Тхыдэм и дерсхэмрэ гъэсэныгъэмрэ

• Егъэджэныгъэ

Тхыдэр зыкъомкIэ гъуджэм ещхьщ – абы щекIуэкIа Iуэхугъуэхэм дерс къыхыумыхмэ, къытрагъэзэж зэпытщ. БлэкIам къыщыхъуа игъуэджэхэм къамыгъэзэжын папщIэщ дерс къыщIыхахыр, тхыдэр щIаджыр. Арат къалэн нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжри «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэ» урысейпсо щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм иджыблагъэ къыхилъхьа жэрдэмым. Кавказыр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къызэрыIэщIахыжар, Къэбэрдей-Балъкъэрыр хуит къызэращIыжар илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу къызэрагъэпэщыну махуэщI Iуэхугъуэхэм япкъ иткIэ зэхагъэува программэ зэхэтым къегъэув курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ щIэс щIалэгъуалэм яIущIэныр, тхыдэ псалъэмакъхэр ядегъэкIуэкIыныр, щIэнIуатэхэм хэшэныр.

Апхуэдэу къыхэгъэщын хуейщ «Пэрытхэм я зэщIэхъееныгъэм» ящIыгъуу, мы жэрдэмыр гъащIэм хэпщэным теухуауэ лэжьыгъэшхуэ Тхыдэмрэ щэнхабзэмкIэ фэеплъхэр хъумэнымкIэ урысейпсо зэгухьэныгъэм и къудамэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэм, 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и цIэр зезыхьэ лъахэхутэ гупым лэжьыгъэшхуэ зэрырагъэкIуэкIыр.

Налшык къалэм дэт, Урысейм и ЛIыхъужь Трошев Геннадий и цIэр зезыхьэ 11-нэ курыт еджапIэм и 5-нэ классым икIи Абхъазым и ЛIыхъужь Науржан Ибрэхьим и цIэр зезыхьэ 1-нэ гимназием и 6-нэ классым щIэс ныбжьыщIэхэм драгъэкIуэкIа зэIущIэ гъэщIэгъуэныр а жэрдэмым хуэгъэпсат. ЗанщIэу къыхэгъэщын хуейщ – сабийхэм лэжьыгъэ хъарзынэ зэрыдрагъэкIуэкIым и щыхьэтт ахэр жаIэм яфIэгъэщIэгъуэну, куэдым щIэупщIэу зэредаIуэр. ЕтIуанэ Дунейпсо зауэм, пыухыкIауэ жыпIэмэ, Хэку зауэшхуэм, теухуа тхыдэ хъыбархэм щIэдэIуныр, ТекIуэныгъэр къэхьыным Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ зауэлIхэм хуащIа хэлъхьэныгъэр зыхуэдэм зыщыгъэгъуэзэныр, 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм къикIуа гъуэгуанэм ириплъэжыныр, егъэджакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, ныбжьыщIэ цIыкIухэм куэд щIауэ я хъуэпсапIэт. Апхуэдэ хъуапсэри абы къыхахат Налшык къалэм и Iэгъуэблагъэм ит бгылъэ щIыпIэхэм зыщаплъыхьыну щыдэкIым, егъэджакIуэхэм абдеж щекIуэкIа тхыдэ Iуэхугъуэхэм я гугъу ящIу къызэрызэщIаIэтам.

Псалъэм и хьэтыркIэ, еджакIуэ цIыкIухэм гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэхэм къриубыдэу зрагъэлъэгъуат 1942 – 1943 гъэхэм ди щIыналъэм щекIуэкIа зауэ гуащIэхэм епха щIыпIэ зыбжанэ. Апхуэдэу ныбжьыщIэхэм 1942 гъэм и бжьыхьэм Налшык – Орджоникидзе операцэр щекIуэкIа зауэ гъуэгухэм ирикIуат, зэхэуэ гуащIэхэр къыщыхъуа щIыпIэхэм зыщаплъыхьат. НэгъуэщIу жыпIэмэ, сабийхэм Нартеибгым къыщыщIадзэри, Дыгъужьыкъуей гъуэгужькIэ зэджэр зэпаупщIат, бгылъэхэм щхьэдэхыурэ Аушыджэр куэщI нэсыхункIэ кIуат. ЖыпIэнуращи, иджырей зэхуэсыр блэкIа Iуэхугъуэхэр къызэщIэзыкъуэж, зрагъэгъуэта щIэныгъэр зыгъэкуу икIи зезыгъэубгъу зэIущIэ хъуащ.

Нартеибгыр Налшык къалэм и Iэгъуэблагъэм ит щIыпIэ нэхъ лъагэ дыдэщ, дунейпсо хым метр 999-кIэ щхьэщолъагыкI. Налшык и Iэгъуэблагъэм зыкъезышэкI Мэзыкъуэм («Лесистый перевал») и щIыпIэхэм къыщыпкIухьыныр, зыщуплъыхьыныр нэгузегъэужь Iуэхуу зэрыщытым и мызакъуэу, узыншагъэр хъумэнымкIи, щIыуэпсыр зыхуэдэр зэбгъэщIэнымкIи, бгылъэрызекIуэхэм я къэухьым хэгъэхъуэнымкIи нэгъэсауэ щIэныгъэ хэхыпIэ ирокъу. Нартеибгыр Налшык километритхукIэ пэжыжьэщ, ауэ абы и щыгум утету езы къалэри, Кэнжи (Къуэшыркъуей), Хьэсэнеи (ЩауапцIей), Белая Речки (ПсыкIэху) хуиту болъагъу, Къуршытхми (Скалистый хребет), Безенги джабэми (Безенгиевская стена), Къазбэчыбгми (Казбек) унэплъысыну Iэмал щыIэщ. Нартей Iуащхьэбгым уикIыу Кизиловкэ Ин (Зеикъуэшхуэ) щыгум укIуэфынущ. Нартеибгым нэс удэкIыу укъэкIуэжыным километрипщI гъуэгуанэ дэлъщ, умыпIащIэурэ, хуэмурэ укIуэмэ, сыхьэти 4 – 5-кIэ пхуэкIунущ.

Лъахэхутэ гупым я пашэ Заруцкий Олег къыхуеблэгъа сабийхэм яхуиIуэтащ Налшык яхъумэн щхьэкIэ, Плъыжьыдзэми цIыху къызэрыгуэкIхэми зэрахьа лIыгъэм и хъыбарыр, жэщ-махуэ ямыIэу балигъи сабии бийм пэщIэту щхьэж лъэкIыр ТекIуэныгъэм хилъхьэу зэуапIэм зэрыIутар. Апхуэдэу лъахэхутэхэр тепсэлъыхьащ Зеикъуэшхуэ, Зеикъуэ цIыкIу, Нартей Iуащхьэбгым, Хьэсэней къуажэм и Iэгъуэблагъэхэм блэкIа бжьыхьэм къыщагъуэта хьэпшыпыжьхэм, абыхэм Налшык – Орджоникидзе операцэр зэрекIуэкIа щIыкIэм и щэху куэд къаIуэтэфыну зэрыщытым.

Къэбэрдей-Балъкъэрыр бийм къаIэщIэхыжыным хуэгъэпсауэ щыта а зауэм ипкъ иткIэ 1942 гъэм и бжьыхьэм Нартеибг щыгум советыдзэм и плъырыпIэ трагъэуват. Абы пIалъэкIэ икIуэтын хуей хъу 37-нэ дзэм и щIыбагъыр ихъумэну и къалэнт. ЩIым къыщIахыж, мэзылъэ куухэм къыщагъуэтыж щIэинхэр а зауэр гуащIэу зэрекIуэкIам щыхьэт тохъуэ. Апхуэдэу Заруцкий Олег и гугъу ищIащ Курп лъагапIэхэм 1942 гъэм щекIуэкIа зэхэуэми, 317-нэ фочауэ дивизэр бжыгъэкIэ фIыуэ нэхъыбэ биидзэм псэемыблэжу зэрыпэщIэтами. А зауэм ехьэлIа фэеплъ хьэпшыпыжьу Май, Тэрч щIыналъэхэм къыщагъуэтыжахэри сабийхэм яригъэлъэгъуащ.

НыбжьыщIэхэр зэIущIэм зэрыпэплъар, тхыдэр зэрафIэгъэщIэгъуэныр зыщIэупщIэ Iуэхугъуэхэр куэд зэрыхъум къагъэлъагъуэрт. Лъахэхутэхэми лъэкI къагъэнакъым упщIэхэм жэуап иратын, къаIуатэ гупсысэхэр нэрылъагъу ящызыщIын щапхъэрэ хьэпшыпыжьхэмрэ ирагъэлъагъун папщIэ.

115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и цIэр зезыхьэ лъахэхутэ гупым ди щIыналъэм лэжьыгъэшхуэ щрегъэкIуэкI, Хэку зауэшхуэм и тхыдэм епха Iуэхугъуэхэр щIэблэм яIэщIэмыхун папщIэ, узэщIакIуэ-щIэныгъэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэ куэд зэхешэ. Абыхэм я жэрдэмкIэ щIалэгъуалэр блэкIа зауэм и тхыдэм епхауэ Кавказ Ищхъэрэм щыIэ щIыпIэхэм яшэ, зэуапIэхэр ирагъэлъагъу, фэеплъхэм нэIуасэ хуащI, Iэнэ хъурейхэр, щIэныгъэ зэIущIэхэр, дерс зэIухахэр ирагъэкIуэкI. Налшык къалэм дэт курыт еджапIэхэм щыщ цIыкIухэм драгъэкIуэкIа зэIущIэри абыхэм языхэзщ.

«Ди къалэн нэхъыщхьэр къытщIэхъуэ щIэблэм я зэхэщIыкIыр къэIэтынырщ, мамырыгъэмрэ зэгурыIуэмрэ нэхъыщхьэ зэрыщымыIэр къагурыдгъэIуэнырщ. БлэкIа зауэм кърикIуахэр дерсщ. Абы иригъуэзэныр Iэмал зимыIэщ. Ди лэжьыгъэр зэрыдунэтIри аращ – блэкIам и напэкIуэцI хьэлъэ дыдэхэм къытрамыгъэзэжын щхьэкIэ, хэгъэгупсэрэ гупсысакIуэу гъэсэнырщ. Къалэн зыщытщIыжа Iуэхугъуэхэр зэкIэ къыдэхъулIэу къысщохъу», – жиIащ Заруцкий Олег.

Мыпхуэдэ зэIущIэхэр щIалэгъуалэр хэкупсэу къэгъэтэджыным, лъэпкъ зэгурыIуэм и мыхьэнэр къэIэтыным, гуманизмэм и хабзэхэм щIэблэр щIэпIыкIыным зэрытелажьэм къыхэкIыу, тхьэмахуэ къэс ирагъэкIуэкIыну егъэджэныгъэм пыщIа IуэхущIапIэхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ ягурыIуащ.

ЩХЬЭЩЭХУЖ Инал.

Поделиться:

Читать также: