Бзылъхугъэ цIэрыIуэхэр

ЗэрытщIэщи, шэрджэс бзылъхугъэм и теплъэмрэ зыIыгъыкIэмрэ цIыху цIэрыIуэ куэд - щIэныгъэлIу, тхыдэджу, тхакIуэу, усакIуэу, сурэтыщIу - зэман зэхуэмыдэхэм тетхыхьащ. Апхуэдэт Белл Джеймс, Мариньи де Тебу, Паллас Симон, Байрон Джордж, Дубровин Николай, Немирович-Данченкэ, Бальмонт Константин, Данилевский Николай, Гагарин Григорий, Пушкин Александр, Лермонтов Михаил сымэ, нэгъуэщIхэри. Сыт и уасэт дыжьын лIэщIыгъуэм и усакIуэ Бальмонт Константин шэрджэс бзылъхугъэм хузэхилъхьауэ щыта усэр, «Черкешенке»  фIэщыгъэр иIэжу?!
Апхуэдэ ехъулIэныгъэхэр лъэпкъым иIэнымкIэ щIэгъэкъуэн хуэхъуар езым иубзыхужа адыгэ хабзэрт. Унагъуэм къыхэхъуар хъыджэбз цIыкIумэ, абы и гъэсэныгъэм, щыцIыкIу дыдэм щегъэжьауэ, адыгэ бзылъхугъэ нэхъыжьхэм зрагъэлIалIэрт.
А Iуэхугъуэхэр купщIафIэу къыщыгъэлъэгъуэжауэ щыIэщ Нэгъаплъэ Аскэрбий триха «Черкешенка» фильмыр. Абы адыгэ бзылъхугъэм и теплъэмрэ и зэфIэкIымрэ къыщигъэлъэгъуа къудейтэкъым, атIэ дуней псом цIэрыIуэ щызыщIа и хьэл-щэнри къыхэщу ухуат. Ахэр нэгъэсауэ къехъулIэн щхьэкIэ, Нэгъаплъэм псом япэу зызыхуигъэзэжар ди IуэрыIуатэрт: Сэтэней, Iэдииху, Дахэнагъуэ, Тыргъэтауэ - ахэр, зэрытщIэщи, щапхъэу лъэпкъым къыдокIуэкI.
     Адрей лъэпкъхэм дакъыхэщу зэрыщыта нэщэнэхэр ди гъунэжщ. Абы и зы щапхъэу къэпхь хъуну къыщIэкIынщ хъыджэбз цIыкIум «пщащэ унэ»  хуащIу  зэрыщытар. «Пщащэ унэм»  хъыджэбзым щауэр щригъэблагъэрт, и ныбжьэгъухэр и гъусэу. Езы хъыджэбзми и шыпхъу е гъунэгъу хъыджэбз цIыкIу къыбгъэдэсын хуейт. Апхуэдэ хабзэм хъыджэбзым и пщIэр ихъумэрт», - жеIэ щIэныгъэлI-этнограф Унэрокъуэ Мирэ.
    ЦIыху хыхьэкIэм, зыIыгъыкIэм, псэлъэкIэ гуапэм бзылъхугъэр, зэрыжытIащи, щыцIыкIум щыщIэдзауэ хуагъэхьэзырт, унагъуэм илъыну зэгурыIуэр абыхэм куэдкIэ зэрелъытар гурагъаIуэрт. КъинэмыщIауэ, адыгэ пщащэр дэрбзэр IэщIагъэм хуэIэкIуэлъэкIуэн хуейт, псом хуэмыдэу дыщэидэ хэдыкIыкIэр зригъэхъулIапхъэт. Уеблэмэ пщащэм и пхъуантэдэлъыр езым игъэхьэзырыжырт. Ди щIыпIэхэм зыщызыплъыхьа еджагъэшхуэхэм пэжу гу лъатат: «Шэрджэс бзылъхугъэм и IэкIэ зэгуида дыпIэр къэмыхъейурэ езы бостейр лэжьэжынущ», - жаIэрт. Апхуэдэ фIагърэ дахагъэрэ далъагъуу дуней псор къызэхъуапсэ адыгэ фащэм лIэщIыгъуэ-лIэщIыгъуэкIэрэ хуэмурэ и пщIэр зэрехуэхам теухуауэ кинорежиссер цIэрыIуэ Сокуров Александр къыхигъэщауэ щытащ: «Иджырей шэрджэс бзылъхугъэхэм я фащэр зэрахьэркъым. Ар щыптIэгъамэ, абы ухуэфэщэн зэрыхуейра хьэмэ абы хуэмыхьэзыру ара?! Ди жагъуэ дауэ мыхъуми, а лъэпкъ щIэиным ахэр хуэпабгъэжыркъым. Ар щыуагъэу къыщIэкIынущ. Шэрджэсым я дунейр иджыпсту къызэтеувыIауэ къыпщохъу, зыгуэрым и Iуэхур нимыщIысу фэ ибоплъ. Сэ къызолъытэ лъэпкъ щэнхабзэхэр хъумэн хуейуэ, дэтхэнэми я фIыгъуэхэм я гупэр хуагъэзэжыпхъэу».
    Адыгэм хабзэ дахэ иIахэм ящыщт цIыхубзым и лъэIур тIэу жыIэ имыщIу цIыхухъум игъэзащIэу зэрыщытар. Псалъэм папщIэ, къаугъэ яку къыдэхъуауэ цIыхухъуитI щызэзауэкIэ, бзылъхугъэм и IэлъэщIыр зытрихрэ а тIум я зэхуаку дидзамэ, асыхьэтым ахэр зэтесабырэжын хуейт. Апхуэдэ пщIэ цIыхубзым хуащIырт пасэрейм.
    Шэрджэс бзылъхугъэхэм пщыхэр, кърым, астрэхъан, къэжэр хъанхэр къылъыхъуу зэрыщытар тхыдэм къыхэнащ. Апхуэдэт урыс пащтыхь гуащэ Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэней (Марие) - Грозный Иван и щхьэгъусэу щытар, Къаныкъуэ беслъэней лъэпкъ цIэрыIуэм къыхэкIа Гюльбахар Махидевран - Уэсмэным и сулътIан Сулейман I и гаремым щIэсар,  Куржым я пащтыхь гуащэ Русудан - Картлием ипщ Вахтанг VI щхьэгъусэ хуэхъуар (Джылахъстэн лъэпкъыжьым щыщт), Иорданием и пащтыхь гуащэ Алия Тукан - Пащтыхь Хъусейн и щхьэгъусэр.
«Адыгэ бзылъхугъэр дахагъэмрэ гъэсэныгъэмрэ я пщалъэ дуней псом щыхъуащ. Абыхэм я фIыгъэщ адыгэ лъэпкъым ноби и гъуэгуанэм зэрыпищэр. Яхэтащ абыхэм щэнхабзэ лэжьакIуэшхуэхэри, щIэныгъэрылажьэхэри, Хэку зауэшхуэм и лIыхъужьхэри», - жеIэ дирижёр цIэрыIуэ Темыркъан Юрэ.
 Кавказ зауэм иужькIи гъуэгуанэ мытынш пхыкIащ шэрджэс бзылъхугъэр. Бзэр, лъэпкъ хабзэр, щэнхабзэр къащIэхъуэм ирагъэщIэн, халъхьэн папщIэ ахэр я къару еблэж хъунутэкъым, арыншамэ хамэщI щыпсэуну къызыхуихуахэр зэрылъэпкъыу адрейхэм яхэшыпсыхьыжынри хэлът. Абы къыхэкIыу къаруущIэ зыхалъхьэжри,1918 гъэм «ЦIыхубз зэакъылэгъухэм я шэрджэс зэгухьэныгъэ» къызэрагъэпэщауэ щытащ Мелек Хайре, Бэрзэдж Макбул, Решид Залико Эмине, Улагай Фаикэ сымэ. Фильмым мы цIыхубз гуащIафIэхэми я цIэр къыщраIуэ.
Фэеплъ мывэ зыхуагъэувахэм ящыщщ беслъэней цIыхубзхэр - Хэку зауэшхуэм и зэманым Ленинград къыдаша сабий 32-рэ зэзышэлIахэр.   
 Куэд мэхъу Шэрджэс хэкур цIэрыIуэ зыщIа бзылъхугъэхэр. Абыхэм ящыщщ дуней псом дахагъэмкIэ япэу къызэрагъэпэща зэпеуэм япэ увыпIэр къыщызыхьа Халис Кериман, мысыр актрисэ, уэрэджыIакIуэ Хусни Суад, Тырку Республикэм и цIыхубэ актрисэ, режиссер, сценарист, фильм 200-м хэтыну хунэса Шорэ Тюркан, тырку актрисэ, продюсер, «Великолепный век» сериалым и сценарист Мерал Окай, франджы балеринэ, сурэтыщI, скульптор, актрисэ Щамырзэ Моникэ (Черинэ Людмилэ), Франджым и ЛIыхъужь Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан, франджы тхакIуэ Шарлоттэ Аишэт, цIыхубз-кхъухьлъатэзехуэ Богузокъуэ Лелэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ япэу доктор цIэр зыфIаща КIэрашэ Зейнаб, нэгъуэщIхэри.
Иджырей зэманми адыгэ бзылъхугъэхэм IэщIагъэрэ зэфIэкIкIэ цIэрыIуэ куэд къахокI. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, дыщэкI Iэзэ Еутых Iэсият, Эверест бгым дэкIа Мэз Каринэ, актрисэ Жэман Аминэ, «Черкешенка» япэ дунейпсо зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщызыхьа Кукан Беллэ, нэгъуэщIхэри. Хэт ищIэрэ, илъэсхэр дэкIмэ, абыхэми я цIэр яIэту фильм щхьэхуэхэр траухуэнкIэ хъунщ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: