IэпэIэсэГугъуэт-Иуан Бэллэ IэпэIэ-сэщ. Эпоксид сагъызым къыхещIыкI хьэпшып цIыкIуфэкIу гъэщIэгъуэнхэр. Абы нэмыщI, къэлътмакъ зэрыхъахэр и IэдакъэщIэкIщ. IэпэIэсэным хуеджакъым, атIэ езыр-езыру зыхуигъэсэжащ. Пэжщ, абыкIэ куэду сэбэп къыхуэхъуащ щыцIыкIум и анэшхуитIым зыхуагъэсауэ щытахэр. АнэшхуитIым Си анэшхуитIри IэпэIэсэхэт, сытми хуэIэкIуэлъакIуэу. Си адэмкIэ си анэшхуэм сызэрыцIыкIурэ сыбгъэдэсащ. Куэдым сыхуигъэсащ, игъащIэкIэ си гум изубыда Iущагъ куэд къыз-жиIащ. И Iэм дыщэ къыпощ, жыхуаIэм хуэдэт: цы зэрихъэрт, дэрт, хидыкIырт, шхыIэн-щхьэнтэхэри хуэщIырт. Си анэмкIэ си анэшхуэм и дей хьэщIапIэ сыкIуэрти, абыи сигъасэрт: цы зэрихъэрт, хидыкIырт. Сэ иджыри школым сыкIуатэкъым, си гуащэм фэилъхьэгъуэхэр щыхузэрысхъэм щыгъуэ. Си анэ шыпхъухэри адэ шыпхъухэри дэфырт. Абыхэми зыкъомкIэ садэплъеящ. Ауэ а псом си Iэ- пэхэр еса пэтми, хьэпшып щIэщыгъуэ гуэрхэр зэIусщэу, нэхъыбэм зезгъасэу, сызыIэпишэу сызэрелэжьрэ илъэс зыбжанэ хъууэ аращ. Япэ дыдэу сщIащ IункIыбзэ- хэр зыфIалъхьэ цIыкIухэр. Си анэм и лэжьапIэм здезгъэхьри, щIэхыу ящэхуащ, иджыри хуей щыIэуи къыщIэкIащ. ИтIанэ ручкэ гъэщIэрэщIа щIыным зеспщытащ. Мис ар къызэгугъуэкIащ, ауэ зи ужь сихьар зэзмыгъэхъулIэуи хъунутэкъым. Ручкэм и шакъэр иухмэ, нэгъуэщIкIэ зэпхъуэкI хъууэ щIын хуейт, армыхъумэ зымащIэкIэ уритхэу хыфIэбдзэжынумэ, мыхьэнэ иIэтэкъым. Илъэс ныкъуэ хуэдизынкIэ къэслъыхъуащ абы и Iэмалыр. Иджы апхуэдэ къалэмхэр куэдым сагъэщI, цIыкIухэм яфIэгъэщIэгъуэнщ. АтIэ фIыкъэ уи цIэр тетхауэ ручкэ да-хэ зепхьэну. Класс псом е гупжьейхэм зэщхьу яIэн папщIэ куэду щызагъэщI щыIэщ. Къалэм дэт тыкуэн зыбжанэм щIэлъщ си IэдакъэщIэкIхэр. Хьэпшыпхэр къызыхэсщIыкIыр Ручкэхэр, брелокхэр, мажьэхэр, сурэт игъэувапIэхэр, блокноттелъхьэхэр, тхьэгъухэр, пщэрылъхэр, Iэпщэхъухэр, нэгъуэщI цIыкIуфэкIухэри къыхызощIыкI эпоксид сагъыз жыхуаIэм. Сагъызыр зыIэрыбгъэхьэныр гугъуу къыщIэкIащ, республикэм зэрыщымыIэм къыхэкIыу. Ауэ абыи Iэмал иIэщ - «Озон», «Валдберис» интернет-сату щIыпIэхэмкIэ къызогъэхь. Ауэ ари зэ къебгъэхьу узыхуейм хуэдэу къыпхущIэмыкIынкIэ хъунущ. Ахэр лIэужьыгъуэ зыбжанэу зэщхьэщокI. КъыхэпщIыкIым елъытауэ, уи хьэпшыпым нэхъ езэгъынур бгъэунэхуу укъытеувыIэн хуейщ. И зэхэщIэкIэми нэсу зыщыбгъэгъуэзэн хуейщ. Сыту жыпIэмэ, ткIуаткIуэр щызэхэпщIэкIэ хэплъхьэхэр къыупщын хуейщ. Эпоксид сагъызым и щхьэхуэныгъэхэмрэ и зэхэщIэкIэмрэ ятеухуа тхыгъэ щхьэхуэхэм седжащ, интернетымкIэ зэрызагъасэ роликхэм сыщеплъащ. ЖармыкIэхэр, «Дея» сату щIыпIэм деж IэпэIэсэхэм я IэдакъэщIэкIхэр щагъэлъагъуэ жармыкIэ щрагъэкIуэкI хабзэщи, абы зрызогъэхьэлIэ, си хьэпшыпхэр щызощэ. Абхъаз утыкум хьэпшыпхэм я гъэлъэгъуэныгъэ къыщызэрагъэпэщмэ, абыи си IэрыкIхэр сохь. Куэд дэмыкIыу Налшык щекIуэкIынущ удз гъэгъахэм я фестиваль - ари сфIэгъэщIэгъуэнщ, сыхэтынущ. Къэлътмакъхэр Къэлътмакъ сщIыхэм хуэдэ нэхъ здэщыIэр Бразилиеращ. Абыи интернеткIэ зезгъэсащ, тынш дыдэуи къызэхъулIащ, дэн-зэрыхъэнхэм сызэрыхуэIэижьым и фIыгъэкIэ. Нэхъ сызэлIэлIар интернетым илъ ролик хуэдэхэм хамэбзэкIэ кIэщIэтхахэм къарыкIхэр къэзгъуэтынырщ. Сызыхуеджар Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым географием сыщыхуеджащ. Школым дыщыщIэсым ар сфIэфIт икIи хэсщIыкIырт. Университетми сыдихьэхыу сыщеджащ. Ауэ срилэжьакъым а IэщIагъэм. ЕджапIэ нэхъыщхьэр къыщызухым щыгъуэ, стажировкэ дагъэкIуат Налшык дэт школхэм ящыщ зым. ЩIэ гуэр къащIэну ехъуапсэу си гугъэу сызыхыхьа школакIуэхэр еджэну хуэмейуэ къысщыхъуащ, телефонхэр нэхъ я щIэщыгъуэт. А Iуэхугъуэм сIэпиудащ си гукъыдэжыр. Сабиигъуэр Сабиигъуэм епха си гукъэкIыжхэр хуабэщ. Иджырей цIыкIухэм ялъагъуркъым дэ диIа сабиигъуэм хуэдэ. Дэ дунейр зэрыдахэр къытфIэIуэхут, хадэм дихьэн тфIэфIт, дунейр щыуэфIым деж пщIантIэм дыщыджэгурт, ди адэ-анэм дадэIэпыкъурт, ди нэхъыжьхэм я чэнджэщхэр къытлъысырт. Таурыхъищ Си анэшхуэм хъыбар гъэщIэгъуэн куэд къызжиIэжу щытащ. И щIалэгъуэр зэрекIуэкIам, хабзэу яхэлъахэм, я IуэхущIафэу, къагъэсэбэпу щыта Iэмэпсымэхэм - куэдым, куэдым я гугъу къысхуищIырт. Сэри апхуэдэ хъыбархэмкIэ зызгъэнщIыртэкъым.
Поделиться:
Читать также:
05.05.2024 - 11:00 →
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек IутIыж махуэшхуэм теухуа и хъуэхъу
04.05.2024 - 14:38 →
Тэрчдэсхэр щогуфIыкI
04.05.2024 - 13:34 →
Гъуэгу махуэ тет мафIэгур
04.05.2024 - 11:18 →
Ди хъугъуэфIыгъуэхэм щIохъуэпс
04.05.2024 - 10:01 →
Гъунэгъу республикэм и махуэшхуэ
|