Зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ

Урыс географие зэгухьэныгъэм мы илъэсым гулъытэ хэха хуещI къэзылъэтыхь псэущхьэ цIыкIухэм я нэхъ дахэу къалъытэ хьэндырабгъуэхэм. Биолог-щIэныгъэлIхэм ахэр удз гъэгъахэмрэ лэгъупыкъухэмрэ ирагъэщхьу къокIуэкI. Пэж дыдэу, нэгу къыщIэгъэхьэгъуейщ, хьэндырабгъуэ зэмыфэгъухэр щыземылъатэ гъатхэмрэ гъэмахуэмрэ.
Зи дамэхэр хужь, гъуэжь, щIыху хьэндырабгъуэ къызэрыгуэкIхэр щыплъагъунущ ди губгъуэхэм, ныджэхэм, псы Iуфэхэм, шыгъуэгу хадэхэм. ЦIыхум и псэр зэрыуахътыншэм и гъуазэущ алыдж мифологием хьэндырабгъуэм и гъащIэр къызэрыхэщыр. Псэ уахътыншэм и тет Психее и теплъэр къызэригъэлъагъуэри хьэндырабгъуэ дамэ зытет пщащэущ. ХьэпIацIэ цIынэр «псэ зыхэмытыж» пкъы гъэжам (куколкэм) хуокIуэжри, зэман дэкIа нэужь, абы къолъэт теплъэ дахащэ зиIэ псэущхьэр, псэр зэрыуахътыншэм и телъхьэу. Жейм и тет Гипноси къызэригъэлъагъуэр хьэндырабгъуэущ, ауэ абы и дамэхэр къызыхэщыр и щхьэщыгурщ - псэр хэкIыу къыщыхыхьэж теуэгъуэу жейр къызэралъытэр къыхэщу. 
 ИгъащIэми щыIащ икIи щыIэщ хьэндырабгъуэ зэхуэхьэсыным дихьэххэр. Абыхэм я коллекцэ телъыджэхэр уасэ зимыIэ хъугъуэфIыгъуэу къалъытэрт, къэралыгъуэхэм ахэр зыIэрагъэхьэн папщIэ ахъшэшхуэхэр щIату. Апхуэдэ тыгъэм щыгуфIыкIыпэрт пащтыхьхэр. Псом нэхърэ нэхъ лъапIэр Америкэ Ипщэм фIэкIа нэгъуэщI щIыпIэ узыщримыхьэлIэ «Морфо» хьэндырабгъуэ лIэужьыгъуэрщ. Абыхэм я дамэ щIыхупс телыдыкIхэмкIэ дыщэкIхэм ягъэщIэращIэрт Iэпщэхъухэр, медальонхэр, тутынылъэхэр, мастэIуданалъэхэр. ЦIыхубз къулейхэм а дамэ щIыхухэр щхьэцхэIуу, бгъэхэIуу зыкIэралъхьэрт.
 Хьэндырабгъуэ къэубыдынымрэ ар европей къэралхэм ещэнымрэ хэпсэукI жылагъуэхэр щыIэт Америкэ Ипщэм. Куэдрэ узримыхьэлIэ лIэужьыгъуэхэм я къэлъыхъуэным экспедицэ псохэр щытелажьи къэхъурт.
Ди къэралым къыщыдэкI газетхэм 1970 гъэм къытехуауэ щытащ, КъуэкIыпIэ Жыжьэм и къыр лъагэхэм ящыщ зым советскэ энтомолог цIэрыIуэ Куренцов Александр зи гугъу тщIа американ хьэндырабгъуэ лъапсейм (Перламутровкэ) хуэдэу тIу къудей къызэрыщигъуэтам папщIэ фIыщIэ ин зэрыхуащIар. Дуней псом хьэндырабгъуэ лIэужьыгъуэу мин 250-рэ тетщи, абыхэм я дэтхэнэми езым я щIыналъэ, я дахагъ, я гъащIэ яIэжщ.

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться:

Читать также: