Лъэужь куу къэзыгъэна

Зи художественнэ тхыгъэхэм лъэпкъ щIэныгъэмрэ литературэмрэ я тхыдэм щIыпIэшхуэ щызыубыд Хъан-Джэрий псом нэхърэ нэхъ гъунэгъу зыхуэхъуар урыс тхакIуэ икIи журналист Н.И. Гречщ. Махуэку пщыхьэщхьэ къэс абы и деж щызэхуэс цIыху цIэрыIуэхэм адыгэ щIалэр ирагъэблагъэрт, зэрыхуэбгъэфэщэнкIи, Греч и унагъуэрауэ къыщIэкIынущ Пушкинымрэ абырэ цIыхугъэ щызэхуэхъуари, абы и тхыгъэхэм нэхъ пасэу зэреджам и гугъу умыщIыххи.

ЩIэныгъэлI ХьэкIуащэ Андрей зэритхыжымкIэ, ди зэманым къэсыжащ абы и теплъэ телъыджэр Iэзагъышхуэ хэлъу къыщыгъэлъэгъуэжа зы тхыгъэ гъэщIэгъуэн. Ар зи IэдакъэщIэкIыр Хъан-Джэрий фIыуэ зыцIыхуу щыта, мазэ зытIущкIэ зыдэлэжьа урыс журналист В.П. Бурнашевырщ. А тIур япэу зэрызэхуэзар, зэрызэIущIар къигъэлъэгъуэжурэ, зэманыфI дэкIауэ къыдигъэкIа и гукъэкIыжхэм, абы мыр щитхыгъащ: «Сэ иджыкIэ къызэрысщIэжымкIэ, махуэкухэм ящыщ зым Греч Николай Иванович и деж, пхужымыIэну гъэщIэгъуэнрэ сыт и лъэныкъуэкIи адрей псоми къахэщу, зы хьэщIэ къэкIуащ.

Статскэ сюртукхэр, фракхэр, вицмундирхэр зэмыфэгъуу зэбэкIыу абы щызэхуэсахэм дымыщIэххэу къахыхьащ зы щIалэщIэ, Iэпкълъэпкъ зэкIуж, псыгъуэ, пхужымыIэну лантIэ иIэрэ и инагъкIэ ику иту…Егъэлеяуэ гуапагъэ, узытхьэкъу къару иплъагъуэрт Греч и пэш иным къыщIыхьа хьэщIэщIэм и нэгум. А хьэщIэм и нэкIум, зэрыщыту и теплъэм, и зыIыгъыкIэм къищырт шынэкъэрэбгъафэ мыхъуу, нэщхъеягъэ, укIытафэ гуэрэ икIи фIыцIафэ зыщIэлъадэ и нэр пIалъэ-пIалъэкIэрэ къилыдыкIырт, ауэ къагъэлъагъуэр губжьтэкъым, атIэ къарут. А хьэщIэр хуэпат лейб-гвардие Бгырыс эскадрон ныкъуэм и фащэкIэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, абы щыгът бгырыпх зыщIэлъ икIи зи бгъи, зи къуащIи, зи шалъи, зи пщампIэ хъуреи дыжьын уагъэкIэ щIэгъэна къэптал щIыху дахэр… Абы и плIэхэм телът пащтыхь дамыгъэр зытещIыхьа полковник дамэтелъ зэщIэлыдэр; и плIэ ижьымкIэ, флигель-адъютанту зэрыщытыр къигъэнахуэу, дыжьын аксельбант къедзыхат. И джанэ щIыхум къытещу и пщэм дэлът Станиславрэ Аннэрэ я орденхэр зыкIэрыщIа лентIхэр.

Хэт хъунут а шэрджэс щIалэр, гвардием и полковникыр икIи флигель-адъютантыр? Ар Хъан-Джэрийт!». «Шэрджэс Карамзин» урыс пащтыхьым къызыфIища, «шэрджэс телъыджэкIэ» зэджэ адыгэ щIалэр а илъэсхэм Урысейм и щыхьэрым егъэлеяуэ цIэрыIуэ щохъу, лэжьыгъуей къалэнхэр и пщэ къыдилъхьэурэ ар Николай Езанэм Кавказым мызэрэ-мытIэу къегъэкIуэж.

Дзэ унафэщIхэм я лъэIукIэ зэман кIэщIым абы егъэхьэзыр тхылъищ хъууэ «Шэрджэсым теухуа тхыгъэхэр». Абы и щIыIужкIи зи лъэпкъым, зэрыщыту Кавказым и щытыкIэ псэзэпылъхьэпIэм тегузэвыхь а цIыху псэемыблэжым рапорт зыбжанэ етх бгырыс лъэпкъхэр зыхэт лъыгъажэм, кIыфIыгъэм къыхэша, мамыр псэукIэм тегъэува зэрыхъуным теухуауэ. Ауэ езы пащтыхьми, Кавказ зауэр мылъку, къулыкъу хэкIыпIэ зыщIа урысыдзэм и унафэщI нэхъыщхьэхэми лъэныкъуитIри бэлыхь мыухыжхэм хэзыгъэт а зауаер ягъэувыIэну мурад яIакъым, абы къыхэкIкIи ахэр зы хъужри, бгырыс щIалэм къиIэта Iуэхухэр зэрызэпаудыным яужь йохьэ, япэм фIыуэ къыхущыта пащтыхьри гущIыIэ къыхуэхъуныр абыхэм я зэранщ.

ГъуэгуанэщIэ и лъэпкъыр тригъэувэну нэхъ пасэхэм бащэу зыщыгугъа пащтыхьым ар къегъэпцIэж, гугъэ лъагэ иIахэри фIолъэлъэж. Гулъытэ щIагъуэ къызэрыхуамыщIыжым и щыхьэту, 40 гъэхэм я пэщIэдзэм Хъан-Джэрий и хэку къагъэкIуэж.

Зэрымыузыншэм щхьэкIи къимыгъанэу, ар йоувалIэ куэд щIауэ и нэ къызыхуикI творческэ лэжьыгъэм: япэ и художественнэ тхыгъэр дунейм къытохьэ, адыгэ IуэрыIуатэм и тхыгъэхэр щызэхуэхьэсыжа тхылъ егъэхьэзыр, пащтыхьым фIитхьэкъуа «Шэрджэсым теухуа тхыгъэхэр» зыIэригъэхьэжу къыдигъэкIыну яужь йохьэ, абы и лъэIур хуамыгъэзащIэми. Мурад ин ищIахэр илэжьыным хунэмысу, илъэс 34-рэ фIэкIаи имыныбжьу Хъан - Джэрий 1842 гъэм дунейм ехыжащ.

Иджыри къыздэсым зэхэмыгъэкIауэ къонэ абы и кIуэдыкIар. Абы и щIалэгъуэми узыншагъэшхуэ иIакъым, ауэ, языныкъуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, ар урысхэмрэ бгырысхэмрэ я зэпыщIэныгъэм и бийхэм ягъэлIащ.

Поделиться: