Календарь событий

31 августа 2021

Гъуэгухэр ухуэным, пенсионерхэмрэ еджакIуэхэмрэ хухаха ахъшэхэр етыным теухуауэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ гъуэгухэр ухуэным, апхуэдэуи Урысейм и Президент Путин Владимир игъэува социальнэ ахъшэхэр пенсионерхэмрэ еджакIуэхэмрэ республикэм щытыныр къызэгъэпэщыным ехьэлIа Iуэхухэм щытепсэлъыхьа зэIущIэ.

КъэкIыгъэ дунейр къэзыхутэ щIэныгъэ зекIуэхэр

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, къэкIыгъэхэм я жылащхьэмрэ генетикэ къэхутэныгъэхэмкIэ Вавилов Николай и цIэр зезыхьэ Урысейпсо щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым, Кведлинбург къалэм дэт, къэкIыгъэ IэрысэхэмкIэ Кюн Юлиус и цIэр зезыхьэ щIэныгъэхутэ институтым я IэщIагъэлIхэм зэгъусэу ирагъэкIуэкIа щIэныгъэ зекIуэхэм кърикIуа Iуэхугъуэхэм щыхэплъэжа зэхуэс иджыблагъэ КъБКъУ-м щекIуэкIащ.

Нобэ

♦УФ-м щагъэлъапIэ ветеринарым и махуэр
♦Къыргъызстаным и щхьэхуитыныгъэм и махуэщ.
1991 гъэм абы теухуа унафэ къищтащ Къыргъыз Республикэм и Совет нэхъыщхьэм.
Молдовэм щагъэлъапIэ я анэдэлъхубзэм и махуэр. 1989 гъэм молдаванхэм я бзэр латин тхыкIэм техьащ икIи ар къэралыбзэу а щIыналъэм щагъэуващ.
Польшэм Зэкъуэтыныгъэмрэ Хуитыныгъэмрэ щамахуэщ
Узбекистаным ягу къыщагъэкIыж политикэ залымыгъэ кIэлъызэрахьэу ягъэкIуэдахэр

Дахагъэм, гуапагъэм, мамырыгъэм я джэлэс къалэ

Нобэ дгъэлъапIэ махуэшхуэхэм ящыщщ Налшык къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 297-рэ зэрырикъур. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къалащхьэм и тхыдэр жыжьэ къыщожьэ. 1724 гъэм иджы къалэм иубыд щIыпIэм къэбэрдеипщ нэхъ лъэрызехьэхэу Къетыкъуэ Аслъэнбэч, Тэтэрхъан Жамбот, Жанхъуэт Кушыку сымэ я жылэхэр щысу щытащ. Лъэхъэнэм зыдихъуэжурэ 1921 гъэм а щIыпIэр къалэ хъуащ, итIанэ Къэбэрдей-Балъкъэр автоном областым и центрщ, I936 гъэм дыгъэгъазэм и 5-м КъБАССР-м и къалащхьэу яубзыху, 1991 гъэ лъандэрэ Налшык Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэщ.

Ди республикэм мэкъумэш IэнатIэмрэ туризмэмрэ зыщаужь

Иджыблагъэ ди лъахэм къыщызэIуахащ технологиещIэхэмкIэ узэда пхъэщхьэмыщхьэ хъумапIэрэ иджырей турист комплекс инрэ. Проектхэр ягъэзэщIащ «Агрохолод», «Верхние Голубые озера» АО-хэм, абыхэм я дэIэпыкъуэгъуу щытащ «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр», «Корпорация развития КБР» АО-хэр.

Зытх Iэмэпсымэхэм къахэхъуащ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэр къызэрызэпаудар зытх Iэмэпсымэу иджыри 8 щагъэуващ.
    КъБР-м щыIэ МВД-м и Къэрал автоинспекцэм къызэритымкIэ Iэмэпсымэхэр щагъэуващ икIи щатх мы щIыпIэхэм:
ЯIыгъын хуей хуабжьагъым щыщIрагъэгъур щатх мы щIыпIэхэм деж щагъэувахэм: «Владикавказ – Ардон – Чикола – Лэскэн – Ерокъуэ - Лэскэн ЕтIуанэ» гъуэгум (Лэскэн ЕтIуанэ, Лениным и уэрам, «Кавказ» федеральнэ гъуэгум къыщыдыхьэ лъэныкъуэмкIэ);
- «Прохладнэ - Елъхъуэт» Р-290 гъуэгум (Прохладнэ къалэ, «Кавказкабель»-м и Iэшэлъашэм );

КъэзыцIыхуу щытахэм ящыгъупщэркъым

Скульптор Iэзэ Уэзы Заурбэч 1931 гъэм Налшык къалэм къыщалъхуащ. I958 гъэм абы къиухащ Саратов дэт художественнэ училищэр. Абы щыщIэдзауэ РСФСР-м и Художественнэ фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм скульптору щылэжьащ. I974 гъэм Урысейм и художникхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьащ.

Гъубжокъуэ Данеттэ и IэщIагъэм хуэпэжщ

ГъащIэм дыщрохьэлIэ ди щIэныгъэр, зэфIэкIыр, шыIэныгъэр икIэщIыпIэкIэ къэдгъэсэбэпыну къыщытхуихуэ къэхъугъэ, а щытыкIэм дыкъызэрикIымкIэ Тхьэм дигъэунэху щIыкIэу. Зэраубзыхуам тету Налшык - Москва авиарейсым уафэгум зыщиIэта щхьэкIэ, абы ис псори зыпэмыплъа гузэвэгъуэ къалъыкъуэкIащ – кхъухьлъатэм ис бзылъхугъэм и узыншагъэр зэуэ къызэIыхьащ икIи напIэзыпIэм ар дэIэпыкъуэгъу псынщIэ хуэныкъуэ хъуащ.