|
Календарь событий
26 июля 2019
26 июля, 2019 - 08:20
Унагъуэ куэд зыщыгуфIыкIыну закон
УФ-м и Къэрал Думэм къыщащтащ урысей унагъуэ куэд зыщыгуфIыкIыну закон. ЦIыхур псэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуейм хуэдитI дэтхэнэми лъысу къызыхэмыхъуэ унагъуэхэм я япэ, етIуанэ сабийхэр илъэсищ ирикъухукIэ ахъшэ етынырщ ар зытеухуар.
26 июля, 2019 - 08:17
Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым щыпэщIэт-къегъэлакIуэ IуэхущIапIэм и къэлъыхъуакIуэ-къегъэлакIуэ гупым бадзэуэгъуэм и 16-м сыхьэт 20-м хъыбар къыIэрыхьащ Бахъсэн районым хыхьэ Зеикъуэ къуажэм щыщ цIыхубзыр зэрыкIуэдамкIэ.
26 июля, 2019 - 08:15
«Стены без наркотиков» фIащауэ Налшык къалэм 2019 гъэм и гъатхэпэ-бадзэуэгъуэ мазэхэм щрагъэкIуэкIащ наркотикхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ зэращэ Iэмалхэм зэрапэщIэт Iуэху. А пIалъэм къриубыдэу псэупIэ, IуэхущIапIэ унэхэм я блынхэм трагъэкъэбзыкIащ наркотикхэр зыщэхэм я телефонхэмрэ сайтхэмрэ.
26 июля, 2019 - 08:10
«Эльбрус» тхылъ тедзапIэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 90 ирикъуащ. А зэман кIыхьым къриубыдэу абы сыт хуэдэ увы-пIэ щиIыгъа ди республикэм и гъащIэм, иджы и Iуэху зытетхэр сыт?
26 июля, 2019 - 08:10
«Эльбрус тхылъ тедзапIэм и унафэщIу илъэс 12-кIэ, 1977 - 1989 гъэхэм, лэжьа тхакIуэ, ди нэхъыжьыфI Къэрмокъуэ Хьэмид зыхуэдгъэзащ а IуэхущIапIэм щыщыIа илъэсхэм я гугъу къытхуищIыну.
26 июля, 2019 - 08:06
Адыгэ Тенджыз (Мэржэхъу Мухьэмэд) Дзэлыкъуэ щIыналъэм щыщ Дзэлыкъуэ къуажэм 1943 гъэм накъыгъэм и 5-м къыщалъхуащ.
26 июля, 2019 - 08:02
Хьэкъарэ Зулчифрэ сэрэ Iэджэ щIауэ дызэныбжьэгъут. Ауэ ди унагъуэхэр зэкIэлъыкIуатэкъым.
Тхьэмахуэ махуэ гуэрым си щхьэгъусэ Жануэсрэ сэрэ Хьэкъарэхэ драгъэблагъэри дагъэхьэщIащ. Джэд тхуаукIащ. Дагъэтхъащ. Iыхьэлейм икIауэ ди нэгу зрагъэужьащ. Нэжэгужэ дыдэуи дыкърагъэжьэжащ.
26 июля, 2019 - 08:00
ЦIыху цIэрыIуэхэмкIэ бейщ Зэрэгъыж къуажэр. Абыхэм ящыщ зыщ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Олимп чемпион (2000 гъэм), Дунейпсо кубокыр щэнейрэ къэзыхьа (1992, 1995, 1997 гъэхэм), Европэм щытекIуа (1998 гъэ), иджы Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат.
|