ЩIалэгъуалэм дежкIэ IэмалыфI

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ яIущIащ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и ЩIалэгъуалэ палатэм и еянэ зэхыхьэгъуэм хэтхэм. Зэхуэсым щагъэбелджылащ гулъытэ зыхуащIыпхъэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, ЩIалэ­гъуалэ палатэр илъэситI пIалъэм тещIыхьауэ зэхашэ. ГупыщIэм лэжьэн щIидзащ дызэрыт илъэсым и бадзэуэгъуэм.
Зэхыхьэм хэтащ КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ. 
Егоровэ Татьянэ къыхигъэщащ республикэм и Парламентым и ЩIалэ­гъуалэ палатэр зэфIэкI хъарзынэ къагъэлъагъуэу зэрылажьэр.
- Къэпщытэныгъэшхуэ фыпхыкIащ, палатэм фыщылэжьэну гукъыдэжрэ зэфIэкIрэ зэрывбгъэдэлъыр къэвгъэлъагъуэу. Гупсысэ гъэщIэгъуэнхэр фызэриIэр къэтлъытащи, иджы Iэмал псори фиIэщ а мурадхэр ЩIалэгъуалэ палатэм и лэжьыгъэм къызэритIасэкIэ щывгъэзэщIэну, - къыхигъэщащ Егоровэм. - ИкъукIэ дрогушхуэ ЩIалэ­гъуалэ палатэм хэтыну гупыж зыщI щIалэгъуалэ зэрыдикуэдым. Мыбдеж я къэухьым зэрызыщрагъэужьым и фIыгъэкIэ, дэтхэнэми, шэч хэмылъу, иужькIэ къыхуощхьэпэж ЩIалэгъуалэ палатэм хэтыху ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэр.
Егоровэ Татьянэ жиIащ ЩIалэгъуалэ палатэр зэрыIэмалыфIыр я къэухьым зиужьынымкIэ, жыджэру, гупым хэту лэжьэфу зрагъэсэнымкIэ. 
- ЩIалэгъуалэ палатэр сэбэп фхуэ­хъунущ, ауэ фэ езыр фызэгугъужын, гупым фадэлэжьэфу фесэн хуейщ, ехъулIэныгъэхэр фиIэн папщIэ, - пищащ Егоровэм. - Хабзэубзыху IуэхущIапIэ псори гуп зэдэлэжьэкIэм тещIы­хьащ. ЩIалэгъуалэ палатэм хэтхэри зэгурыIуэу зэдэлажьэмэщ ехъу­лIэныгъэ щаIэнур. Фи жыджэрагъым иджыпсту щыщIэдзауэ гу лъатэнущ, фыкъацIыхунущ икIи абы къыдэкIуэнур зэ­лъытауэ щытынур фи Iуэху еплъыкIэхэр къызэрывгъэлъэгъуэфымрэ къэфIэт Iуэхугъуэхэм я мыхьэнэмрэщ. 
Егоровэ Татьянэ щIалэгъуалэм чэнджэщ яритащ законхэр зи лъабжьэ жэрдэмхэм гулъытэ хэха хуащIыну. Абы и лъэныкъуэкIэ депутатхэри Парламентым и Аппаратым и лэжьакIуэхэ­ри щIалэгъуалэм ядэIэпыкъунущ.
Апхуэдэуи КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым зэлэжьыпхъэхэм ящыщу къигъэлъэгъуащ проектхэр зэхэгъэувэныр, волонтёр IэнатIэм нэхъыбэ ­дегъэхьэхыныр, псапащIэ Iуэхухэр егъэкIуэкIыныр, республикэм и щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэ­-ныр.
- Мыбдеж зыщывогъасэ, фи къэу­хьым зыщывогъэужь, щIыналъэм и жылагъуэ-политикэ гъащIэм зыщывогъэгъуазэ - а псор, зэрыжысIащи, адэ­кIи фи гъащIэм сэбэп къыщыфхуэ­хъужынущ. Дэ дыщогугъ палатэм фыхэту зэвгъэгъуэт зэфIэкIыр республикэм адрей ди щIалэгъуалэми щапхъэ яхуэхъуну. Къыхэфлъхьэ фи гуп­сы­сэщIэхэм ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ.
ЗэIущIэм щIалэгъуалэм Iэмал щаIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым упщIэ иратыну. Ахэр щIэупщIащ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм законопроектхэр къызэрыхилъхьэ щIыкIэхэм, унэтIыныгъэ лэ­жьы­гъэр къызэрыщызэгъэпэщам, ЩIалэгъуалэ палатэм и лIыкIуэу Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм хэтыну езыхэм яIэ Iэмалхэм, нэгъуэщIхэми.

Белгъэрокъуэ Марьянэ. Сурэтыр Елъкъэн Артур трихащ.
Поделиться: