КъБР-м щыIэ МВД-м къетПцIым фIым ухуишэркъым КъБР-м щыIэ МВД-м экономикэ шынагъуэншагъэмрэ Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ и IэнатIэмрэ Урысей ФСБ-м и щIыналъэ управленэмрэ я лэжьакIуэхэм къэлъыхъуэныгъэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, илъэс 52-рэ зи ныбжь налшыкдэс цIыхубзым шэч хуащIащ ар гъэпцIагъэм пыщIауэ. Хабзэхъумэхэм къызэралъытэмкIэ, коммерческэ IуэхущIапIэхэм язым и унафэщIу, 2022 гъэм, Iуащхьэмахуэ районым автомашинэ гъуэгур зэрыщызэрагъэпэщыжамкIэ актхэр игъэхьэзыращ цIыхубзым, къагъэсэбэпа материалхэр, абыхэм хуэзэ уасэр дригъэуейщ, ямыгъэзэщIэхха лэжьыгъэхэри къыщигъэлъагъуэри. Муниципальнэ IэнатIэм абы къаIэригъэхьа тхылъхэм япкъ иткIэ Iуэхутхьэбзэхэм пэкIуэр иритащ. Жэуап ихьынущ Урысей МВД-м и Бахъсэн къудамэм 2023 гъэм фокIадэм и 11-м зыхуигъэзащ зи ныбжьыр илъэс 71-рэ хъу, ХьэтIохъущыкъуей къуажэдэсым. ЦIыхухъум жиIащ и банк счетым сом 54 679-рэ зэрырахар. Уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ къудамэм и лэжьакIуэхэм яубзыхуащ абы къедыгъуар унагъуэм я цIыхугъэ, илъэс 59-рэ зи ныбжь, Бахъсэн районым щыпсэур зэрыарар. ЦIыхубзым зиумысыжри, жиIащ хьэщIапIэ здэщыIэм банк картэм и пин-кодыр къызэрищIар. Ныбжь зиIэ цIыхухъур набдзэгубдзаплъэу зэрыщымытыр къигъэсэбэпри, и картэр къищтащ икIи абы илъ ахъ-шэр езыр зыхуей счетым игъэкIуащ. УАРДЭ Жантинэ.
Поделиться:
Читать также:
13.08.2026 - 10:50 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
13.08.2026 - 10:01 →
Лъэпкъым къыдекIуэкI хъугъуэфIыгъуэхэр
13.08.2026 - 09:05 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
12.08.2026 - 17:40 →
«Уи лъэпкъ хуэпщIэфынур хуэпщIа?»
12.08.2026 - 14:30 →
ЛъэужьыфIэ
| ||




