МЫДАIУЭМ НАСЫП ИIЭКЪЫМ

Адыгэ IуэрыIуатэм, тхыдэм, лъэпкъ гъуазджэм зи цIэр фIыкIэ къыхэна, щIэин дахэ къызыщIэнахэм ящыщщ Ало ЛутIэ. Абы илъэс куэдкIэ егугъуу зэхуихьэсыжа таурыхъхэр, езым игъэзащIэу къытхуэна  уэрэдыжьхэр уасэншэщ.  КъищынэмыщIауэ, ди уэрэджыIакIуэ куэдым жаIэ  Алом и утыку итыкIэр, уэрэд жыIэкIэр щапхъэ зэрахуэхъуар, абы дэплъейуэрэ а IэщIагъэр къызэрыхахар. ЛутIэ  зэхуихьэсыжа хъыбархэр зэрыт «Уэрий дадэ»   тхылъыр 1989 гъэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ.

Абы ит хъыбархэм ящыщ   ди гуапэу тыдодзэ.

Щыпсэуащ ди жылэ зы лIыфI гуэр. А лIыфIым егъэлеяуэ былым, мылъку и куэдт. ГуфIэгъуэ къуажэм къыдэхъуамэ, яхыхьэфырт икIи екIуу къахэкIыжыфырт. ЦIыхум нэщхъеягъуэ иIэми хэныртэкъым, хуэкъулейсызмэ, дэIэпыкъунут, хуэкъулейуэ щытми, ядэгузэвэнут. Жылэ зыдэсым цIыхущ, и мылъкури хуэфащэщ хужаIэу псэурт. КIэщIу жыпIэмэ, зы адыгэлIкIэ къыхуэт щымыIэу лIыфIт.

А лIыфIым зы къуэ бзаджэ иIэт. И адэм къуэр фIым хуиущиинкIи, хуигъэIущынкIи лъэкI къигъанэртэкъым. Ауэ ижь зыхуищIми, сэмэгу зыхуищIми хъуртэкъым, адэм жиIэр и зы тхьэкIумэмкIэ ихьэрти адреймкIэ икIыжырт, и адэм жриIэр бадзэ дым макъыуи къыщыхъуртэкъым.

Адэм и щхьэ хуигъэфащэртэкъым си къуэр мэкъуейщIей е къызэдаIуэркъым жиIэну, и къуэ закъуэр хуэмыгъэсауэ цIыхухэм хигъэIуэну и дзэр шырт. Быныр IэфIкъэ, и ныбжь нэхъ хэкIуатэм и щхьэм акъыл къихьэнщ, жиIэрти, фIым щыгугъырт.

Шы-уанэ зэтелъ иритрэ хьэгъуэлIыгъуэ игъэкIуамэ, шыр ищэрт уанэри зэрытелъуи, и ныбжьэгъу езым хуэдэ жыIэмыдаIуэхэр иригъафэрт. «Уэтэрым кIуэи Iэщхэр зэрыщытым еплъ, си щIалэ», – жиIэрэ игъэкIуамэ, былым щэ ныкъуэ хъун къыпихурти ищэрт. ИкIи абыхэм къыщIэкIар ирифын имыухауэ къыдыхьэжыртэкъым. Адэм щIалэ закъуэрат иIэри, щыцIыкIум тIэкIуи имыгъэфIауэ къэнакъым. КъыщIелъэIуа пиубыдакъым, зэхъуэпса къыхуимыщэхуу къигъэнакъым, игу къыпылъадэ ирамыгъэшхыу ягъэтэджыжакъым. Арати, щIалэр кIуэдащ: зыкъыфIэщIыжащ, адрейхэм нэхърэ езыр нэхъыфIу, нэхъ Iущу, нэхъ бланэу, хуэмыщIэнрэ хузэфIэмыкIынрэ щымыIэу къыщыхъужащ. Илъэс тIощIым щынэсым, и адэм пэпсэлъэж хъуащ.

Адэм фIыуэ къыгурыIуащ мылъкур иIэу и къуэр Iущ зэрымыхъунур. ЩIалэм и ныбжьэгъухэм фIэкIа Iуэху иIэжтэкъым, абыхэм япищIыни щыIэтэкъым, ахъшэ ямыгъэкIуэду иригъафэрт, фызышэ ефэ кIуамэ, ахъшэ яхуитырт. Ныбжьэгъухэми шхапIэ щIагъуэ къагъуэтати, Хьэжмурат и псэ жаIэрт, къыхуэзамэ, IэплIэешэкI зыкъыхуащIырти, делэри хьэлэлри зыщ жыхуаIэу, си Хьэжмуратыр ягъэделэрт, хывым дахьэха танэм ещхьу.

Зы махуэ гуэрым гузэвэгъуэм ирихулIэри, адэм къигупсысащ и къуэр а и ныбжьэгъу мыфэмыцхэм къазэрыкIэришын: хъушэм нэхъ пшэр дыдэу зы мэл къыхишри яукIащ, дахэу зэпкърихри и фэм кIуэцIилъхьэжащ. ПщэфIапIэм щIилъхьэри щIакIуэр кIыхьу трипIэжащ. Пшапэр зэхэуэри, щIалэр къыдыхьэжащ. «Иджы, си щIалэ, си жьыщхьэ щIэщхъу сIэщIэщIащ, цIыху сIэщIэукIащ. Уи ныбжьэгъухэр щIалэфI защIэу жоIэр, фIыуэ укъэзылъагъу, дзыхь зыхуэпщIхэм къеджи хьэдэр лъэныкъуэ едвгъэгъэз ныжэбэ. Сэ зыми сыкъилъэгъуакъым ар щызукIам, езыр къысщыхьэри залымыгъэкIэ зызигъэукIащ. Аращи, айдэ маржэ, уи ныбжьэгъухэм къеджэ псынщIэу».

Хьэжмурат сыт хуэдизкIэ мыпсынщIэми, и адэм къыщыщIа щIэщхъур и жагъуэ хъуащ. ИкIи псынщIэу и ныбжьэгъухэм я деж жащ.

– Си адэм щIэщхъу IэщIэщIащи, маржэ хъун, нобэ хуэдэ зы махуэщ ныбжьэгъу щIыжаIэр, лъэныкъуэ едвгъэгъэз, – елъэIуащ Хьэжмурат махуэ къэс иригъафэ, иригъашхэ и ныбжьэгъухэм.

Ауэ, зыри къыхуэгузэвакъым, къыщыдыхьэшха фIэкIа, «уи адэр делэрэ лIы иукIамэ, дэ лIо ди Iуэхуу хэлъыр, шыгъу зышхар псы ирефэж», – къыжраIащ.

Хьэжмурат сыт ищIэнт, и щхьэр фIэлэлу къэкIуэжащ.

– ЛIо, щIалэ, къакIуэрэ уи ныбжьэгъу пэжхэр, мылъкуу диIэр изыфахэр?

– КъэкIуэн дэнэ къэна, ауан сыкъащIам, уэлэхьи. Уи адэм шыгъу ишхамэ, псы ирефэж ирикъуху, жаIэри къысщыдыхьэшхащ.

– АтIэ, сыт мыгъуэр сщIэн, сэ си ныбжьэгъухэм я деж сыкIуэнщ.

Адэр зыдыхьэ ныбжьэгъур, «еууей, дауэ ухъут?» – жаIэм, баш къащтэху фIэкIа замыIэжьэу къыдэкIыурэ и ныбжьэгъу лIыжьхэр псори къызэхуэсащ.

– ФыкъакIуэ мыдэ, хьэдэр зыщIэлъыр пщэфIапIэращ, – жиIэри и ныбжьэгъухэр, и къуэри яхэту, пщэфIапIэм щIишащ. ЩIакIуэм и кIапэр иубыдри, ар къытрихым, уэсым хуэдэу хужьу мэл укIар къыщIэщащ. ЛIыжьхэр зэуэ Iэнкун къэхъуащ, ауэ гузэвэгъуэ зэрыщымыIэр хуабжьу я гуапэ хъуащ.

СыткIэ мыхъунрэт, хьэдэм и пIэкIэ мэл пшэрыр утыкум илът.

– Хуабжьу дыбгъэгузэващ, мыр къызыхэпхар сыт? – къеупщIащ лIыжьхэр.

– Си къуэр иризгъэIущыну арат, – къитащ жэуап адэм. – Си щIалэм и ныбжьэгъухэм я деж згъэкIуати, зы цIыху къыхуэкIуакъым, ауан къащIри къаутIыпщыжащ и щхьэр фIэлэлу. Аращи, мэлыр тшхынщ, алыхьым жиIэм. Зы чей из махъсымэ гъэIэфIауэ диIэщи – дефэнщ, нэху щыху дыщысынщ, зыдгъэтхъэжынщ.

Зыгъэхьэзырар Щомахуэ Залинэщ.

Поделиться: