Командэ нэхъыщхьэм ирагъэблагъэ

Тэтэрстаным и къалащхьэ Къэзан щекIуэкIащ масс-рестлингымкIэ цIыхухъухэмрэ цIыхубзхэмрэ я Урысейпсо чемпионат. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ 32-м икIа спортсмен 200-м шIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу чемпионатым зыкъыщызыгъэлъэгъуа спортсмениблым иужьрей илъэсиплIым ди республикэм ямыIа ехъулIэныгъэ къахьащ.
ЦIыхухъухэм я деж дыжьын медаль щызыIэригъэхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и мас-рестлер нэхъ лъэщ Схвитаридзе Тамерлан. Домбеякъыр къихьащ Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм мас-рестлингымкIэ япэу спортым и мастер хъуа Къардэн Тимур.
ЦIыхубзхэм я зэхьэзэхуэм килограмм 85-рэ зи хьэлъагъхэм я гупым хэтащ Урысей Федерацэм а спорт лIэужьыгъуэм щынэхъ лъэщхэм ящыщ, Европэм и чемпион, Дунейпсо кубокыр къэзыхьа КъуэщIысокъуэ Кристинэ. Иджырей зэпэщIэтыныгъэм абы къыщыхуэхьар дыжьынырщ.
Ди спортсменхэр игъэхьэзыращ КъБР-м и командэ къыхэхам и тренер нэхъыжь Гъубж БетIал.
Тэтэрстаным и къалащхьэм къыщыхэжаныкIахэр къэралым и командэ къыхэхам ирагъэблэгъащ.

Мэзкуу Къан.
Поделиться:

Читать также: