Дамыгъэжь

- Беслъэн, ХьэтIэхъу, Мысост – зэшхэт, Къасокъуэхэ я къуэхэт, - жиIэрт Хьэрис и къуэ Бэч, Дамыгъэжь бгыжь и деж лэгъуп щызэфIищIэм. - А зэшищыр лIыгъэншакъым, уэрэ сэрэ кIэсу дахьынкIи хъунт. ЗекIуэлIхэт, щакIуэ бланэхэт. Я нэр зытеплъэр я фочышэ былымт, шыкъулътырым хуэдэу лъэ быдэхэт. ЦIыхулъэ здынэмыса быдапIэхэр я щакIуапIэ-зекIуапIэт. Уи ныбжь ситынт, си щIалэ, Мысост и цIэр зезыхьэ мы Дамыгъэжьым и хъыбар ди хьэщIэщым щаIуэтэжу сыщедэIуам. 
АтIэ, си щIалэ, зи гугъу сщIы а зэшхэр кIуэр къыздимыкIыж хьэдрыхэ кIуэжахэщ, ауэ дамыгъэжь зытелъ мы бгыжьым Мысост и цIэр зэрехьэ. 
ЗэраIуэтэжымкIэ, къуажи щысауэ жаIэж мы «дамэ» дыдэм деж, Псыплъыжь Iуфэр я къуажэкIэу, мо бгыпэ щыхупIэм теумэзэхыхьа Iэдииху чэщанэжьыр я къуажапщэу. А лъэхъэнэм мы Инжыдж ЦIыкIу и IуфитIри банапцIэ мэзыжьт, удрикIуейрэ урехыу, «Iэдииху банапцIэ» хужаIэрэ IэплIакIуэ зыбжанэ хъун бжей, жыгей, кхъужьей, мей ныбжьрей жыгыжьхэр щIэту. 
БанапцIэм мэз мэракIуэхэр, кхъуэ пIащэхэм я мамкъутхэр, пщIиймрэ мышхумпIэмрэ щыбэвт. Дэ цIыкIури зэрмызейр къызыхах зэрыджэри гъунэжт. А жыгыжьхэм Iэжьэхэр, ужьгъэхэр, гухъу лъащIэхэр, кIытIхэр дадэхэм къыхащIыкIырт. 
ХьэкIэкхъуэкIэхэмрэ къуалэбзухэмри мардэншэт: щынэ зыхь бгъэжьхэр, дудакъхэр, бабыщхэр. Кхъуэ пIащэ шынагъуэхэм банапцIэм къыщаущыхьырт, бланэхэм зэми загъафIэу, мыдрейхэм дежи загъэщтэIэщтаблэу мо бгыщхьэмрэ быдапIэ дамэхэмрэ къиувэрт. Инжыдж ЦIыкIу Iуфэ псафэ къыIухьэхэрт. Мэз бжэнхэри щыкуэдыкIейт. А лъэхъэнэм, си щIалэ, дадэжьхэм зэрыжаIэжымкIэ, нысэхэмрэ пщащэхэмрэ Инжыдж Iуфэ нэс я закъуэ псыхьэ кIуэныр дзыхьщIыгъуэджэт: кхъуэ пIащэр шынагъуэт. МыхъумыщIагъэ къэмыхъун папщIэ, абыхэм къалэт е къамэ зиIэ щIалэхэр ядэкIуатэрт.
Къасокъуэм мы дамыгъэр къезытар Табокъуэ лIыжьырт. Ар, си щIалэ, адэ ныбжьэгъужьти, зэшхэр зыпIыжарат, пасэу я адэ-анэр дунейм ехыжати. «Мысостей бжьыщри» дамыгъэ зи гугъу тщIым епхащ. 
И хъыбарри гъэщIэгъуэнщ. Ауэ, си щIалэ, абыи дынэсынщ, зэ ди Iэнэр хьэзыр хъумэ, нышым дыхэшхыхьу ди щIэуфэ хуабэм зыщедгъэщIмэ. – Бэч лIыжьым ар щыжиIэм, сыкъэхэшащ: 
- Жейр пелуанщ, иныжьри хегъащIэ, къыптекIуэнщ зебгъэщIым, Бэч. КъыщебгъэжьакIэ, хъыбарыр и кIэм нэгъэс, кхъыIэ, - сылъэIуащ сэ, лэгъуп къавэм дакъэжь зэпысыкIа зырызхэр щIэзгъэстыжурэ. 
- Узгъэгугъэрэ уи дэуэгъурэ, жаIэ, си щIалэ, ауэ сэ уэ ахърэт дэуэгъу узыхуэсщIыфынкъым, къэдаIуэ, атIэ, - жиIэри, лIыжьым хъыбар игъэувыIам аргуэру пидзэжащ. – Арати, Къасокъуэ зэшхэр Табокъуэм и нэIэм щIэтурэ акъылбалигъ мэхъу. ИужькIэ иреджэ. Зэшхэр мэшэсри къэджам и деж макIуэ, хьэщIэщми йоблагъэ. ПщIантIэ утыкум ит шыфIэдзапIэм шы епхауэ щалъагъукIэ, хьэщIэ зэрыщыIэм гу лъатэри, хьэщIэщым Iэнэ кърагъэхь хабзэщ. Къэзыхьа хэгъэрейри, Iэнэр хьэщIэхэм я пащхьэ ирегъэувэри, щIокIыж. 
Iэнэм махъсымэ бжьищ тетт, я нэхэр къыщыпкIыу, чэщей пхъэ шынакъхэм ярыту. Махъсымэм и къэпщIыкIэм къыбжиIэрт ар зыгъэхьэзыра нанэр е бысымгуащэр зэрыIэзэр. Пхъэ шынакъхэм я джабэхэм адыгэ тхыпхъэщIыпхъэхэр къулейуэ, екIуу хэщIыхьат. А шынакъхэр зыщIар ялейуэ зэрыIэпэIэсэр къыуагъащIэрт: къуажэ къэс дэст Туар хуэдэ дадэхэри Iэщэ-фащэкIэ шу зыгъэшэс, Даду хуэдэ, дэрбзэр бзылъхугъэхэри. Къамэмрэ къалэтымрэ щыхьыбжьэрэ дыжьынкIэ зыгъэщIэращIэ IэщIагъэлIхэр-щэ? Ахэм уанэгури щIылъэри я зэхуэдэт, уанэгум пщы Бадынокъуэу шатыр щаухуэрт. Шыуэ зытесхэрт дурыдылт, алъпт.
Iэнэр къыщIэзыхьа хэгъэрейри щIэкIыжрэ, бжьэ къадэзыIэтыни къыщыщIэмыхьэм, зэшхэр зэплъыжащ, ягукIи «мыр хабзэ, щхьэ хэгъэрей щымыIэрэ? Щхъухь хэлъми тщIэркъым» жаIэ щIыкIэу. Пэжт. ХэлъынкIи хъунут. А лъэхъэнэм къэхъумэ, къэхъур апхуэдэт. Абы и щыхьэткъэ Гуащэгъагъ и гъыбзэр, Къэнщобий и лIэкIэр. Хэгъэреиншэу хьэщIэ шхэ хабзэ? Щхьэ щыкIуэда Табокъуэ дадэм и хьэщIэщым адыгэ хабзэр? Гурыщхъуэ къыхэкIырт хэгъэреиншэм. ЩIалэми, хьэщIэр – хьэщIэщ. ХьэщIэр лъытэныр, лъагъуныр мыкIуэдыжын хабзэщ, лъэпкъ фащэ къабзэм хуэдэу. Ауэ щыхъукIи, бысымым и бжьэр къаплъэу щытыпхъэтэкъыми, зэшищым я нэхъыщIэ Мысост къэтэджащ:             
- Си къуэшхэ, - жеIэ абы, мы бжьищым я хьэкумыр сщIэну хуит сыкъэфщI. Пэжщ. Хэгъэреиншэу бжьэ ирамыфыр лъэпкъ хабзэщ, мы хьэщIэщым ар щыщыкIуэдыжакIэ сыт хуэдусын?
- УдощI, ди шынэхъыщIэ, - зыжьэу псэлъащ зэшитIыр.
- АтIэ, хуит сыфщIамэ, фэ тIур фыбынунэщ. Сэ, фи нэмыс нэхъ лъагэ ухъу, сыбынунэ щIыкIэкъым, зыгуэр хъужыкъуэми, - жиIэурэ, махъсымэ бжьищыр Мысост зэкIэлъыкIуэу ирифащ. Абы иужькIэ зэшхэм заIэтыжри хьэщIэщым къыщIэкIыжащ. 
ПщIантIэм бысым лIыжьыр Iэуэлъауэу дэтт. ХьэщIэхэр къыщилъагъум, дадэр къежьащ. Къабгъэдыхьэри, зэшищым закъыхуигъэзащ, и нэгу къуэгъу жьакIэ тхъуа зэкIужым гуфIэм и хъуаскIэ лъэпкъ щымыхъуэпскIыу:
- Сыт си хьэщIэхэр фыщIэгузэвар, фыкъызэжьэтэкъэ? ХьэщIэр хьэзыр щхьэкIэ, бысымыр хьэзыр? Нэвгъэзэж хьэщIэщым. IуэхукIэ фыкъезджащ. Хьэдрыхэ кIуа фи адэм сриныбжьэгъужьщ. Псалъэ естат фыспIыну, – жиIэурэ, Табокъуэ дадэм зэшищыр хьэщIэщым иригъэблэгъэжащ.
- Пэжщ, тхьэмадэ, хьэщIэр хьэзыр щхьэкIэ, бысымыр мыхьэзырынкIи мэхъу. ШынэхъыщIэ Мысост бжьищ нэужьым тIэкIу къэпщтырати аращ, - жеIэ зэшищым я нэхъыжь Беслъэн, мащIэу щIэдыхьэшхыкIыурэ, хэгъэреиншэу бжьэ зэрамыгъэкIуэд хабзэр лIыжь къунаным гуригъэIуэжмэ нэхъ фIэигъуэу.
- АтIэ, си щIалэхэ, - педзыж и псалъэм лIыжьым, - си нэIэ ныфтетащ фыцIыкIуху, фи адэ Къасокъуэ и уэсятти. Сыпсэу щIыкIэ си нэм илъагъумэ сфIэфIт, дунейр яхь-яшхщ, зэрыхьзэрийщ, быдапIэ фытIыстэмэ си гуапэт: Iэдииху и лъапэм, Инжыдж ЦIыкIу и Iуфэм, хьэблэ-хьэблэу, фIыуэ фыкъэзылъагъухэмрэ лIыгъэкIэ мынэпцIхэмрэ фи гъусэу.
- Уи нэмыс нэхъ лъагэ ухъу, дадэ, ди сабиигъуэм уи нэIэ къыттетащ. Ди адэ ухуэдэщ. Уи унафэр – ди унафэщ, - жеIэ Беслъэн, 
- Фи нэхъыщIэ Мысост игъэкIуэщIа бжьищым и унафэри мыращ: «Мысостей бжьищыр» Къасокъуэ хьэблэм къыхыренэ, хабзэ щырехъу. Мы дамыгъэри Мысост и дамыгъэу ирырежьэ, «Мысост дамыгъэкIэ» еджэу, - жиIэри, Табокъуэ лIыжьыр хьэщIэщым щIэкIыжащ.                          

 

ХЬЭКЪУН Исуф.
Поделиться: