигъхэми ягу къагъэкIыжыну.
Поделиться:
Читать также:
07.06.2026 - 09:30 →
Гугъуехьхэм къапимыкIуэту псэуа
06.06.2026 - 12:26 →
Гъуэгу насыпыншагъэхэм хохъуэж
05.06.2026 - 18:43 →
ХъуэпсапIэр уи фIэщ хъумэ…
05.06.2026 - 16:51 →
УсакIуэшхуэм и цIэр иджыри мэIу
05.06.2026 - 16:29 →
Урысыбзэм и махуэр щIэлъапIэр
| ||




