Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм щыпсэу лъэпкъ интеллигенцэм, адыгэм щыщу абы и гуащIэм щыгъуазэ дэтхэнэми и гум щIыхьащ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Гъуэт Хъусин дунейм зэрехыжар. Ди щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я хэщIыныгъэшхуэщ зи ныбжьыр илъэс 81-м иту иджыблагъэ тхэкIыжа нэхъыжьыфIыр.
Ар 1941 гъэм мазаем и 27-м Къэрэшей-Шэрджэсым и Жьакуэ къуажэм щыпсэу Азэмэт-Джэрийрэ Хъаджэтрэ я унагъуэм къыщалъхуат. И сабиигъуэр зэман хьэлъэм техуами, и адэр Хэку зауэшхуэм хэкIуадэу зеиншэу къэхъуами, а пIалъэр Хъусин и гум IэфIу къинэжат. Псом хуэмыдэу щIымахуэ пщыхьэщхьэ кIыхьхэм и анэм жиIэу щыта уэрэдыжьхэр. Абыхэм щIэдэIуурэ щIалэ цIыкIур гъуазджэм и дуней телъыджэм хыхьа хъуат, ар фIыуэ илъэгъуат.
1959 гъэм курыт еджапIэр къиуха иужь, Хъусин и дэфтэрхэр ухуакIуэ IэщIагъэм щыхурагъаджэу Черкесск къалэм дэт училищэм щIилъхьами, абы и насып зыхэлъыр нэгъуэщIт. А еджапIэм и унафэщI Сымхьэ СулътIан и жэрдэмкIэ, Хъусин Саратов еджакIуэ кIуауэ щытащ икIи абы уэрэд жыIэнымкIэ IэщIагъэ щызэригъэгъуэтащ. 1962 - 1966 гъэхэм Гъуэтым Хы хуэм флотым хэту дзэм къулыкъу щищIащ.
Консерваторэр къиуха иужь, Хъусин и Хэку къигъэзэжри, Хьэбэз къуажэм дэт макъамэ школым щылэжьащ. ИужькIэ Волгоград ирагъэблагъэри, абы илъэсиблкIэ егъэджакIуэу щыIащ, щIыналъэм и симфоние оркестрым щIыгъуу утыку къихьащ куэдрэ.
1981 гъэм Хъусин и унагъуэм Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм къигъэзэжри, макъамэ училищэм щылэжьэн щIидзащ. И педагогикэ лэжьыгъэм къыдэкIуэу, ар утыку зэхуэмыдэхэм ирагъэблагъэрт, цIыхухэм гукъинэж ящыхъуа лъэпкъ, цIыхубэ уэрэдхэр игъэзащIэрт. Апхуэдэхэщ, псалъэм и хьэтыркIэ, «Си нанэ», «Iэлъын цIыкIу», «ИстамбылакIуэ», «Гуащэгъагъ и гъыбзэ уэрэд», «Голуби», «Си къэшэн», «Гимн дикой дивизии», нэгъуэщIхэри. Хъусин концертхэр щитащ Испанием, Италием, Тыркум, Польшэм, нэгъуэщI щIыпIэхэми.
1991 гъэм Гъуэтым дзыхь къыхуащIащ республикэм щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэм и IэнатIэр. Абы пэрытыху ар хущIэкъуащ хэгъэгум и гъуазджэр сыт и лъэныкъуэкIи иригъэфIэкIуэну, къиIэтыну. ИлъэситI дэкIри, ар ягъэуващ Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмрэ гъуазджэхэмкIэ и къэрал колледжу Даур Аслъэн и цIэр зезыхьэм и унафэщIу.
Гъуэт Хъусин и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ гулъытэншэ хъуакъым. Ар Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ щIыхь зиIэ я артистт, Урысей Федерацэмрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ я цIыхубэ артистт, Къэрэшей-Шэрджэс къэрал педагогикэ университетым щIыхь зиIэ и докторт.
КъызыхэкIа лъэпкъым зи гъащIэр щхьэузыхь хуэзыщIа уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэм насыпыфIэу зыкъилъытэжырт, и псэр дэзыхьэх Iуэхум пэрытати. Абы къытхуищIамрэ къытхуигъэнамрэ зыщыдмыгъэгъупщэмэ, ар тхъумэфмэ, ди насыпщ.