13.05.2024, 17:30 - Щэнхабзэ

КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и фонд Вэрокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэм зэIущIэ щекIуэкIащ, КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэщауэ. Ар теухуауэ щытащ Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Ин къызэрыщахьрэ мы гъэм илъэс 79-рэ зэрырикъум. Ар къызэригъэпэщащ.

13.05.2024, 15:21 - Жылагъуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Мамырыгъэм и жьэгур Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и бзыпхъэщ» зыфIаща V щIыналъэ зэхуэсыр. Ар теухуат къаугъэ къыхэмыкIыу, псалъэкIэ щытыкIэ гугъухэр зэрызэблагъэкI щIыкIэхэм щIалэгъуалэр хуэущииным, дипломатие хабзэхэр, политикэ дунейм и мызакъуэу, гъащIэми цIыхухэр зэгурызыгъаIуэ IэмалыфIу зэрыщыщытым фIэщхъуныгъэ хуегъэщIыным.

13.05.2024, 12:10 - Жылагъуэ

5-нэ Iыхьэ.  Сэри сыкъэщтащи, адэкIэ къэхъунум сышынапэурэ сыпоплъэ. - Ар уэ уи къуэнша…

12.05.2024, 13:02 - Жылагъуэ

Нэмыцэхэм я лъэсырызекIуэ полкищрэ танк дивизэрэ зэтезыкъутауэ щыта 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хэ­тахэр хахуэу щыхэкIуэда Мартыновскэ районымрэ (Ростов щIыналъэм щыщщ) ди республикэмрэ зэпыщIэныгъэ дахэхэр зэ­хуаIэщ.

12.05.2024, 12:58 - Жылагъуэ

ХамэщIым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм ящыщу адэжь лъахэм ­къихьэжа адыгэ щIалэгъуалэм ядэлэжьэныр, абыхэм я Iуэху зытетым зыщыгъэгъуэзэныр, я еджэныгъэр зэрекIуэкIым кIэ­лъыплъыныр, я лэжьыгъэр зэрызэтеувэм и нэIэ тегъэтыныр Дунейпсо Адыгэ Хасэм зыхуигъэувыж къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ.

11.05.2024, 15:33 - Жылагъуэ

Адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къыддекIуэкI хабзэ дахэр, лъэпкъ нэмысыр дуней псом щыцIэрыIуэщ. А фIы­гъуэхэм я къежьапIэщ нэхъы­жьыфI зэрыс, абы и псалъэм Iулыдж, пщIэ щиIэ адыгэ уна­гъуэр.

11.05.2024, 12:13 - Жылагъуэ

Белорус тIасхъэщIэххэмрэ абыхэм яхэта ди хэкуэгъухэмрэ.   Зэманри зыпэмылъэщ Iуэху­гъуэшхуэхэр тетщ мы дунейм. КIуэ пэтми нэхъ IупщIу зыхыбощIэ абыхэм я инагъыр, цIыху­бэм и къэкIуэнум папщIэ мы­хьэнэуэ яIар. Апхуэдэхэм ящыщщ 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэр. 

10.05.2024, 16:04 - Спорт

ТекIуэныгъэ Иныр къызэрахьрэ илъэс 79-рэ зэрырикъур ягъэлъапIэу кикбоксингымкIэ щIыналъэхэм я зэхьэзэхуэ ­Невинномысск къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Къалмыкъым я спортсмену 500-м щIигъу.

10.05.2024, 12:36 - Щэнхабзэ

Абы щыгъуэ дзэм къулыкъу щыс­щIэрт, университет нэужьым армэм сраджауэ. Дагъыстэным щIыр щы­хъейри къулейсызыгъэ зыкъом къахуихьати, гузэвэгъуэ хэхуа цIыхухэм ядэIэпыкъуну кIуахэм ящыщт сэ сы­зыхэхуа частри. Нэхъыбэу дызэ­лэ­жьыр ухуэныгъэ зэхэкъутахэр зэфIэ­гъэу­вэжынырт. Дауи, пхужыIэнутэкъым дызыхуей дыхуэзэу. Жэщым дыщыжеин дгъуэтрэ ерыскъыкIэ лей къыттемыхьэмэ, къэтлъыхъуэшхуи щы­­Iэ­тэкъым. Дыкъыщыдэхуэ тIэкIу­хэм деж щхьэж и щхьэ зэрыхутегъэужт.

 

 

ОСТАЛЬНЫЕ РУБРИКИ

Спорт
29.04.2022 - 17:21 | 👁 17

Подробности...

Я махуэшхуэм теухуа зэпеуэ

 Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ и IэнатIэмрэ мафIэсым хэхуахэр къегъэлыным епха спортымкIэ я республикэ зэхьэзэхуэм кърикIуахэр...
Жылагъуэ
29.04.2022 - 16:30 | 👁 15

Подробности...

Я лэжьыгъэм сыт щыгъуи хуэхьэзырщ

Урысей МВД-м и Управленэу Налшык къалэм щыIэм щекIуэкIащ 2022 гъэм и япэ мазищым я лэжьыгъэм кърикIуахэр щызэхалъхьэжа, къапэщыт къалэныщIэхэр щаубзыхуа зэIущIэ. 
Махуэгъэпс
29.04.2022 - 15:51 | 👁 19

Подробности...

Зыужьыныгъэм и джэлэс

Гъатхэмрэ Лэжьыгъэмрэ я махуэшхуэр къэрали 140-м щIигъум щагъэлъапIэ.
Жылагъуэ
29.04.2022 - 14:26 | 👁 41

Подробности...

Узыфэ шынагъуэм зэрызыкъуигъащIэ щытыкIэхэр

Дон Iус Ростов къалэм Лышх узыфэхэмкIэ и медицинэ къэхутакIуэ IуэхущIапIэм и дохутырхэм къыдагъэкIащ «Лъатэр лышхым зэриубыдам щыхьэт техъуэ щытыкIэхэм» теухуа тхылъ. Мы узыфэ лIэужьыгъуэр дуней псом...
Спорт
29.04.2022 - 12:17 | 👁 9

Подробности...

Махуэшхуэм ирихьэлIэу

Тэрч къалэ дэт Гагарин Юрий и цIэр зезыхьэ стадионым щекIуэкIащ Урысей Федерацэм и прокуратурэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 300, Къэбэрдей-Балъкъэрым и прокуратурэр илъэси I00 зэрырикъум теухуа футбо
Жылагъуэ
29.04.2022 - 11:15 | 👁 31

Подробности...

Зи зэфIэкIыр лъагэхэр, Iэзагъышхуэ зыхэлъхэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм и «Медицинэ дэIэпыкъуэгъу псынщIэм» и лэжьакIуэхэм я IэщIагъэм и махуэмкIэ ехъуэхъуащ.
Жылагъуэ
29.04.2022 - 10:14 | 👁 15

Подробности...

Я псэ емыблэжу, лIыгъэ къагъэлъагъуэу

 Мэлыжьыхьым и 26-р Радиацэ къэхъукъащIэхэм я зэранкIэ дунейм ехыжахэм я фэеплъ махуэщ. Илъэс 36-рэ ипэкIэ Чернобыль АЭС-м гузэвэгъуэшхуэ къыщыхъуат. 
Махуэгъэпс
29.04.2022 - 09:48 | 👁 27

Подробности...

Нобэ

Къафэм и дунейпсо махуэщ
Жылагъуэ
28.04.2022 - 15:45 | 👁 15

Подробности...

Щхъуэмчжыгым сыт жиIэр?!

1) ЩIэныгъэлIхэм къапщытащ гъатхэм и хуабжьагъыу къызэрыблагъэр зыхуэдэр. КъызэрыщIэкIамкIэ, зы жэщ-махуэм ар километр 50 и псынщIагъыу къокIуэ.
Тхыдэ
28.04.2022 - 14:43 | 👁 32

Подробности...

ЖьыукI Хасэ

Нарт эпосым къыхэщ хасэ лIэужьыгъуэщ, жьы хъуар зэраукIыжын унафэ къыщащтэу.
Жылагъуэ
28.04.2022 - 13:41 | 👁 13

Подробности...

Адрейхэм куэдкIэ къахощ

Сыт хуэдизу тыркухэм къыдамыкъузами, я бзэкIэ псэлъэну хуит ямыщIами, я хасэхэр мызэ-мытIэу зэхуащIыжами, адыгэхэр адрейхэм лIыгъэкIи, нэмыскIи, къабзагъэкIи, щIэныгъэкIи, Iуэху зехьэкIэкIи къахолы
Жылагъуэ
28.04.2022 - 13:00 | 👁 10

Подробности...

Москва зыхъумахэр

 Ди къэралым и цIыхухэм яхэткъым Хэку зауэшхуэм и дыдж зыхэзымыщIа.
Литературэ
28.04.2022 - 12:55 | 👁 19

Подробности...

ШэмыгъапцIэ жэщ

Iуэтэж
Жылагъуэ
28.04.2022 - 12:00 | 👁 48

Подробности...

Зауэм и бынхэр

  Хэку зауэшхуэм щыщIидзам си ныбжьыр илъэси 8 ирикъуати, сощIэж а зэманым екIуэкIар. Япэ махуэхэм къытщыхъуащ зауэр дэ къытлъэмыIэсыну.
Спорт
28.04.2022 - 11:31 | 👁 12

Подробности...

Урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтынухэр

Налшык дэт «Спартак» стадионым щекIуэкIащ Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэхэм ребги 7-мрэ (зи ныбжьыр илъэс 18 иримыкъуахэм) регбимкIэ (зи ныбжьыр илъэс 16 иримыкъуахэм) зэхьэзэ
Спорт
28.04.2022 - 11:00 | 👁 6

Подробности...

Командэ нэхъыщхьэм ирагъэблагъэ

Тэтэрстаным и къалащхьэ Къэзан щекIуэкIащ масс-рестлингымкIэ цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ я Урысейпсо чемпионат. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ 32-м икIа спортсмен 200-м шIигъу.

Страницы