ГъущI Iунэ нэгъунэ

ГъущI Iунэр къагъэсэбэпу щытащ пасэрейхэм. Пэжщ, ахэр къыхэщIыкIат пхъэм е къупщхьэм. Жэзым къыхэщIыкIа гъущI Iунэ къыщагъэсэбэпу щIадзауэ щытащ Пасэрей Мысырым. Археологхэм Шотландием къыщагъуэтыжащ ди эрэм и пэкIэ I лIэщIыгъуэм ящIа гъущI Iунэ. XIX лIэщIыгъуэм гъущI Iунэхэр егъэлеяуэ лъапIэт, ахэр IэкIэ ящIу арати. ЛIэщIыгъуэ зыбжанэ и пэкIэ Америкэм къыщагъэсэбэпу щыта гъущI Iунэхэр къыщIэзыгъэкIыр Инджылызырт. ИкIи ар щIыным текIуадэм хуэдэ зыбжанэкIэ нэхъ лъапIэу ирищэрт. Урысейм пасэм щыгъуэ пщIэ зиIэ IэщIагъэу щыIащ гъущIIунащIэр. ГъущI гъэплъар мыупщIыIуж щIыкIэ абы гъущI IунитI къыхэзыщIыкIыфыр а IэщIагъэм егъэлеяуэ хуэIэижьу къалъытэрт. Абы щыгъуэми пхъащIэхэм члисэхэр иджыри яухуэрт гъущI Iунэншэу. Апхуэдэ щIыкIэкIэ ухуащ, псалъэм папщIэ, Кижи хытIыгум щыIэ члисэр.

ГъукIэхэм ящыщу нэхъ цIэрыIуэ дыдэ хъуауэ щытащ Бирмингем щыщ Лейстон Джеймс. ТхьэмахуитIым къриубыдэу абы и закъуэ ищIат гъущI Iунэ 17000. ГъущI Iунэ зэращI Iэмэпсымэ къигупсысри и патенти зэригъэпэщыжауэ щытащ Рид Джесс. Абы махуэм гъущI Iунэ 6000 къыщIигъэкIыфырт.

Урысейм гъущI Iунэ къыщIэзыгъэкI станокхэм я тхыдэр къыщежьащ 1835 гъэм. Зэадэзэкъуэ Черепановхэ Ефимрэ Миронрэ Инджылызым щыIати, станокым и щIыкIэхэм зыхагъэгъуэзащ. Къагъэзэжри, Тагил заводым езыхэм апхуэдэ къыщызэрагъэпэщащ.

1899 гъэм Париж дунейпсо гъэлъэгъуэныгъуэм зыхуигъэхьэзырырт. Инженер Эйфель Гюстав а Iуэхугъуэм ирихьэлIэу чэщанэ телъыджэ иухуащ. Париждэсхэм чэщанэм и теплъэр ирагъэщхьащ гъущI Iунэ зэгъэзэкIам. Зэман кIыхь дэкIри, Эйфель и чэщанэр Франджым и дамыгъэ нэхъыщхьэ хъуащ.

СурэтыщI Смит Пол къигупысыну мурад ищIат сабиигъуэм и фэеплъ гуэр. ГъущI Iунэхэм пилъхьащ фIыуэ илъагъуу щыта сабиигъуэ хьэпшыпхэр: лъакъуэрыгъажэр, Iэжьэр, зэрыджэгу бел цIыкIур. Абыхэм теухуа гъэлъэгъуэныгъи къызэригъэпэщри, куэдыр сабиигъуэм хишэжат.

Новосибирск, «Студенческая» метром деж 2018 гъэм гъущI Iунэм хуащIащ метрищ зи лъагагъ фэеплъ гъэщIэгъуэн. Ар къэралым и фэеплъ ухуэныгъэ нэхъ щIэщыгъуэ дыдэхэм хабжэ.

2017 гъэм бэнакIуэ цIэрыIуэ Ферарро Джон Гиннесс и рекордхэм я Тхылъым иратхауэ щытащ, дакъикъищым къриубыдэу пхъэбгъум щхьэкIэ гъущI Iунэ 38-рэ зэрыхиукIэфам къыхэкIыу. Джон Ферарро и щхьэ къупщхьэр цIыху къызэрыгуэкIхэм яйм нэхърэ куэдкIэ нэхъ Iуву, нэхъ быдэу къыщIэкIащ. Уеблэмэ абы щхьэкIэ зэпещIыкI бетон блокхэр.

ГъущI IунэмкIэ зэпеуэныр урыс пелуанхэми я хьэлу щытауэ жаIэ. XVIII лIэщIыгъуэм и кIэм, XIX и пэщIэдзэм Урыс флотым и офицер Лукин Василий кхъухьым и блыным тыншу хигъэхьэрт гъущI Iунэхэр. 1806 гъэм пащтыхь Александр I-м Урыс-Тырку зауэм дэкI Лукиным фэеплъу зыгуэр къигъэнэну щыжриIэм, абы дыжьын ахъшэр IэкIэ хъурейуэ къигъэшри къыхуишияуэ щытащ. Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэуа пелуан Лий Азнур илъэс 90-м щынэблэгъами гъущI IунэшхуитI къищтэрт, зэтриубыдэрти зэтриIуантIэрт.

СурэтыщI Бисби джон скульптурэ гъэщIэгъуэнхэр къыхещIыкI гъущI Iунэм. Зэгуэрым, унэ бгынэжам пэгун из гъущI Iунэ къыщигъуэтри, и гупсысэр хуэкIуащ ахэр езым и IэщIагъэмкIи къигъэсэбэп зэрыхъунум.

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: