Мысыр адыгэхэм я зы махуэЯпэ Iыхьэ Мыр къыщыхъуар 1811 гъэм гъатхэпэм и 1-щ. Сэлим Езанэмрэ Тумэнбейрэ я зэпэщIэтыныгъэр зэриухрэ лIэщIыгъуэ бжыгъэ дэкIат. Мысырым тепщэгъуэр тыркухэм щаIыгът, ауэ Кавказым икIа мамлюкхэм хуэмурэ унафэр зыIэрагъэхьэжри, я пщIэри дэуеижат. Iуэхур апхуэдэу екIуэкIащ Мысырым и тепщэу Мухьэмэд Алий Пащэ жыхуаIэр, албан лъэпкъым щыщыр ягъэувыху. Хъыбарым кIэщI зедгъэщIынщи, мамлюкхэм я пашэ Шэхьин-бей Iэлфий Инджылызри Тыркури къигъэдэIуауэ, тепщэгъуэр зыIэригъэхьэжын гугъэ иIэт. Мухьэмэд Алий ар идэнкIэ Iэмал иIэтэкъыми, сулътIаным деж лIыкIуэхэр иутIыпщурэ, тепщэгъуэр къызыIэщIинащ. ЗэгурымыIуэу къыхуадэнутэкъыми, езы Шэхьин-беи абы и жьауэм щIэт мамлюк эмирхэми екIуж зищIри, и къуэр Хьиджазым щригъажьэ пшыхьым хьэщIэ лъапIэу иригъэблэгъащ. Шэхьин-бей дэщIыгъут пщIэрэ щхьэрэ зиIэу мамлюкхэм яхэт цIыху хэIэтыкIа псори. АдэкIэ къэхъуар дэ нэхърэ нэхъыфIу къеIуэтэж а лъэхъэнэм псэуа тхыдэтх цIэрыIуэ Iэл-Джэбарти: «Хьиджаз ежьэ зекIуэм и нэхъыщхьэу Мухьэмэд Алий и къуэ Тусун игъэуващ. Ар щрагъэжьэну махуэр Iэтауэ ягъэлъэпIэну мурад ящIри, псори мэрем махуэм, сыхьэтиплIым ирихьэлIэу, пшыхьым кърагъэблэгъат. «Пщэдей лъэс зекIуэм зынревгъэхьэлIэ!» - яжриIэу, махуэкум гъуом бэзэрхэр къызэхикIухьащ. Мамлюкхэр зи нэIэ щIэтыр Iэлфий Шэхьин-бей жыхуаIэрати, абы и телъхьэ мамлюкхэм я дзэпщхэм, эмирхэм, пщыхэм тхылъымпIэкIэ хъыбарегъащIэ хуагъэхьащ пщэдджыжьым зыкърахыу быдапIэм екIуэлIэну, зекIуэм и пэ дыдэм иувэн хуэдэу. Арати, сэфэр мазэ къихьам и 6-нэ махуэм Мысырым щыпсэу эмирхэр, я мамлюкхэр я гъусэу, екIуэлIащ пшыхьым. Пащэм деж щIыхьэхэри, кофе зэдефащ, зэдэгушыIащ, Мухьэмэд Алий зыми гурыщхъуэ иригъэщIакъым. Ауэрэ зекIуэр хабзэм тету йожьэ. Азун-Алий жыхуаIэ эмирыр я пашэу, дулат лъэпкъым и дзэр кIуэрт. Абыхэм я ужьым итт уэлийхэр, офицерхэр, цIыху хэIэтыкIахэр, къулыкъущIэхэр - хэт шууэ, хэт лъэсу, Тыркум и дзэзешэ нэхъыщхьэ Ибрэхьим я пашэу. АдэкIэ Мысырым къашауэ щыIэ зауэлIхэр кърикIуэрт. Ахэр Бабуль-Iэхьзаб жыхуаIэ куэбжэм зэрыфIэкIыу, Мухьэмэд Алий и телъхьэ Кудж Сэлихь дыхьэпIэр ягъэбыдэну унафэ ищIри, и мурадыр дзэм жриIащ. Арати, зауэлIхэм зыкъагъазэри, и пэмрэ и ужьымкIэ куэбжитI гъэбыдам я зэхуакум дэту, я бгъуитIымкIэ дэкIыпIэ зэвым дэубыда хъуа мамлюкхэр зэтраукIэн щIадзащ. Блынхэм, лъагапIэхэм зауэлI хьэзырхэр тетт. ЗэтраукIэн щыщIадзэм, и лъабжьэм щыт мамлюк эмирхэм икIуэтыпIэ зэрамыIэр къагурыIуащ. Я гупэмкIэ шыхэр сатыру щигъэувыкIат, езыхэм зэпыу имыIэу фочышэхэр къателъалъэрт. Ищхьэм тет сэлэтхэми пащэм и мурадыр ящIэрти, къеуххэрт. ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2024 - 15:00 →
Колле и тхыгъэхэр ди тегъэщIапIэу
28.11.2024 - 10:00 →
И къэунэхукIэм и бжьи и ныбжьи ухэзыгъаплъэщ
21.11.2024 - 16:30 →
Лъэпкъым зэрызиузэщIам щыщ
16.11.2024 - 16:52 →
Керенскэм и хъыринэхэр
13.11.2024 - 15:54 →
«Бабыгу» цIэм лъэныкъуитIымкIи дыщрохьэлIэ
|