ЛIыгъэр зэи фагъуэ хъуркъым

Тхыдэр щыгъуазэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэхэр Хэку зауэшхуэм псэемыблэжу зэрыхэтам. Абыхэм ящыщщ куэдым я псэр я къэралым и щхьэхуитыныгъэм щIатащ. Зэманыр макIуэ, ауэ абыхэм я фэеплъыр ящыгъупщэркъым, зэрахьа лIыгъэр фагъуэ хъуркъым. Апхуэдэу зы адыгэ жылэ и щIалэ гуп тхыдэ напэкIуэцIхэм зэрыхэувам дыщигъэгъуэзащ радиом и журналист Хьэмту Къадир.

Дзэлыкъуэ районым хиубыдэ Сэрмакъ къуажэм щыщу зи къару илъыгъуэ защIэу щIалэ 870-м нэс дэкIауэ щытащ нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм пэувыну. Абыхэм я нэхъыбэр щIалэ фызкъэмышэхэт. 
ПсэзэпылъхьэпIэ лъэхъэнэт ар. КъэралыщIэ, псэукIэщIэ яухуэну зи гуращэ щIалэгъуалэм къахудэкIат я мурадыр къаIэщIигъэхуну къатеуа бийм пэувыну. А зауэ гуащIэм я псэр щатащ сэрмакъдэсхэм ящыщу цIыху 446-м. Абыхэм яхэтщ зы сабий, тIу, щы, нэхъыбэж къызыщIэнаи, бын игъуэтыну хунэмысаи, зи къэшэгъуэр зэпаудаи. 
Зауэр сытым дежи гущIэгъуншэщ, лъапсэ гъэгъуныр зи гуращэщ. ЛъэпкъгъэкIуэдыр абы къызыхухэкIахэри ди мащIэкъым. Псалъэм папщIэ, унэцIэ зэтемыхуэ зэрахьэу лъэпкъи 120-м щIигъу дэсщ ди къуажэ Сэрмакъми, абы щыщу лъэпкъ 94-м зы цIыхукIэ-цIыхуитIкIэ зауэр зыхэмыIэба диIэкъым.
 Нэхъыбэ дыдэ зыфIэкIуэдахэм ящыщщ Махуэхэ. Абыхэм яйуэ зауэм хэкIуэдащ цIыху 42-рэ. Лыджыдэхэ яхэщIащ цIыху 22-рэ, Куэцэхэ – 21-рэ, Къардэнхэ – 20, БатIхэ – 13, Диданхэ – 12,  Гуэнгъэпщхэ – 11, Даухэ – 11, Бекъулхэ – 10, Вындыжьхэ – 10, Къалэхэ – 10, Къармэхэ – 10. 
ТIакъуэр закъуэщи, закъуэр щымыIэ пэлъытэщ, жиIащ адыгэм. Зауэр ящысхьакъым зыми, мащIэ-куэд зэхэдзи ищIакъым. Къапщтэмэ, лъэпкъ инкъым Алътудхэ, Бырмамытхэ, ауэ абыхэм я цIыху ирий зэуапIэм къинащ. ЦIыху хырых, тхурытху, плIырыплI яфIэкIуэдащ Зыхъуэхэ, КIузамыщхэ, Жырыкъхэ, Жыкъуэхэ, Дзыгъуэжьхэ, Даурхэ, Къэзаншхэ, Мудрэнхэ, Мэшхэ, Пылхэ, Угъурлыхэ, ХъуэкIуэнхэ, Хьэмтухэ, Чэртбийхэ, ТIэхъуэхэ, Токъумакъхэ, Хьэжкъасымхэ, Хьэтэжыкъуэхэ, Чэртыхэ, Шыдхэ. 
ЛIыхъужьу зауэм хэкIуэдахэм ящыщщ Быгуэ Iэбу. Ар кхъухьлъатэзехуэу щытащ. Уэгум иту шэр къыщыIэщIэухэм, мафIэр зрадза и кхъухьлъатэмкIэ бийм захидзэри, ахэр адэкIэ игъэкIуакъым. Апхуэдэ дыдэу лIыхъужьу зауэм хэкIуэдащ майор Зыхъуэ Шафихь. Абы зэрихьа лIыгъэр зауэ тхыдэм щапхъэу къыхэнэжащ. 
1942 гъэр екIуэкIырт. Гъэмахуэт. Бийр ерыщу хущIэкъурт Сталинград къищтэну. Абы папщIэ къаруущIэхэр кърашалIэрт. Фронтым и щIыпIэ щхьэхуэхэм цIыху бжыгъэкIэ бийр дыдейхэм хуэди 4 - 5-кIэ къыщебэкIырт, танкрэ кхъухьлъатэкIи хуабжьу къыщыдэфIэкIырт. Къанэ щымыIэу псори зэпалъыта хуэдэт, ауэ нэхъыщхьэр щыгъупщат: ар совет цIыхубэм я зэкъуэтыныгъэмрэ дапщэщи къакъуэкI къару мыкIуэщIыжымрэт. 
Ди танкзехуэхэр щытыкIэ хьэлъэм иту щхьэмыгъазэу зауэрт. ЗэхэгъэкIыныгъэшхуэу щыта шыщхьэуIу, фокIадэ, жэпуэгъуэ мазэхэм къриубыдэу мини 2-м щIигъурэ кхъухьлъатэхэмкIэ ди быдапIэхэм къатеуат. Индыл деж къыщызэпрызытхъа бийр зэтракъутэн мурадкIэ, фашистхэм пэщIэуват 2-нэ, 23-нэ танк корпусхэр. 
А махуэхэм Сталинград и Iэгъуэблагъэхэм зэхэуэ гуащIэхэр щызэпыуакъым. ЕтIуанэ танк корпусым и 26-нэ танк бригадэ щхьэхуэм и политотделым и инструктор нэхъыжь майор Зыхъуэ Шафихь лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ я щапхъэ нэс абдеж къыщигъэлъэгъуащ. А лIыхъужьыгъэм папщIэ 1942 гъэм дыгъэгъазэм и 18-м адыгэ щIалэм къыхуагъэфэщащ Вагъуэ Плъыжь орденыр. 
Сталинград деж къыщаухъуреихьа биидзэхэр зэхэкъутэнми жыджэру хэтащ Зыхъуэ Шафихь. И щхьэкIэ къигъэлъэгъуа хахуагъэм, апхуэдэу фашистхэм ебгъэрыкIуэныр Iэзэу къызэрызэригъэпэщам папщIэ, Ипщэ КъухьэпIэ фронтым и унафэщIым и приказкIэ 1943 гъэм мазаем и 20-м ди хэкуэгъум Вагъуэ Плъыжь орденыр етIуанэу къыхуагъэфэщащ. 
1943 гъэм бадзэуэгъуэм и 12-м и пщэдджыжьым ди дзэхэм Прохоровскэ къуажэм и Iэгъуэблагъэхэм щызэхаублэ зыхуэдэкIэ нэхъ гуащIэ дыдэу ЕтIуанэ дунейпсо зауэм и тхыдэм къыхэна зэпэщIэувэныгъэ иныр. Абдеж ди зауэлIхэм къыщахьа текIуэныгъэшхуэми Зыхъуэ Шафихь къыщыхэжаныкIащ. Абы и ужькIэ ар хэтащ Украинэм щекIуэкIа зауэ гуащIэхэм. Сумскэ областыр хуит къыщащIыжым, 1943 гъэм шыщхьэуIум и 23-м, Зыхъуэ Шафихь Беймырзэ и къуэр зауэм хэкIуэдащ, лIыгъэм и щапхъэ къигъэлъагъуэу. 
Сэрмакъ къуажэжьым щыщ щIалэ куэд мис апхуэдэу лIыхъужьу зауэм хэтащ, губгъуэми къинащ. 
Зауэм и мафIэ лыгъейм къыхэкIыжу къуажэм къэзыгъэзэжыну зи насып къихьахэри, зэрыжаIэу, орденыбгъэт. Александр Невскэм и орденыр зыхуагъэфэщахэм ящыщт капитан Бэрокъуэ Абдулчэримрэ майор Джатэжьокъуэ Хьэжпагуэрэ. Зауэм щызэрахьа лIыгъэр ирагъэбелджылыуэ цIыхуи 105-м Вагъуэ Плъыжь, Хэку зауэ орденым и япэ, етIуанэ нагъыщэхэр къыхуагъэфэщат. 

 

Поделиться: