Сэлэт хахуэм и гъуэгуанэр зыкIуа

         КIыщокъуэм и творчествэм фIыуэ щыгъуазэхэм зэращIэщи, усакIуэр зауэм Iухьауэ щытащ япэу къыдигъэкIа и усэ тхылъыр иIыгъыу. Iэщэм щIыгъуу къалэмри зыгъэбзэн хуей хъуа усакIуэм зауэм здыIутми и творчествэм пищащ. ЗэуапIэ губгъуэм Алим щыIущIэжащ балъкъэр усакIуэ, и ныбжьэгъуфI Кулиев Къайсын. А зэманми иужькIи КIыщокъуэм дилъагъуу щыта цIыхугъэмрэ лIыгъэмрэ теухуауэ Кулиевым итхыжащ: «Дон губгъуэ диту Алим зы усэ къысхуеджауэ щытащ. ИгъащIэкIэ сщыгъупщэжынукъым сэ а усэр, апхуэдизкIэ гукъинэ сщыхъуащи. Зи гугъу сщIы усэр цIэрыIуэ дыдэ хъуауэ щытащ иужькIэ: уIэгъэ хьэлъэ хъуа и ныбжьэгъур зэуапIэм кърех зауэлIым; сэлэтыр абы къолъэIу: «Сэ укъызэлIалIэурэ, уэри уаукIынущ, сэр щхьэкIэ зумыгъэукI, уи щхьэр къегъэл – насыпыр Iыхьэ мыгуэшщ». ЗауэлIым и ныбжьэгъур губгъуэм къринакъым, мафIэм къыхихащ, езыр хэкIуэдэнкIэ зэрыхъунуми еплъакъым...

         Iэджэ щIащ а усэр Алим и къалэмыпэм къызэрыщIэкIрэ – зауэ гуащIэм щыхэта махуэ хьэлъэрщ щитхар. А усэ телъыджэм къиIуэтар Алим хэлъ лIыгъэмрэ цIыхугъэмрэ я закъуэкъым – ар усакIуэм и творчествэ псом щапхъэ хуэхъуащ.

         Зауэ гуащIэхэм я курыкупсэм хэтащ Алим, абы и мафIэ лыгъейр къыжьэхэлыдэурэ, сэлэт хахуэм и гъуэгуанэр икIуащ, и усэри езыри а мафIэм ипсыхьащ. Абы къыщыщIидзэри, Алим хъуащ къэрал псом къыщацIыху, зи цIэр жыжьэ щыIуа усакIуэшхуэ. ЦIыхугъэр, напэр, лIыгъэр, захуагъэр, щыпкъагъэр гъуазэ хуэхъуауэ, шу хахуэм и гъуэгур гъащIэми литературэми щызэпичащ.

         ЛIыгъэмрэ цIыхугъэмрэ и гъуазэмэ, усакIуэм и гъуэгур кIугъуафIэкъым. Ар зауэм щыгъуи, иужькIи Алим езым и щхьэкIэ Iэджэрэ игъэунэхуащ, ауэ зэ закъуэ нэхъ мыхъуми къызэфIэщIауэ, шум и гъуэгум текIуэтауэ ар зыми илъэгъуакъым, и псалъэм щытумыгъуэтэж, ныбжьэгъур щимыгъэпэжа, абы и гукъеуэмрэ и гузэвэгъуэмрэ щызэхимыщIыкIа къэхъуакъым. ИщхьэкIэ зи гугъу щысщIа усэ телъыджэр зи гущIэм къиIукIынкIэ хъунур апхуэдэ цIыхущ.

         Сэ дапщэщи згъэщIагъуэ зэпытщ Алим хэлъ гуащIэмрэ къарумрэ – ар зытемыгушхуэрэ зыпэмылъэщрэ щыIэтэкъым. Iуэхум, лэжьыгъэм къыхуалъхуа цIыхут Алим – дэни кърихрэт апхуэдиз къарурэ гуащIэрэ?! И усыгъэхэри гъэнщIащ апхуэдэ къарурэ гуащIэкIэ – а псор щызыхыбощIэ Алим и къалэмыпэм къыщIэкIа дэтхэнэ усэ сатырми.

         Къэзылъхуа лъэпкъращ усакIуэр зыхуэлажьэр – абы нэгъуэщI плъапIэ иIэнкIэ хъунукъым. Алим апхуэдэ усакIуэщ – абы и гъащIэри, и гуащIэри зи быдзышэ ефа лъэпкъым и щхьэузыхьщ.

         ТхакIуэм и пщIэр щалъытэкIэ, псом япэ зэплъыр абы и лъэпкъым и литературэмрэ и щэнхабзэмрэ хилъхьа гуащIэрщ. Аращ зэлъытар абы лъэпкъ тхыдэм къыщылъыс увыпIэр. Адыгэ лъэпкъ щэнхабзэм пщIэшхуэ зиIэ увыпIэ къыщылъос Алим, ар абы езым и гуащIэдэкIкIэ къилэжьа пщIэщ».

         Зауэм щыIута лъэхъэнэм, зэрыгурыIуэгъуэщи, КIыщокъуэм итхар усэхэм я закъуэкъым. Ди зауэлI щхьэмыгъазэхэм ди хэкур фашистхэм ирамыгъэубыдын папщIэ абыхэм къагъэлъагъуэ хахуагъэ иным теухуа рассказу, очеркыу, репортажу Алим и къалэмыпэм къыщIэкIахэр пщIы бжыгъэ Iэджэ мэхъу. Ахэр щIэмычэу къытехуэрт фронтым къыщыдэкI газетхэм, езы КIыщокъуэр зи редактору щыта «Хэкум папщIэ!» дивизэ газетри абы яхэту. Алим и IэдакъэщIэкIхэм занщIэу гу лъыптэрт ахэр зи акъылыр жан, бзэ шэрыуэ зыIурылъ журналистым зэритхамкIэ.

         ЛIыгъэ зэрыхэлъам и щыхьэту, дамыгъэ лъапIэхэр и бгъэм хэлъу, майору Хэку зауэшхуэм къикIыжа КIыщокъуэм и творческэ лэжьыгъэр зэи зэпигъэуакъым. «Шум и гъуэгу» фIищу 1946 гъэм абы къыдигъэкIа усэ тхылъым нэхъыбэу итыр зауэмрэ абы текIуэныгъэ къыщызыхьа ди зауэлIхэмрэ ятеухуа усэхэрт. ЦIыхухэм занщIэу япхъуатэри, цIэрыIуэ хъуат «ТекIуэныгъэ», «Сэлэт сэлам», «Сэлэт шырыкъу», «Си фочым IэплIэ есшэкIауэ», «ЗэныбжьэгъуитI», «Жыр пыIэ», «Сэ сщIэркъым зауэм никIыжу…», «Фэеплъ бэлътоку» усэ телъыджэхэр. Ахэри, зауэм, лIыгъэм, цIыхугъэм теухуауэ нэхъ иужьыIуэкIэ КIыщокъуэм итха нэгъуэщI усэ куэди ноби адыгэ тхылъеджэхэм яIурылъщ, цIыхум хэлъын хуей лъапIэныгъэхэр яIэту. КIыщокъуэм быдэу и фIэщ хъурт, сыт хуэдэ гъэунэхуныгъэ хуэмызами, и цIыхугъэр фIэмыкIуэду цIыхур абы къызэрикIыфынур, гъащIэр къэзыгъэувыфын къару зэрыщымыIар икIи зэрыщымыIэнур. А гупсысэр IупщIу къыхощ «Жыр пыIэ» усэ цIэрыIуэм:

         Биишэ бзаджэр техуати,

         ЗауэлIыр уэсым хэхуат.

         Жэщ борэн щIыIэм щIилъхьати,

         Теплъакъым хьэдэм нэгъуэщI.

         ТекIыжри уэсыр зэуапIэм,

         Хъуащ гъатхэм губгъуэр щхъуантIагъэ,

         Мес, улъияуэ жыр пыIэм

         Иджы удзыщIэр щогъагъэ.

 

 

СРЫКЪУЭ Юлие.
Поделиться: