Уэсятыр зыгъэзэщIа бзылъхугъэ

1942 гъэм и бжьыхьэрщ нэмыцэхэр Мэлгъэбэг къуажэ цIыкIум къыщыдыхьар. Къуажэм къыдэна жьыкIэфэкIэхэм я унафэкIэ зыщагъэпщкIуащ Курп псы Iуфэм псоми.
 Псы цIыкIур зыдэт бгыр нэпкъ задэт, лъагащэти, уеплъыхамэ, укъигъэшынэрт. Жылэдэсым хэхауэ лъэс лъагъуэ цIыкIу яIэт абы иридыхьэу. ГъэщIэгъуэнратэкъэ, зэрыдыхьэуи къызэрыдэкIыжуи а зы гъуэгурт щыIэр. А псыр шугъэт, гъуабжэт, арщхьэкIэ къуажэдэсхэм ирафри зэрыжьыщIэри арат. Псым ефэн и пэ къихуэу, шэ кружкэ хакIэрти, ягъэжабзэрт, жьыщIэнумэ, япэщIыкIэ пхъэ яжьэ хакIутэрт. Бгыр гъуэмб-гъуэмбурэ щIатIыкIри, цIыхухэм зрагуэшащ. АрщхьэкIэ, пшапэр зэхэуауэ кхъухьлъатэ блэлъэтыжым лагъым къридзыхри, бгыр къыгуигъэуащ. ЯтIэ къещэщэххэм цIыхухэр щIиубыдэрт, щIипIытIэрт, гузэвэгъуэр къалъэIэсат. А дакъикъэхэм Кубра и бынхэр и гъусэу бгъуэнщIагъ ящIам щIэст. ЦIыхубзым и куэщIым иса хъыджэбз цIыкIуитIыр, ипхъу нэхъыжьхэр, ятIэ къещэщэхам къыщIихыжащ. ЦIыхухэм къэхъуар къагурымыIуащэу адэ-мыдэкIэ щызэхэзежэрт, я щхьэр зэрахьэрт. Кубраи и щIалэ нэхъыщIэр игъуэтыжыртэкъыми, гузэвэгъуэр къылъэIэсауэ, къижыхьырт. Зы зэман щIалэ цIыкIум и лъэдакъитIыр щIым къыщIэщу елъагъу. Анэр сабий лъакъуитIым къокъу, мэгъуэг. Бзылъхугъэ гужьеям къуажэдэс лIыжь гуэр къыдэIэпыкъуауэ жаIэж. ЦIыхубзыр абы IуигъэкIуэтри, щIалэ цIыкIур къыщIитIыкIыжат. Псэууэ къызэрыпщIэн дунейм теттэкъым ар: и жьэми и пэми ятIэр изт, езыр фIыцIабзэ хъуат. Сытми къагъэбэуэжащ сабийр.
ИкъукIэ цIыху куэд хэкIуэдат а жэщым. Пщэдджыжьым хьэдэхэр Курп щыщIалъхьащ. ЦIыхухэр я унэ хуэмурэ екIуэлIэжырт, нэгъуэщI сыт ящIэнт?! КIуэжми, унэхэм нэмыцэр щIэст, хэгъэрей зыщащIауэ. Кубра IэпэтэрмэшкIэ нэмыцэм гуригъэIуащ здэкIуэн нэгъуэщI зэримыIэр, сабий сымаджэ зэрыIэщIэлъыр. Езыхэр лIитху хъууэ пэш нэхъ хуитым зыщIагуэшат, цIыхубзым и бынхэр и гъусэу пэш цIыкIум щIагъэхьэжащ. Сабий гужьеяхэр зэщIэгъуагэрт, шхэну хуейт. А псом цIыхубзри игъэгужьейрт, ауэ зиIыгът. «Фымыгъ», - жиIэу еIущащэрт Кубра быным. Ауэ, нэмыцэхэр зэман-зэманкIэрэ я фочыр гъэпкIауэ къащхьэщылъадэрти, Iуэхур нэхъ гузэвэгъуэ хъурт. Апхуэдэххэу нэху ягъэщащ. ЗанщIэуи Кубра сабийхэр зэщIикъуэри, и щхьэр пщIантIэм дихащ. Къуажэм дэс я Iыхьлы лIыжь гуэр деж йокIуалIэ ар: «СыздэкIуэн сиIэкъым, си сабий сымаджэм и псэр пытыху нэхъ мыхъуми сыщыгъэIэ», - жеIэри. Зи щхьэ къезыхьэлIа цIыхубз дэIэпыкъуэгъуншэр лIыжьым дауэ игъэщIэхъунт?! ТIакъ и унагъуэм махуиблкIэ щыIащ Кубрарэ и бынхэмрэ. Махуибл нэужьым сабий сымаджэм и псэр хэкIащ. ЦIыху гуапэт, гущIэгъу зыхэлът, жумартт бзылъхугъэр зэкIуэлIа зэщхьэгъусэхэу Щадхэ ТIакърэ ФатIимэтрэ. А зэманым апхуэдэ цIыхугъэ зыгуэрым кIэлъызепхьэфыныр лIыгъэшхуэт.
Нэмыцэр зыдэужьгъа къуажэм псэупIэ щыщамыгъуэтыжым, цIыхухэр зэбгрыкIауэ щытащ, зэрыпхъуакIуэхэр здынэмыса щIыпIэ къалъыхъуэу, я благъэ, Iыхьлыхэм деж екIуалIэу. Кубраи и быныр къыздищтэри, ХьэпцIей къуажэм кIуащ, и Iыхьлы Къущхьэбий ФIыцIэхэ екIуалIэри, нэмыцэр щIыналъэм икIыжыху абы щыIащ.
1943 гъэм и бжьыхьэм ди дзэм нэмыцэр Мэлгъэбэг дихужащ. Гугъу ехьа жылэр я лъапсэхэм ягъэзэжырт, ауэ къуажэм зыри хэлъыжтэкъым: унэхэр зэтекъутат, джэд-къази гъави щыIэжтэкъым. Кубра и пщIантIэм лагъымищ къыдэхуат. Зэрыкъуажэу лъапсэрыхыр къахуэкIуами ярейт. ЦIыхум я нэгум къищыр нэщхъеягъуэрэ гузэвэгъуэрэт, гуфIэкIи ящыгъупщэжа хуэдэт, уеблэмэ псэлъэну гукъыдэж яIэжтэкъым.
Ауэрэ зауэм зэтрикъута колхозыр яухуэжу щIадзащ, къела цIыхухъухэми къагъэзэжырт. Кубра и дэлъху закъуэ Мусэри и Хэку ихъумауэ и унэ къекIуэлIэжащ. Ар илъэс куэдкIэ къуажэ колхозым щылэжьащ, бынунагъуэшхуи къигъэтэджащ. Ауэ къэзыгъэзэжхэм яхэттэкъым Кубра и щхьэгъусэ Чопей. Куэдрэ пэплъащ бзылъхугъэр и щхьэгъусэм къигъэзэжыным. Ауэ ар гугъэ къудейт… Къигъэзэжакъым. ЦIыхубзым гъащIэм и IэфIыр щыгъупщэжат, гукъыдэж хуиIэжтэкъым дунейм. АрщхьэкIэ, Чопей и уэсятыр и гум къридзэжырти, и бгыр щIикъузэжырт.
Зауэ нэужьым дунейм ехыжащ Кубра и хъыджэбз етIуанэр. Быным я нэхъыжь Зафирэ и еджэныр зэпыуащ - губгъуэм илэжьыхьын хуейт. Иужьым абы дэрбзэр IэщIагъэр зригъэгъуэтыжри, къуажэри-жылэри къыхуэкIуэу лэжьащ. Гугъуехьым щышынакъым ар. Абы къыкIэлъыкIуэ Зое Къаншыуей къуажэм курыт еджапIэр къыщиухат. Ещанэ хъыджэбзри, Феня, егъэджакIуэ хъуащ - сабийм зэрепсэлъэн бзэ Iурылът абы. Кубра и къуэ Митя Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и агроном къудамэр къиухри, илъэс куэдкIэ Опытнэ станцым щылэжьащ.
Щхьэгъусэр зауэм щыдэкIым къыхуищIа уэсятыр игу ихуакъым Кубра. Быным щIэныгъэ, IэщIагъэ яригъэгъуэтащ, гъуэгу зырыз тригъэуващ. «Си фэеплъу си анэр лъагъу» - Чопей и псалъэхэр итт Кубра и тхьэкIумэм. Щхьэгъусэм и анэми кIэлъыплъыжащ ар. Мэлгъэбэг къыщыщIэдзауэ Къаншыуей нэс лъэсу кIуэрти, фызыжьыр зыхуей хуигъазэрт, лъапсэм илъ Iуэхур ищIэрт.
Жьыбгъэ шынагъуэу къыкъуэури, зауэм лъэпкъыр иудыныщIат. Сыту цIыху гъащIэ куэд здихьа абы.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: