Шурэ лъэсрэ

ХьэщIэм нэмыс щыхуащIри хабзэ щыкIэлъызэрахьэри унэм и закъуэтэкъым, дэнэ щыхуэзэми хьэщIагъэ ирахырт.

Гъуэгум шууэ кIуэрэ пэт, шу гуэрым щIэрыхьэм «хьэщIэу къыщIэкIынщ», - жиIэу хуэсакъыу, и сэмэгурабгъумкIэ бгъурыхьэн хуейт, хабзэм тету ижьырабгъур хьэщIэм иритын щхьэкIэ. Зэрыгугъам хуэдэу къыщIэкIрэ, зылъэщIыхьар хьэщIэ нэхъыжьу щытмэ, тэмэму бгъурыхьати, абы тету кIуэхэрт. Армырауэ ижьырабгъур езым нэхъ хуэфащэу щытмэ, зылъэщIыхьар къекIуэкIырти, сэмэгурабгъумкIэ къэувырт.

Зы хьэщIэрэ зы хэгъэрейрэ зэдэщIыгъуу кIуэмэ, хьэ­щIэр ижьырабгъумкIэ игъэувын хуейт нэхъыщIэу щытми, и щIым икIыхукIэ. И щIым икIа нэужь, нэхъыжьым нэхъыжьыпIэр къыхуонэж.

Шууэ кIуэурэ нэхъыжьыр лъэсу кIуэуэ ирихьэлIамэ, епсыхыу сэлам ирихын хуейт. Шым тесу нэхъыжьым сэлам ирахыу хабзэтэкъым.

Зы хьэщIэрэ зы хэгъэрейрэ зэдэщIыгъуу макIуэ. Хьэ­щIэр шущ, хэгъэрейр лъэсщ. Лъэсыр дэнэкIэ увын хуей? Iэмал имыIэу лъэсыр ижьырабгъумкIэ увын хуейщ, икIи нэхъыщхьэу икIи хэгъэрейуэ щыт пэтми. Чэм мыхъуу хьэщIэр ижьырабгъумкIэ щытын хуейуэ аратэкъэ жытIэр? ХьэщIэр шым епсыхын хъумэ, хэгъэрейр епхъуэу и Iэ ижьымкIэ шхуэмылакIэр иубыду, Iэ сэмэгумкIэ лъэрыгъыпсыфэр иубыду иригъэпсыхын хуейщ. Ар иригъэпсы­хын щхьэкIэ лъэсыр, зэрыхабзэу, и сэмэгумкIэ щытмэ, шур щепсыхкIэ лъэсым теувэнущ, езы лъэсри ижьыра­бгъумкIэ къекIуэкIыу шыIумпIэр иубыдыху шур къежьэу щытын? Нэхъыжь шурэ нэхъыщIэ лъэсрэ зэдэщIыгъуу кIуэми, аращ хабзэр.

Адыгэм шы тесыкIэу яIар

Адыгэхэр зэхуэдэу шым тесу щытакъым. Пщыр, лъхукъуэлIыр (адыгэлIкIэ дызэджэр) шыбг уанэм зэрытесым нэхърэ нэхъыбэкIэ зэфIэту лъэрыгъым итт. Ауэ уэркъыр и куэмкIэ зэпрууэ уанэм тесу, шы джабэм гуэсу тест. А зэрытес и куэ лъэныкъуэр ешамэ, адрей куэ лъэныкъуэмкIэ тетIысхьэрт. Ар уэркъ шы тесыкIэт. Ар апхуэдэу щIытесыр зэрыуэркъыр къащIэн щхьэкIэт. Апхуэдэ шы тесыкIэр революцэм иужькIэ дэ тлъагъужащ. Псыгуэнсу щыщ Лъостэн Къалгъэ и гъащIэр апхуэдэу шым тесу ихьащ.

Адыгэр шым щIопщымкIэ еуэрти, пщIантIэм дыхьэрт, зэрыдыхьар зэхахын щхьэкIэ. Елъэдэкъауэрти къыдэкIыжырт. Ауэ шым щIопщымкIэ еуэу къыдэкIыжамэ, бысымым хуэмыарэзыуэ арат.

ЛIитI лъэсу е шууэ зэблэкIмэ, я сэмэгурабгъур зэхуэгъэзауэ зэблэкIын хуейт. Ар зытраухуар, япэрауэ, шууитI зэхуэзар къепсыхын хуй хъумэ, яшхэр я зэхуакум къыдэмыувэу, езы тШyp зэувэлIэныр арат. ЕтIуанэрауэ, я Iэщэр зэхуэгъэзауэ зэблэкIын, Шэщэ зэраIыгъыр ягъэлъагъуэу хуейт, къамэри, фочкIэщIри, сэшхуэри зыкIэрылъыр сэмэгумкIэт.

А Iэщэхэр щIригъэлъагъум мыпхуэдэ хабзи хэлъащ: пасэрей адыгэлIхэр зэрызэуэным хуэщIауэ къакIухьу щытащ. Ауэ Iэщэ зымыIыгъым адыгэлI езауэу щытакъым. Мис абы папщIэ, и Iэщэр иригъэлъагъун хуей хъурт, «укъызэзэуэнумэ, сыпхуэхьэзырщ», - жиIэу къикIыу. Пасэрей адыгэхэм зэбий куэд яхэту щытащ. Ауэ и бийм зэкъуэхуауэ хуэзарэ, а зыхуэза бийм Iэщэ имыIыгъмэ, и бий пэтми езауэу щытакъым. Ахэр зыхуейр зэпэуврэ къеуэм еуэжу зэзэуэнырт. Зэпэувырти, «япауэр зейр уэращи, къауэ, уэ ухьэщIэщ!» - жаIэу хуит ящIу щытащ.

Нэхъыжьыр - лъэсу, нэхъыщIэр шууэ зэрихьэлIамэ, нэхъыщIэр шым тесу нэхъыжьым сэлам ирихыныр eмыкIут, къепсыхыу ирихын хуейт. Ауэ тIури шууэ зы нэхъыжьрэ зы нэхъыщIэрэ зэрихьэлIамэ, епсыхын хуейкъым, тIури шым зэрытесу сэлам зэрахырт. Нэхъыжьыр шууэ нэхъыщIэр лъэсу зэрихьэлIамэ, нэхъыжьыр шым къепсыхын хуейуэ хабзэтэкъым.

ЦIыхубз блэкIмэ, Iэщэр зыкIэрылъ лъэныкъуэр хуимыгъазэу ижьырабгъур хуигъэзэн хуейт, ар лъэсу къакIуэми гукIэ къакIуэми.

ДОХЪУШОКЪУЭ Синэ.
Поделиться:

Читать также: