Мамлюк адыгэхэм я зы махуэ

ЕтIуанэ Iыхьэ

Эмирхэм ящыщ куэд хаукIыкIауэ джэлащ, къэнахэр гужьеяхэщ. ИтIанэ шым къепсыххэри, зэуэн щIадзащ. Шэхьин-бей, Сулеймэн-бей сымэ я мамлюкхэр къабгъурыту хахуэу зауэрт. АрщхьэкIэ шэхэр лъэныкъуэ псомкIи къилъэтырт. Пшыхьым зэрыкIуа я джэдыгухэр, щыгъын хьэлъэхэр щахри, зэуэным пащащ мамлюкхэм, я сэшхуэхэр ягъабзэу, ику ит пщIантIэмкIэ кIуэтэну хэту. Я нэхъыбэр яхэтыжтэкъым. Шэхьин-бей щIым зэрытехуэу, и щхьэр паупщIри Мухьэмэд-Алий деж яхьащ, и уасэр къыIахыну.

Бэуаб Сулеймэн и псэр къригъэлыну хэту, щIэпхъуэри чэщанэшхуэм и блыным дэпщеяти, яукIыу къехуэхыху кIэлъыуащ. Абыи и щхьэр паупщIащ. Мамлюк куэд Тусун-пащэ, Мухьэмэд Алий и къуэм, и унэм ежэлIат, дыкъегъэл жаIэу, арщхьэкIэ мыбдежми щызэтраукIащ.

Зыми щысхьтэкъым зауэлIхэр. КъаIэрыхьэ псори зэтраукIэрт, ящыгъыр къыщатхъырт, я губжьымрэ хьэкIэкхъуэкIагъымрэ мамлюкхэм траухъуанщIэу. ЗекIуэр ягъэдэхэн папщIэ, абыхэм ещхьу зызыхуэпахэр нэгъунэ яукIащ а махуэм.

«Сэ сымамлюккъым икIи сызауэлIкъым», - кIийрт къаубыдар. «Сэ а лъэпкъым сыщыщкъым», - жиIэрт адрейм. Ауэ лъэIуи, тхьэджи, гъуахъуи – зыри я тхьэкIумэм ихьакъым Мухьэмэд Алий и зауэлIхэм, гужьеяуэ зэбгрыжахэр быдапIэм и пщIантIэм и дэнэ лъэныкъуэкIэ зыщагъэпщкIуу щытми, къагъуэтурэ зэтраукIащ. Шэр зылъэщIэмыхьар ягъэтIысащ, зекIуэм хэмыта Каларджий Ахьмэд-бей, Iэлфий Яхья-бей, Кашиф Iэл-Кабир Алий сыми яхэту. ЗауэлIхэм абыхэми я щыгъыныр щаудщ, канцелярием и лъабжьэм щIэт хьэпсым ирадзэри, я щхьэр пызыупщIынур къашащ. Пщэдджыжьым щIидза укIыр жэщ хъуху зэпыуакъым, канцелярием и пщIантIэм хьэдэхэр дэз хъуащ. ПщIэ зиIэ цIыху гуэр къызэрагъуэту, и щхьэр паупщIырти, и пкъыр адрей хьэдэхэм хадзэрт. Шэхьин-бей и хьэдэр и Iэми и лъэми кIапсэ иращIри канцелярием и пщIантIэм нэсыху ялъэфащ, шыд лIа ялъэф фIэкIа умыщIэну. Ар быдапIэм и кIуэцIым къыщыхъуаращ.

МыдэкIэ, куэбжэр Iуахыу зекIуэр къалэм къызэрыдыхьэнум пэплъэу щытахэм зэрыхьзэрий макъыр зэрызэхахыу, гужьейхэри щIэпхъуахэщ. Бэзэрым тетхэри гужьеигъуэм зэщIищтат. Къэхъур къагурымыIуэу, цIыхухэм я тыкуэныбжэхэр ягъэбыдэрт. Мамлюк эмирхэр зэраукIар къызэращIэу, мацIэм ещхьу зауэлIхэр абыхэм я унэм жэри, щIэлъри щIэсри зрахьэлIащ.

ЗэрымыщIэкIэ щIэуэрт зэрыпхъуакIуэхэр мамлюкхэм я унэми, я нэр къыщхьэрипхъуауэ хъунщIэхэрт, я цIыхубзхэм лей ирахырт, ахэр гъэру е щхьэгъусэ ящIыну ирашажьэрт, бзылъхугъэ хэIэтыкIахэм я бостей гъэщIэращIэхэр къытрахырт. Хьэрэми хьэлэли зымыщIэж гупым я щытыкIэр наIуэ къыщыхъуащ абдежым. ЦIыхубзхэм я Iэпщэхъухэр псынщIэу кърамыхыфмэ, я Iэхэр паупщIырт. ЦIыхубэр хьэщхьэрыIуэ хъуат, нэхъеижым пэплъэу.

Мамлюкхэмрэ абыхэм я гъусэ зауэлIхэмрэ щхьэж и унэм щыпсэууэ щытат иджыри къэс. Дэтхэнэ эмирми езым и псэупIэ иIэжт, и унагъуэр щIэсу, и Iыхьлыхэр, ишхэр, и махъшэхэр щиIыгъыу. КъинэмыщIауэ, Iэл-Iэзхьэрымрэ Iэл-Хьусэйний мэжджытымрэ я Iэгъуэблагъэм деж щIы щаIэти, лъапIэу яIэ псори абдежым щахъумэрт. Гъунэгъуу псэу дзэзешэхэм ар зэращIэм шэч хэлътэкъым. Ахэр къакIэлъыкIуэрт, псори зэрыцIыхурт. Я деж еблагъэурэ хьэщIагъэ зыррагъэхырт, ягухэр фыгъуэмрэ бзаджагъэмрэ икудауэ, мамлюкхэм я мызакъуэу, хьэрып псоми апхуэдэут ахэр зэрахущытыр. Иджы я зытIыжыгъуэр къэсат. Псом хуэмыдэу я бампIэр зытрагъэзагъэр цIыхубзхэрт. Сыту жыпIэмэ, цIыху хэIэтыкIауэ зыкъэзылъытэжым нэгъунэ мамлюк цIыхубзым лъыхъу хуигъакIуэмэ, гущыкI къызэрыхуаIэр ямыбзыщIу къащымэхъашэрт. Хагъэзыхьмэ, къэзыхъумэн гуэр езыхэм ящыщу къалъыхъуэрт, ар хъункIэ Iэмал зэримыIэр кърагъащIэу. Дунейм къытехьэртэкъым, мымамлюкым дэмыкIуэн щхьэкIэ. Ауэ щыхъукIэ, мамлюк нэхъыкIэ дыдэр къалъыхъумэ, занщIэу арэзы хъурт.

Мухьэмэд Алий пIалъэкIэ Iэлфий Шэхьин-бей екIужа хуэдэу зыщищIам, унэ къыдэт жаIэурэ, апхуэдэ цIыхубз куэд къыкъуэкIыжат. НысащIэ лэгъунэхэр лъапIэу ягъэщIэращIэрт. А псор зылъагъу тыркухэр нэпсеягъымрэ бампIэмрэ зэгуихырт. ЗакъуэтIакъуэххэщ къахэкIар я гъунэгъу мамлюкхэм къащхьэщыжауэ.

ХъунщIэн зэраухыу, унэм щIэсхэр ягъэтIысырт. Апхуэдэ щIыкIэу мамлюкхэм я унэ куэд зэхафыщIащ. «Фэ мамлюк фогъэпщкIу!» - жаIэурэ унагъуэхэм ятелъадэрт. «Фи деж мамлюкхэм я хьэпшыпхэр щIэлъу зэхэтхащ», - жаIэурэ ятеуэрт. А щытыкIэм иту цIухубэм зы жэщ-зы махуэ ирихьэкIащ. Ахъшэрэ мылъкуу абдежым щызэтрахар зыщIэр Алыхь Закъуэращ.

Мы псори екIуэкIыху цIыху 1000-м щIигъу зэтраукIащ эмиру, зауэлIу, кашифу. ИтIанэ я хьэдэхэр Ар-Румэйлэ псыхъуэм яхьащ. Мащэхэм зым адрейр и щIыIум традзэурэ эмирымрэ мамлюк къызэрыкIуэмрэ зэхэту щIалъхьэжащ. Иныкъуэхэм я щхьэкъупщхьэм и фэр трахри, ахэри а хьэдэхэм хадзэжащ. А псори хьэдэгъуэдахэт. ИгъащIэм апхуэдэ къэхъуауэ зыми зэхихакъым.

Iэлфий и телъхьэу щытахэм ящыщу къелар Iэмин-бей и закъуэщ. Ар блыным щхьэдэхри Сирием щIэпхъуэжауэ щытащ».

Iэл-Джэбартий зи гугъу ищI Iэмин-бей и сурэт цIэрыIуэ щыIэщ, «Къела закъуэр» и цIэу. Зейдан Джирджи и романри зытеухуар аращ.

Iэл-Джэбартий яукIахэм я цIэхэр кIыхьу къреIуэ: «Iэлфий и лъэныкъуэу щытахэр: Хьэзэндар Алий-кашиф, Хьэбэший Уэсмэн, Яхья-кашиф, Марзукъ-кашиф, иджыри куэд дыдэ. Я цIэхэр къысхуэщIэжыркъым. Дэтхэнэ зыри Алыхьым жэнэткIэ игъэгуфIэ. Сэ зэхэсхыжащ ахэр хьэпсым исыхукIи щаукIым щыгъуи КъурIэн еджэу, шэхьадэр къапсэлъу, тобэ къахьыжу зэрыщытар. Я щхьэр щыпаупщIыну мывэм тралъхьэн ипэ, нэмэз ящIын папщIэ, андез зэращтэн псым щIэлъэIурт. Псы зымыгъуэтахэм пшахъуэкIэ таямум ящIащ. ЯукIахэм я Iыхьлыхэр шынэрти, лIахэр ягъеиртэкъым, я хьэдэхэми щIэупщIэртэкъым. Сэфэрым и 8-м мамлюк яукIахэм я щхьэгъусэхэм зыри зэрырамыщIэнур жаIэу, хъыбар зэбгарытыкIащ, ахэр яхъунщIа я унэхэм щIэтIысхьэжыну хуит ящIащ. Къэзыгъэзэжа яхэтащ, ауэ нэхъыбэхэм загъэпщкIурт. Мухьэмэд Алий езым и телъхьэхэм мамлюкхэм я унэхэр щIэт псори и гъусэу яхуигуэшащ. Ахьмэд-бей къэхъуам и хъыбар Мысыр Ипщэм щыIэ мамлюкхэм я деж нихьэса нэужь, абыхэм щыгъын фIыцIэ щатIагъэри я къуэшхэр ягъеижащ».

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: